Зи лъэужьыфIхэр нобэми хэмыгъуэшэжа

ГъащIэщIэ щаухуэ лъэхъэнэ гугъум техуащ Къудей Чэрим и сабиигъуэ-шIалэгъуэр. Ауэ абы емылъытауэ, ныбжьыщIэм псэкIэ зыхищIащ ди щIыпIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм цIыхухэм фIы къазэрыхудэкIуэнур. ИкIи ар нэрылъагъу хъун папщIэ и къару емыблэжу гъащIэщIэр ухуэным и зэфIэкI хилъхьащ. КъызэрыгуэкІ налогхэхыу лэжьэн шIидзэри, къэрал къулыкъу нэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщ, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщI хъухукIэ дэкIуеящ. Абы иужькIи IэнатIэшхуэ куэдым пэрытащ. ИкIи дэнэ шIыпIэ щымылэжьами, ди цIыхухэм я псэукIэр зэрыригъэфIэкIуэным пылъу и къулыкъур ирихьэкIащ. Къэралми абы гу къылъимытэу къигъэнакъым, орденищрэ медалъ пщыкIутхурэ къыхуигъэфэщащ, «Налшык щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэри къыфIащащ.

Нобэ фи пащхьэ ныдолъхьэ Къудей Чэрим дыщыхуэзам щыгъуэ къулыкъу лъагэхэр къыхуагъэфэщэн ипэкIэ и гъащIэр къызэрекIуэкIамрэ и лэжьыгъэхэмрэ теухуауэ къыджиIэжахэр.

- Мариуполъ къалэм си дзэ билетыр щызгъэкIуэдри, ар къыдэсхыжыну комиссариатым сыщыщIэупщIам къызжаIащ ар Къэбэрдейм фIэкIа зыщIыпIи къызэрыщызамытыжынур. Арати, ди дежхэм хъыбар къазэрезгъащIэу военкоматым телеграммэ наутIыпщащ, сыкъэмыкIуэжынкIэ зы Iэмал зэримыIэр иту. Абы иужькIэ сэри куэдрэ зызмыгъэгувэу сыкъежьэжащ. Къэбэрдейм япэ военкому диIар Щынахъуэхэ ящыщт. И цIэр сщIэжыркъым. Сытми, абы и деж сыщыщIыхьам къызжиIащ обкомым сыкъызэралъыхъуэр икIи занщIэу секретарь Булычёв деж сишащ. СыщIалэт сэ абы щыгъуэ, си ныбжьыр илъэс 24-рэ хъууэ арат. Булычёвым гуапэу сэлам къызихащ икIи сыздэщыIахэмкIэ къызэупщIри, Орджоникидзе Серго Мариуполъ сызэригъэкIуар къыщищIэм, адэкIэ зыри жиIэжакъым икIи ди республикэм щIыпIэ промышленностымкIэ и управленэм и унафэщI Уэдыхь Аслъэнбэч деж сигъэкIуащ, IэнатIэ гуэр къыпхуигъуэтынщ, жыхуиIэу. А зэманым Аслъэнбэч нэхърэ нэхъ цIыху ткIий икIи гурэ псэкIэ Iуэхум етауэ лэжьарэ Къэбэрдейм исакъым.

Уэдыхьым сызэрыхуэзэу схуэщIэнухэмкIэ къызэупщIащ. Чырбыш, сэху, блок, сыт хуэдэхэр щагъажьэ, щагъэж заводхэм языхэзри схуэухуэнущ щыжесIэм, зэхихар и гуапэ хъуащ. Ауэ а зэманым ди щIыпIэр сэхумкIэ нэхъ гугъу ехьырти, ар щагъажьэ заводыр ухуэным дыкъытеувыIащ. Белэ Речкэ жылэм зы унэ цIыкIу къыщызгъуэтри сыщIэтIысхьащ. Заводым и чертёжыр зы тхьэмахуэ хуэдэкIэ згъэхьэзыращ, абы къриубыдэуи Уэдыхьым банкым ссудэу сом мин 300 - 400-м нэблагъэ къыIихащ.

