НэхъыжьыфIыр ягъэлъапIэ

         Мы мазэм и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу щIыналъэм и медицинэм зегъэужьыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа, РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я дохутыр, 1970 - 1996 гъэхэм КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру лэжьа Бер Мухьэдин. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм абы теухуа зэIущIэ гуапэхэр къызэригъэпэщащ.

         Ахэр щекIуэкIащ Медицинэ технологие лъагэхэмкIэ республикэ центрым, Налшык дэт къалэ сымаджэщ №2-м,  УнэтIыныгъэ куэду зэхэт республикэ сабий клиникэ центрым, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэм,  Лышх узыфэхэм щеIэзэ диспансерым. Абыхэм хэтащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр, дохутырхэр, Бер Мухьэдин и Iыхьлыхэр, КъБКъУ-м и медицинэ академиемрэ колледжымрэ я студентхэр, курыт школхэм  я химие-биологие классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр.

         ЗэIущIэхэм щытепсэлъыхьащ илъэс 26-кIэ министр къулыкъум пэрыта Берым республикэм и медицинэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зэфIиха лэжьыгъэхэм, апхуэдэуи зыпэрыта нэгъуэщI Iуэхухэми къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIхэм. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ IэщIагъэлI нэсу, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу, жэуаплыныгъэ зыхэлъ лэжьакIуэшхуэу зэрыщытар, а лъэхъэнэм щIыналъэми медицинэм иIа зыужьыныгъэри, ехъулIэныгъэри а лIы щэджащэм куэдкIэ и фIыщIэу зэрыщытыр. Пшыхьым щагъэлъэгъуащ илъэс зэхуэмыдэхэм Мухьэдин хэту ягъэхьэзыра нэтынхэм щыщ пычыгъуэхэр, Берхэ я унагъуэ архивым хэлъ сурэтхэр.

         Мухьэдин и щхьэгъусэ Марие, я щIалэхэу Маратрэ Тимуррэ  зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм я унагъуэм, лъэпкъым  къыбгъэдэкIыу фIыщIэ хуащIащ.

         - Мухьэдин илъэс 26-кIэ министр къулыкъум пэрытащ, ауэ илъэс 28-рэ мэхъу ар IэнатIэм къызэрыпэрыкIыжрэ, - жиIащ Марие. -  Апхуэдиз зэман дэкIыжами, фщыгъупщакъым, и IуэхущIафэхэм, и зэфIэкIым хуэфэщэн пщIэ къыхуэфщIащ. Дэтхэнэ зы зэIущIэми техуа видеохэр идогъэлъагъуж, икъукIэ гуапэ щохъу апхуэдэ гулъытэр, гушхуэныгъэ кърет икIи мы Iуэхум хэт псоми фIыщIэ къыфхуещI.

         Зэхыхьэхэм и къызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ щIалэгъуалэм дежкIэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, медицинэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа нэхъыжьыфIхэм я зэфIэкIыр  щапхъэ яхуэхъуу, езыхэри ехъулIэныгъэхэм хущIэкъунымкIэ щхьэпэ зэрыхъунур.

         ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

Читать также: