ЛIыуней Абдулыхь Кушыку и къуэр

Журналист цIэрыIуэ Даур Жэхьфар адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэу щытахэм я хъыбару зэхуихьэсыжахэм ящыщщ фи пащхьэ итлъхьэр:

«Адыгэ газетым и редактору илъэситI хуэдизкIэ лэжьащ щIэныгъэлI, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ, журналист, I902 гъэм Хьэгъундыкъуей (иджы Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм къыщалъхуа ЛIыуней Абдулыхь Кушыку и къуэр.

1928 гъэм мазаем традза адыгэ газетым и напэкIуэцIхэм дриплъэжмэ, гу лъыдотэ къыдэкIыгъуэм редактор нэхъыщхьи, къуэдзи зэримыIар. Зым и унагъуэцIи щIэткъым. Абы щыгъуэм дежи къыдэкIыгъуэм Iэпэ щIадзт ВКП (б)-м и обкомым и лэжьакIуэхэм. Мис, абы ехъулIэу областым къегъэзэж Москва къалэм Коммунистическэ ищхьэ еджапIэр къыщызыуха, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ щIалэщIэм - ЛIыуней Абдулыхь.

Областым щыщ цIыхушхуэхэм ядеджат хьэгъундыкъуей щIалэр: Курджиев Къурмэн-Алий, Балахонов Яков, Жэгуэтэн Нарыч сымэ.

Къапщтэмэ, Абдулыхь и политикэ лэжьыгъэр апщыгъуэм областым щыцIэрыIуэххэт. АтIэ, и къуажэм щыщу япэ дыдэ Советхэм якъуэу­ват, властыщIэм и пропагандэ лэ­жьыгъэр жыджэру игъэкIуатэт. Япэрей комсомолецт, коммунистт. Къуажэм и парт къудамэр и унафэм щIэтт. Къуажэ Советым и тхьэма­дэ IэнатIэр зэрихьэу, Абдулыхь Сталин комвузым щеджэну ягъэкIуэну и цIэ къраIуауэ щытащ. ИкIи, 1928 гъэм диплом плъы­жьыр IэщIэлъу ар къиухат.

ЛIыунейм хуэфащэ дыдэт га­зетым и редактор IэнатIэр. Абы ипкъ иту, 1928 гъэм шыщхьэуIум и 3-м Черкесск партым и обкомым и бюром хэтхэм зэдэ­арызэуэ Iэ хуаIэтауэ щытащ Абдулыхь «Адыгэ псэукIэ» («Адыгская жизнь») газетым и редактор IэнатIэр къызэрыхуагъэфащэмкIэ. Зыбгъэдэува редакцэ лэжьыгъэм, абы хэлъ лъэпощхьэпохэм зыщигъэгъуэ­за нэужь, щIалэ гурыхуэм зэуэ къыгурыIуащ дяпэкIэ хьэрып алфавитымкIэ газетыр къыдэбгъэкI зэры­мыхъунур. Газетым щIэджыкIакIуэ иIэтэкъым. Уеблэмэ, езы редакцэ дыдэм щылажьэхэм хьэрыпыбзэ гугъур, абы и алыфбейр иджыри нэгъэсауэ къызыгурыIуэ яхэттэкъым. Апхуэдэу, ЛIыунейращ ла­тин алфавитым техьэжынымкIэ упщIэр япэ дыдэ къэзыIэтауэ щы­тар. Пэжщ, Абдулыхь фIы дыдэу къыгурыIуэт и гуращэр зэфIэхыныр Iуэху тынш зэрыхуэмыхъунур. Япэрауэ, зэхэлъхьапхъэт ла­тин хьэрфхэм тет адыгэ алфавит. ИкIи, зэрыщыгуфIыкIыну, къыкъуэкIащ Абдулыхь зыщIэхъупсыр къыдэзыгъэкIуэтэн гуп. Абыхэм я нэхъыщхьэт щIэныгъэлI Тобыл Талъустэн. Еджагъэшхуэхэр зэкъуэувэ­ри, латин хьэрфхэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ хамылъхьэу, щIэныгъэлIхэм къагъэщIащ адыгэ алфавит. Ар къытрадзащ газетым. ЩIэджыкIакIуэхэр, еджапIэм щылажьэхэр къыхашэкIэрэ, тепсэлъыхьащ ал­фавитым и фIагъым. ИкIи, зэдэарэзыуэ алфавитыщIэмкIэ тхэну, еджэну унафэ къахьащ. УзыфIэмыкIыжыну гъэщIэгъуэнщ а алфавитыр. Феплъыт: «Dade fanner egаjan» - «Дадэ фIанэр егъэжан» - «Дедушка точит тяпку»… Уеджэну тынш дыдэт.

Мис, апхуэдэу, ЛIыуней Абдулыхь и къару, гуащIэ, щIэныгъэшхуэ хэлъу алфавитыр 1929 гъэм къащтэри, абы щыщIэдзауэ газетыр латин лъабжьэ зиIэ хьэрфхэмкIэ традзэу, къыдэкIыу зыкъомрэ къекIуэкIащ.