Заводыр тщIыну деувэлIащ. Аргудан щыщу Хьэлышххэ Жантемыр жаIэу зы щIалэ ахъырзэман къэзгъуэтри, мывэр зэтрезгъэлъхьащ. ИкIи еста чертёжым темыкIыу и лэжьыгъэр дагъуэншэу зэфIигъэкIащ. МазиплI-тху нэхъыбэ дэмыкIыу япэ сэхухэр дгъэжьэн щIэддзащ. Зыми едмыгъащIэу жэщитI-махуитIкIэ дылажьэри, итIанэ Уэдыхьым деж сыкIуащ. «Аслъэнбэч, сэху ухуеймэ, хьэзыр хъуащ» щыжесIам, и фIэщ мыхъуу игъэщIэгъуащ. ИкIи жэщ зэрыхъуам щхьэкIэ къимыгъанэу заводым деплъыну дыкIуащ. Сэхур Iэтэу пщIантIэм щызэтелът. Зы сыхьэтым зы вагонеткэ къыщIэтшырт, махуэм тонн 20 - 24-рэ дгъажьэрт.

Аслъэнбэч зыкъиплъыхьащ, зыниплъыхьащ, псомкIи арэзы хъуащ. ДыкъыщыдэкIыжми зы сэху кIанэшхуэ машинэм кърилъхьэри дыкъежьэжащ. Дыкъэсыжа нэужь езыр зыщIэс унэм и щхьэкIэ щыIэ пэшым сыщIишэри, ар псэупIэу къызитащ. «Чинар» заводым зы стIолрэ шэнтитIрэ щысхуригъэщIащ. ГъуэлъыпIэр ерагъкIэ сэ езым къэзгъуэтыжри къэсщэхуащ. Махуэ зыбжанэ дэкIри, Хьэлышх Жантемыр си гъусэу Уэдыхьым деж дыкъэкIуащ, сэху заводым и мастеру ар игъэувыну селъэIуащ. Жантемыр сызэрыдэлэжьэнур, си IэщIагъэм зэрыхуезгъэсэнур щызэхихым, Аслъэнбэч къытпэрыуакъым. А псом нэмыщI, дызыхуейхэмкIэ езыр къыщытщIэупщIэм ахъшэ, шхын зэрыдимыIэр жесIащ. Абдежми занщIэу приказкIэ улахуэу сом 800 схуагъэуващ.

Сэхур пэрыхьэту къыщIэдгъэкIын щIэддзауэ, езы Аслъэнбэчи дызэрепсалъэрэ мазищ дэкIауэ, ар заводым нэкIуащ. Пэжыр жытIэнщи, илъэгъуахэм щыгуфIыкIащ. Хьэлышхым и Iуэхухэр къызэрехъулIэми щIэупщIащ. ЩIалэм и лэжьыгъэм хищIыкI зэрыхъуар сэри жесIащ. «Апхуэдэу щыхъукIэ, накIуэ модэ», - жиIэри, и машинэмкIэ цемент заводым сишащ. Иджы абдежым «флородин» къыщыщIах рудник къыщызэIуихын мурад иIэу арат Уэдыхьым. Иджыпсту «НалшыкинкIэ» йоджэ абы. Ауэ «Гумбарин» жаIэу иужькIэ зыгуэр къагъуэтри, зауэ нэужьым лэжьыгъэр къагъэувыIэжащ. Флородиныр Грознэм яшэурэ щIыдагъэр ирагъэкъабзэу арат. Адыгэм ятIэху жыхуаIэращ ар.

