ЦIыху гъуэзэджэ, дохутыр нэс

Дэтхэнэ зы цIыхуми и зыужьыныгъэр, абы гъащIэм щыпхишыну гъуэгур ар къыщалъхуа щIыналъэм, къэзыухъуреихь цIыхухэм зыкъомкIэ елъытащ. Мы ди тхыгъэр зытедухуа цIыху акъылыфIэр, IэщIагъэлI гъуэзэджэр, ныбжьэгъу пэжыр икъукIэ щIыпIэ дахэм икIи угъурлым щитIысыкIа Урыху (Къуэгъуэлъкъуей) адыгэ къуажэшхуэ пхыдзам щыщ къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ.

АфIэунэ Лэмэн и къуищым я нэхъыжьыр Анатолэт, ар сыт и лъэныкъуэкIи и къуэш нэхъыщIитIым щапхъэ яхуэхъурт. И сабиигъуэри и щIалэгъуэри Урыху къуршыпс уэрым и ижьырабгъу Iуфэмрэ къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщылъ мэзышхуэмрэ я зэхуакум щыукъуэдияуэ цIыху минихым нэблагъэ зыдэса жылэ угъурлым щигъэкIуащ абы, еджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу АфIэунэм 1952 гъэм жылэм дэт курыт еджапIэр къиухащ. И щIэныгъэм пищэну мурад щищIым, зригъэгъуэтыну IэщIагъэр къыхиха хьэзырти, Осетие Ищхъэрэм и къалащхьэм (Орджоникидзе) дэт дохутыр IэщIагъэм щыхурагъаджэ институтым щIэтIысхьащ. 1958 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Институт нэужьым и къуажэм къигъэзэжри, абы дэта дохутыр участкэм и унафэщIу лэжьэн щIидзащ икIи а IэнатIэм илъэсиплIкIэ пэрытащ. Лэжьыгъэшхуэ щызэфIигъэкIащ абы АфIэунэм. А зэманым къриубыдэу Анатолэ сымаджэщ унэжьым и пIэкIэ къуажэкум деж щIэуэ дригъэщIыхьащ икIи зыхуеину хьэпшыпхэмрэ IэмэпсымэхэмрэкIэ къызэригъэпэщащ. ХузэфIэкI къигъэнакъым сымаджэхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ.

Къуажэдэсхэр хуабжьу къыхуэарэзыт, фIыуэ ялъагъут, езыри теплъэкъукI имыIэу, псэемыблэжу лажьэрт, зыпэрыт IэнатIэр дагъуэншэу зэригъэзэщIэнум хущIэкъут. И лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэр къалъытэри, адэкIи и зэфIэкIым храгъэгъэхъуэн папщIэ 1962 гъэм АфIэунэ Анатолэ Ленинград дэт клиническэ ординатурэм ягъэкIуащ. Абы кIуэн и пэ къихуэу ар егупсысащ медицинэ и унэтIыныгъэхэм щыщу нэхъ куууэ зызыщигъэгъуэзэнум, ечэнджэщащ и адэмрэ абы и къуэшхэмрэ. Анатолэ и адэм мыпхуэдэу къыжриIащ: «Уэри зэрыпщIэщи, си щIалэ, узыфI щыIэкъым. Сыт хуэдэ узыфэри бгъэхъужыным мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи псапэщ, ауэ псом хуэдэкъым нэм еIэзэныр. Арагъэнщ адыгэхэм, «Нэм япэ псэр ихуэ» щIыжаIэр. Сэ сызэреплъымкIэ, нэ дохутыр IэщIагъэр къыхэпхмэ, ущIемыгъуэжын хэудэу къысфIощI». Арати, АфIэунэр илъэситIкIэ а IэщIагъэм хуеджэжащ.