Абы нэхъыбэжи жытIэнщи, ЛIыуней Абдулыхь Iуэху дахэ яхузэфIихащ нэгъуей лъэпкъми. Адыгэ газетым и напэкIуэцIхэм я гуэдзэу зы напэ нэгъуеибзэкIэ традзэу ящIыну жэрдэм къыщыхалъ­хьэм, абы «Адыгэ псэукIэ»-м и редакторыр арэзы техъуауэ щытащ. ИкIи, лъэкI къигъэнакъым нэгъуей лъэпкъым и щIэджыкIакIуэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъун тхыгъэхэр абдеж къытехуэнымкIэ. Емышыжу газетым и зыужьыныгъэмрэ ар ефIэкIуэнымрэ зи гуащIэ хэзылъхьэу къекIуэкIа ЛIыуней Абдулыхь и фIыщIэщ 1929 гъэм газетым и цIэр зэрызэрахъуэкIар - «Черкес Плъыжь» («Красная Черкесия») фIащауэ щытащ. Газетым и редакторым и Iэпэ щIэлъу абы къытехуэ зэпытт парт печатым и зыу­жьыныгъэм ехьэлIа тхыгъэхэр. Уеблэмэ печать Iуэхум хуэгъэза тхыгъэ ткIыбжьхэр къытригъэдзауэ щытащ Тэн-Iут-Ростов къыщыдэкI «Революция и горец» журналым. Апщыгъуэм журналистыр зытет­хыхьа темэхэм ящыщт: «Подготовка кадров – цен­тральная проблема», «Создание национальной тер­минологии – важнейший участок в культурной революции в национальных областях», «Унификация алфавита – одна из важнейших задач куль­турной революции в национальных областях», «Состояние и важнейшие задачи национального книгоиздания» жыхуиIэхэр... Иужьым, ЛIыунейм къыхуагъэфащэ а журнал дыдэм и редактор IэнатIэр. Апхуэдэуи, областым дежи, Ищхъэрэ Кавказ псоми печатым и Iуэхум зыщегъэужьыным псэемыблэжу ЛIыунейр толажьэ, IуэхуфI куэд зэфIех, егъэкIуатэ. ГъэщIэгъуэн дыдэщ ЛIыунейм хуэгъэза­уэ архивым къыхэна, и цIыху щIыкIэр, и лэжьыгъэр, абы зэрыбгъэдыхьэр къэзыгъэлъагъуэ дэфтэритIыр. Зыр ехьэлIащ Абдулыхь «Революция и горец» журналым и редактору зэрагъэкIуэжым. ЕтIуанэр теухуащ ЛIыуней Абдулыхь партым дзыхь зыхуищI цIыху щыпкъэу, упщIэ хьэлъэхэр, мыхьэ­нэшхуэ зиIэхэр и пщэ иралъхьэфыну зэралъытэм.

Ауэ, псоми щIэх дыдэ зихъуэжащ. Гуауэщ а цIыху къызэрымыкIуэм и гъащIэр зэриухар. Журналым къыIуагъэкIыжри, Абдулыхь яунэтIауэ щы­тащ Дагъыстаным щыIэ щIэныгъэ - къэхутакIуэ институтым. Абдежми къыщригъэхьащ 1937 илъэс ерур, цIыху мелуан бжыгъэ щагъэкIуэда гъэр.

ЗдэщыIэ хэгъэгум щыщ еджагъэшхуэхэм яхэту, ЛIыуней Абдулыхь «цIыхубэм и бий» къыфIащ, партымрэ къэралымрэ я пащхьэ къыщилъэща фIыщIэхэри, щытхъухэри мэкIуэдыжри, зыри къыщ­хьэмыпэу, щIалэ гурыхуэр яIэщIокIуадэ. Дагъыстаным къикIа хъыбарым зэритамкIэ, адыгэ лъэпкъым и къуэ щыпкъэ, еджагъэшхуэ, щIэныгъэлI ЛIыуней Абдулыхь, нэгъуэщI и лэжьэгъухэри щIыгъуу, 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м хьэпсэ ящIри, дыгъэгъазэм и 24-м яукIащ. Ауэ, иужькIи къэIуауэ щытащ нэгъуэщI хъыбар - 1941 гъэм Абдулыхь лъэхъуэщым щIэлIыхьауэ…

Мис апхуэдэу гуузу ягъэкIуэдащ ди лъэпкъым къыхэкIа цIыхушхуэр, щIэныгъэлIыр, Черкес авто­ном областым япэ дыдэ къыщыунэхуа щэнхабзэ-узэщIыныгъэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я къызэгъэпэщакIуэу щыта, къэбэрдей-черкесыбзэр щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ джыным и лъабжьэр зыгъэтIылъа ЛIыуней Абдулыхь.

Щыгъупщэкъым адыгэ лъэпкъым и цIыхушхуэр. И фэеплъыр яхъумэ, ялъытэ, яIэт».

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также: