Сыт хуэдэ IуэхумкIи щапхъэщКъэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Медицинэ колледжыр къызэрызэIуахрэ илъэс 90 мэхъу. Апхуэдэуи абы и унафэщI Пщыбий Светланэ и ныбжьри илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ. А IуэхугъуитIым теухуащ Медицинэ колледжым и егъэджакIуэхэм я тхыгъэр.
Илъэс 90 гъуэгуанэм къриубыдэу ди еджапIэм медицинэ курыт IэщIагъэр щызрагъэгъуэтащ цIыху мин 44-м. Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэм медицинэ курыт IэщIагъэ зиIэу щылажьэхэм я процент 90-р колледжым и гъэсэнщ. Ди еджапIэр къэзыухахэм къахэкIащ IэнатIэм и IэщIэгъэлI пашэхэр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэр, докторхэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр, узыншагъэр хъумэнымкIэ район къудамэхэм я унафэщIхэр. Колледжым и гъэсэн 30-м щIигъум абы щылэжьэну къагъэзэжащ. Ди егъэджакIуэхэм я процент 90-м япэ, нэхъыщхьэ квалификацэхэр яIэщ, абыхэм ящыщу 20-р медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ. Абыхэм я Iэзагъэм, щIэныгъэм щыхагъэхъуащ Москва, Саха Республикэм, Новгород областым и Боровичи къалэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм.
ЕджапIэм и унафэщI, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Пщыбий Светланэ зыпэрыт IэнатIэр ехъулIэу ирехьэкI. КъызэгъэпэщакIуэ нэсым и хьэлыфIхэр зыхэлъ бзылъхугъэр сыт хуэдэ IуэхумкIи щапхъэщ, егъэджэныгъэр зыхуей хуэзэу къызыгъэпэщыным гулъытэшхуэ хуещI, гупыр къалэныщIэхэм тригъэгушхуэу апхуэдэщ. Зыпэрыт Iуэхум щIэуэ къыхыхьэ псори лэжьыгъэм къызэрыщигъэсэбэпыным хущIокъу, абы и лъэныкъуэкIи ар жыджэру япыщIащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Медицинэ колледжхэм я мызакъуэу, Урысейм и апхуэдэ еджапIэ куэдым.
УнафэщIыр зыхуэдэр наIуэ къэзыщIыр абы и нэIэм щIэт гупым я ехъулIэныгъэхэрщ. Нобэ КъБКъУ-м и Медицинэ колледжыр Урысейм курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт и еджапIэ нэхъыфIхэм ящыщщ. «Лечебное дело», «Акушерское дело» IэщIагъэхэм 9-нэ классыр къэзыуха ныбжьыщIэхэр иджы япэу хурагъэджэн щIадзащ. Медицинэ колледжыр къэзыухахэм КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм, апхуэдэуи Урысейм и медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыж. 2016 гъэ лъандэрэ колледжым щыIэщ «Волонтеры - медики» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм зыщиубгъуам колледжым и егъэджакIуэхэр, студентхэр, волонтер-медикхэр IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм пэрыту цIыхухэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуащ. Медицинэ колледжым и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Пщыбий Светланэ я пашэу егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирагъэкIуэкI СВО-м щыIэ щIалэхэм ядэIэпыкъуным хуэунэтIауэ. Медицинэ колледжыр къэзыухахэм ящыщу цIыхуи 8 дзэ Iуэху хэхам хэтащ икIи къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ папщIэ орденхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ.
КъБКъУ-м и медицинэ колледжым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр гулъытэншэ хъуакъым. 2004 гъэ лъандэрэ колледжым мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Парламентым, республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ, Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэми къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмрэ дипломхэмрэ.
2007 гъэм КъБКъУ-м и медицинэ колледжыр «Урысейм курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт и еджапIи 100 нэхъыфI» зэпеуэм «Золотая медаль «Европейское качество» и лIэужьыгъуэмкIэ, апхуэдэуи «2007 гъэм и унафэщI нэхъыфI» зэхьэзэхуэм я лаурет хъуащ. 2017 гъэми къэралым курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэм и еджапIэхэм я зэпеуэми къыщыхэжаныкIащ. А илъэс дыдэм колледжыр «XXI лIэщIыгъуэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм и лауреат хъуащ. 2022 гъэм медицинэ колледжым ЕгъэджакIуэхэм я IV урысейпсо зэхуэсым «Къэралым и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ нэхъыфIу 500» зэпеуэм къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ къыхуагъэфэща дипломыр къыщратыжащ. Апхуэдэу еджапIэм къратащ «#МЫВМЕСТЕ зэдэIэпыкъуныгъэмкIэ урысейпсо Iуэхур къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIам папщIэ» УФ-м и Президент Путин Владимир и Фэеплъ медалыр. А дамыгъэ дыдэмкIэ щхьэхуэу ягъэлъэпIащ колледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ. КъищынэмыщIауэ, а Iуэхум жыджэру зэрыхэтам папщIэ, еджапIэм къыIэрыхьащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхыгъэ.
КъБКъУ-м и Медицинэ колледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ. Зи зэфIэкIыр жылагъуэм хуэзыгъэлажьэ бзылъхугъэм и пщIэр щылъагэщ зыхэт гупым я деж. Ар абы къилэжьащ и хьэл-щэн дахэмкIэ, и щIэныгъэмкIэ, и Iуэху зехьэкIэ екIумкIэ, и цIыху хэтыкIэмкIэ, и гуапагъэмкIэ. Пщыбийм сыт хуэдэ IуэхукIэ убгъэдэмыхьами, гупсэхуу къодэIуэнурэ ар нэхъыфIу зэрызэфIэкIынум теухуа и чэнджэщи къыуихьэлIэнущ. Ар егъэджакIуэхэми, студентхэми я ехъулIэныгъэм щыгуфIыкIыу, нэхъри зэрытригъэгушхуэным хущIэкъуу, дэтхэнэми и зэфIэкIыр къигъэлъэгъуэфынымкIэ сэбэп хуэхъуу апхуэдэщ. Светланэ сытым дежи хущIокъу и гупыр ехъулIэныгъэщIэхэм зэрыхуишэным, еджапIэм зэрызригъэужьыным. Шэч хэмылъуи, аращ зи фIыщIэр гупыр гуапэу, зэгурыIуэ яку дэлъу зэрызэхэтыр.
КъБКъУ-м и Медицинэ колледжым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ фIыуэ тлъагъу, пщIэшхуэ зыхуэтщI Пщыбий Светланэ и юбилеймкIэ дохъуэхъу, узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, гуфIэгъуэ, гукъыдэж, лъагъуныгъэ, унагъуэ насып иIэу, и гугъэ дахэхэмрэ мурадхэмрэ къехъулIэу и гъащIэр ирихьэкIыну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