1936 гъэм накъыгъэм рудникыр къызэIутхащ. Абы ихъуреягъкIэ щыт мэзыр щIэтпщытыкIри, цемент къызыхэпщыкI хъун «мергелъ» жыхуаIэм хуэдэ къыщызгъуэтащ. Уэдыхьым нэкIуауэ жесIащ: «Аслъэнбэч, уэ цемент зэрыдимыIэм щхьэкIэ уотхьэусыхэ. Мыр узыхуей дыдэм хуэдэ мыхъуми, маркэ 400-м и пIэкIэ марки 100 - 120-рэ къуитынущ». Мергелыр сэхум нэхърэ тIукIэ нэхъ быдэт икIи нэхъыфIт. Аслъэнбэч Iуэхур зытетыр къыгурыIуэнтэкъэ, сэ дызэлэжьынухэр субзыхухукIэ, банкым ахъшэ къаIихащ.
Заводыр сщIын хуейуэ, унафэщIу абы сигъэуващ. Уеблэмэ сыкъэмыкIуэжу сыкъигъанэри, мазиблкIэ сыщыIащ. Дызыхуейуэ хъуар зэтедгъэувауэ, щхьэлым мергелыр иредгъэкIутэну зыдгъэхьэзырауэ Аслъэнбэч пщIантIэм ныдыхьащ. Ди лэжьыгъэр едгъэжьащ, цемент къыщIэдгъэкIыни щIэддзащ. Аслъэнбэч цементым зыхидзэу абыкIэ зигъэпскIыным хуэдэт, апхуэдизкIэ гуфIэщати. И Iэм щихуэрт, хэпамэрт. ИкIи бэлътокум зы тэкIу кIуэцIикIутэри, и жыпым ирилъхьэжащ.

Уэдыхьыр ежьэжа нэужь, сыхьэт нэхъ дэмыкIыу, Къалмыкъ БетIал и гъусэу нытригъэзэжащ. Къалмыкъым, къикIухьщ-никIухьщ, псори зригъэлъагъури, ди лэжьэкIэм, ди псэукIэм щIэупщIащ.
ЖесIащ унагъуэ 20-р бэракъым, адрей 12-р щIыунэм зэрыщыпсэур. Унагъуэхэр заводым пэмыжыжьэу къуэ псыIэм дэсти, БетIал унафэ ищIащ абыхэм унэ хуаухуэну. Тхьэм щхьэкIи, псынщIэ дыдэу а унэри ящIащ. Нобэр къыздэсым щытщ ар. БетIал имыдар цIыхухэр псыIэм зэрыхэсрат. Псом нэхъыщхьэр абыхэм я узыншагъэращ, жиIэрт.

Ди Iуэхухэр хъарзынэу екIуэкIырт, заводыр тэмэму лажьэрт, Аслъэнбэч IэнатIэщIэ къысхуилъыхъуэу щыхуежьам. ИкIи куэд дэмыкIыу сриджэри къызэупщIащ, иджы сытым уелэжьынт, жиIэри. «Блок щагъэж завод духуэнт», - естыжащ жэуап. Чырбышым елъытауэ блок бгъэжыныр нэхъ тыншт, нэхъ фейдэи пылът. Уэдыхьым ар жесIащ. Псалъэм папщIэ, чырбыш плъыжь мин 80-м и пIэм блок мини 10-р иувэрт. Аслъэнбэч акъыл жан иIэт. Iуэхур зытетыр занщIэу къыгурыIуэри, заводым делэжьын щIэддзащ. Ар духуэщ, блокхэри дгъэжын щIэддзэри, минипщI хуэдиз къыщIэдгъэкIауэ, сыкIуэри Уэдыхьыр къэсшащ. Ямылейуэ гуфIащ Аслъэнбэч. Станокым бгъэдэувэри, езыри тIэкIурэ лэжьащ. ФIэхьэлэмэтт, сыт жыпIэнт!

Уэдыхьыр ежьэжри, сэ заводым сыкъыдэнауэ сыдэту, сыхьэт нэхъ дэмыкIыу Къалмыкъ БетIал и гъусэу къытригъэзэжащ. Наряд зыри диIэтэкъым, блокхэр зэтрихьауэ пщIантIэм дэмыхуэжу дэлът абы щыгъуэм. «Мы къомыр мыбдежым щхьэ щызэтелъ?» - щIэупщIащ Къалмыкъыр. «Уэлэхьи сымыщIэ, зэфтын фиIэу къыщIэкIынкъым», - жысIащ.
СыщIалэ дыдэт сэри, жэуапи дахэ-дахэу схуетакъым. Уэдыхьым зыхуигъазэри, Госпланым и унафэщI Муромцевыр къриджэну унафэ хуищIащ. Блокхэр IуэхущIапIэхэм, предприятэхэм тригъэгуэшэну арат.