1964 гъэм ординатурэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри и лъахэм къигъэзэжащ икIи Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. Абы лъандэрэ илъэс щэныкъуэм нэблэгъащи, и зэфIэкIым хэхъуэу, зыхэт гупым я деж сыткIи щапхъэу, пщIэрэ нэмысрэ къыхуащIу а къудамэм щолажьэ. Япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ IэщIагъэлI нэсу зыкъэзыгъэлъэгъуа АфIэунэр 1969 гъэм къудамэм и унафэщIу ягъэуващ икIи 2006 гъэ пщIондэ щIыхь пылъу а къалэныр игъэзэщIащ. И лээжьыгъэфIхэм папщIэ абы и цIэр куэдрэ фIыкIэ къраIуащ. Адрей псори къызогъанэри, сыт и уасэ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, РАН-м и академик, дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлI Чазовым Евгений абы хужиIа псалъэхэр? Дохутырхэм я зэхуэсышхуэм къыщыпсалъэу абы жиIэгъащ: «АфIэунэ Анатолэ Лэмэн и къуэм хуэдэ дохутыр Iэзэ фиIэу фи сымаджэхэр Москва нэс ныщIэвгъэкIуэн щыIэкъым. Псом хуэмыдэу, апхуэдэ гъуэгуанэр хьэлъэщ зи нэхэм фIыуэ ямылъагъу сымаджэхэм дежкIэ».

Зэрылажьэм хуэдэурэ АфIэунэм Ставрополь къалэм аспирантурэр къыщиухащ, и диссертацэр абы щыпхигъэкIри медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. И лэжьыгъэфIхэрщ къызыпэкIуар АфIэуэнэм къыфIаща цIэ лъапIэри. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и дохутырщ. КъыфIаща цIэ лъапIэмрэ кърата дамыгъэхэмрэ АфIэунэм щIыхь пылъу и лэжьыгъэм щигъэпэжащ. Къэралым къыхуищIа гулъытэхэри, шэч хэмылъу, лъапIэщ, ауэ цIыхубэм къыхуаIэ фIылъагъуныгъэр, къыхуащI пщIэр, кърагъэз дзыхьыр куэд и уасэщ.

АфIэунэр нэм щеIэзэ къудамэм и унафэщIу щыщытам, абы мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн куэд зэфIигъэкIащ. Апхуэдэу ар университетми медколледжми япыщIат, студентхэм лэжьыгъэ и пIалэ Анатолэ и деж зыщыхагъэгъуазэт, район сымаджэщхэм щыIэ нэм щеIэзэ къудамэхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэр зригъащIэрт, сыт и лъэныкъуэкIи абыхэм чэнджэщэгъуи дэIэпыкъуэгъуи яхуэхъурт. Тхьэмахуэм зэ поликлиникэм сымаджэхэм щахуэзэу илъэс 37-кIэ дагъуэншэу лэжьащ.

АфIэунэр къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэу зэрыщытыр иджыри зэ наIуэ ищIауэ щытащ 1969 гъэм нэм щеIэзэ къудамэм и унафэщIу щагъэува зэманым. Къудамэм хьэпшып щIагъуэ щIэттэкъым зэхъуэкIын хуэмейуэ, тепIэнщIэлъынхэр лэжьат, щхьэгъубжэ Iупхъуэхэр хъыбиибзэ хъуат. А псори щIэкIэ ихъуэжын хуей хъуащ АфIэунэм. Къудамэр гъуэлъыпIэ 60-м тещIыхьауэ щытамэ, ар зэрылэжьа зэманым абы иджыри 20 къыхигъэхъуащ. Абы илэжь дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри зыхуэунэтIар сымаджэхэри и лэжьакIуэхэри нэхъ зэригъэтыншынырт икIи абы и лъэныкъуэкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым.

Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэ зэрыпэрытым, унафэщI къалэн гугъури и пщэм зэрыдэлъым къыдэкIуэу АфIэуэнэ Анатолэ нэ узыфэхэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэу 26-рэ къыдигъэкIащ. Анатолэ нэ дохутырхэм я Союзпсо, Урысейпсо зэIущIэшхуэхэм мызэ-мытIэу хэтащ, ар «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и лектору, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэм и нэ дохутыр нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Мы псори щыхьэт тохъуэ Анатолэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зэрыбгъэдэлым, лэжьакIуэ емызэшу зэрыщытым. Абы и цIэр фIыкIэ щыIуащ ди республикэм и мызакъуэу нэгъуэщI щIыпIэхэми.

Къуэшы Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: