Темрокъуэ Анатолэ и фэеплъ зэхьэзэхуэКъэбэрдей-Балъкъэрым сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ и унэм иджыблагъэ щек1уэк1ащ хэгъэгупсо мыхьэнэ зиIэ «КъБР-м физикэмкIэ и Кубок» зэхьэзэхуэр. Темрокъуэ Анатолэ и фэеплъу къызэрагъэпэща зэпеуэр 2015 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм физикэмкIэ зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэр зэхишэу, зэригъэцIыхуу, я гупсысэхэмрэ жэрдэмхэмкIэ зэригъэхъуажэу. Зи сабий гуп текIуахэм ящыщщ урысейпсо утыкум нэгъабэ екIуу зыкъыщызыгъэлъэгъуа Къэшэж Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, физикэ щIэныгъэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэм къыхэкIыу тхылъым ирагъэзэгъами, а щIэныгъэм псэ хыумылъхьэмэ, щIэблэм къащтэнукъым икIи пхудегъэхьэхынукъым. «Иджырей щIалэгъуалэр тхылъкIэ пхуэкудэнукъым, ар къэгъэнауэ зыуигъэгъэкудэнукъым. ЕгъэджакIуэр зэрылажьэ методикэм зэхъуэкIыныгъэ куэд хилъхьэн хуей мэхъу. Абыхэм ящыщщ сабийм и бзэкIэ псэлъэныр, тхылъым кърих щIэныгъэр нэрылъагъу IэмалхэмкIэ ябгъэдилъхьэныр. Дауи, егъэджакIуэ къэс езым и кIуэрабгъухэр и IэнатIэм щелъагъуж, ауэ сабийр фIыуэ умылъагъумэ, ахэр зэхуэдэу къызэрыпщтэр я фIэщ умыщIмэ, нэхъ тынш дыдэри къыпхуэмыIэту хьэлъэ зэрыхъунум пцIы хэлъкъым. Физикэр джэгукIэ лIэужьыгъуэм ещхьщ. Зэ и кIуэкIэр къэплъэгъуакъэ - абы утету икIыхьагъкIэ урикIуэнущ. Мис а лъагъуэм щытехьэну меданращ егъэджакIуэр сабийм щIыдэлажьэри, абы хуэсакъын хуейщ», – жиIащ Къэшэж Аслъэн. КIэрашэ Аксанэ къызэрыхигъэщамкIэ, КъБР-м физикэмкIэ Кубокым епха зэхьэзэхуэхэм къыхыхьа ныбжьыщIэхэм я бжыгъэр илъэс къэси хэхъуэ зэпыту йокIуэкI. Шэч хэлъкъым, - зэпеуэр щхьэпэ хъуащ щIалэгъуалэм дежкIэ, ауэ апхуэдэ дыдэуи абы и мыхьэнэр инщ ахэр зыгъэхьэзыр егъэджакIуэхэмкIи. Си фIэщ мэхъу, гупхэм къахьа увыпIэм емылъытауэ, дяпэкIи абы къызэрыхыхьэнур, я зэфIэкIхэр нэхъри нэхъ лъагэж хъуауэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсми щIэрыщIэу зэрызыщагъэлъэгъуэнур. Зэпеуэр зи фэеплъу екIуэкI Темрокъуэ Анатолэ цIыху телъыджэу щытащ. Абы хузэфIэкIырт мащIэ дыдэ фIэкIа физикэм хэзымыщIыкIыр абы гъунэгъу дыдэу къришэлIэн, дригъэхьэхын, уеблэмэ иужькIэ абы ирилажьэу егъэджакIуэ Iэзэу лажьэу гъуэгу тригъэувэн. Апхуэдэ зэфIэкI зыбгъэдэлъа щIэныгъэлIым и щапхъэр абы и цIэр зезыхьэ фэеплъ зэпеуэм хэтхэм я дежкIэ гъуазэу къызолъытэ», – жиIащ КIэрашэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