ИтIанэ, ауэрэ къэткIухьурэ зэрыхъуари-зэрыщIари сымыщIэу блок зэтелъхэм ящыщ зы БетIал къищтэри, зэрифIэщкIэ щIым тридзащ. Тхьэм щхьа, хуещIаIакъым, и къуапэм тIэкIу гуиудауэ арат. Къаруушхуэ хэлът езы БетIал. Еплъщ, къикIуэтыжри, нэгъуэщI зыкIэ а щIым щылъ блокым еуащ. Абыи и дзакIэм тIэкIу гуигъэхуащ. «Къат дапщэкIэ зэтету унэ пщIы хъуну мы блокхэмкIэ?» - щIэупщIащ ар. «Къатищу зэтет унэ», - естыжащ жэуап. «ПлIыуэ пщIынумэ, дауэ-тIэ зэрыхъунур?» - щыжиIам: «Япэр чырбышкIэ, адрейхэр блоккIэ зэтетлъхьэнц» - гурыIуэгъуэу жэуап щестыжым, къэIэбэри си Iэр иубыдащ. «Узыншэу ущыт», - жиIэри, сызейри си цIэри Уэдыхьым хуиIуэтауэ ищIэрти, дэкIыжащ. Мис абы щыгъуэщ япэ дыдэу Калмыкъым и Iэр щызубыдар. Абдежым щыщIидзэри, БетIал зы махуэ сыщыгъупщакъым.

Мазищ нэхъ дэмыкIыу и машинэр къигъэкIуащ, пленумым сригъашэри, обкомым и пленумым и кандидат сригъэщIащ. ИужькIэ, илъэсрэ ныкъуэрэ дэкIри, нарком сыхъуащ. Япэ дыдэу правительствэ къыщызэрагъэпэщым щIыпIэ промышленностымкIэ республикэм и нарком сыхъуат. Абы щыгъуэм Уэдыхь Аслъэнбэч ягъэтIысри яукIат. ИпIэкIэ ягъэува Серафимовым и къуэдзэуи сылэжьащ. Ар къыщыхъуар 1937 гъэм и фокIадэ мазэращ. Абы иужькIэ Серафимоври яукIащ. Дыгъэгъазэм Къалмыкъым сриджащ икIи нарком сызэрищIынур, депутату сызэрыхахынур къызжиIащ.

«БетIал, сэ сыщIалэщ, си пщэм къыдэплъхьэ къалэнхэр схуэмыгъэзащIэу укъэзгъэпцIэнкIэ хъунущ. Сэ зыхэсщыкIыр сызыпэрыт зы IэнатIэрщ, абы сыкъыпэрумышу сыбгъэлэжьамэ нэхъ къэсщтэнут» - арат си жэуапыр. Си ныбжьым къыщэупщIэри, илъэс 28-рэ щыжысIэм, адэкIэ зы псалъэ къыфIэзгъэкIыу къысхуидакъым: «Сэ, - жиIащ абы, - уи ныбжьым ситу 1919 гъэм фочауэ дивизэм и командиру сыщытащ, «Стой» зэрыжаIэр сымыщIэу. Абдежым а Iуэхур зэфIэкIауэ къэтлъытэнщ». Телефоныр къищтэри, облисполкомым и унафэщI Черкесов Ишу епсэлъащ икIи жриIащ си тхылъхэр ягъэхьэзырыну. Апхуэдэу нарком сыхъуащ, абдежым къыщыщIэздзащ къулыкъу инхэр зесхьэн…

Зытхыжар ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Поделиться:

Читать также: