Щэхуу къэнащ

 Куэдрэ къэхъуркъым хьэкIэкхъуэкIэр тхыдэм къыхэнэу, ауэ дэ зи гугъу фхуэтщIынур Iей и лъэныкъуэкIэ апхуэдэ щIыхь зылъысащ. Хэбгъэзыхьмэ, фильм трахауэ щытащ абы теухуауэ икIи къыщыгъэлъэгъуахэр пцIыкъым, атIэ пэжу Франджым и Жеводан щIыпIэм (иджы а къэралым и ипщэ лъэныкъуэм щыIэ Лозер департаментщ) щекIуэкIащ, къыщыхъуари епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэрщ.
Япэ дыдэу а хьэкIэкхъуэкIэр цIыхум къытеуащ 1764 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м. Лангонь къалэ цIыкIум щыщ Iэхъуэ бзылъхугъэм жэмхэр игъэхъурт абы зы псэущхьэ гуэр къыщебгъэрыкIуам. И насыпти, ар къелащ: бийр къызэралъагъуу выхэр зэхэпщхьащ я бжьакъуэ папцIэхэр къэгъэзауэ. ХьэкIэкхъуэкIэр икIуэтащ бзылъхугъэм емыIусэу. Иужьрейм къызэриIуэтэжымкIэ, хьэхэр апхуэдизкIэ шынати, бэнэным и пIэкIэ пщIэу къудейт.
Абы иужькIэ зы мазэм къриубыдэу мэзылъэ джабэхэм цIыхуи 10-м нэс щыбзэхащ. Ахэр ямынэIуасэ хьэкIэкхъуэкIэм IэщIэкIуэдами IэщIэмыкIуэдами зыми ищIэркъым.
Япэу абы иукIауэ ятхар илъэс 14 зи ныбжь хъыджэбз цIыкIу Буле Жаннэщ. КъызэрабжамкIэ, 1764-1765 гъэхэм хьэкIэкхъуэкIэм цIыхуи 100-м щIигъу иукIащ. Бжыгъэхэр зэтехуэркъым.
МэкъумэшыщIэхэр гужьеящ. Ахэр я закъуэу мэзым щIыхьэн шынэрт, Iэмалыншэмэ, щыуэ зэгъусэу икIи Iэщэхэр яIыгъыу кIуэрт.
АрщхьэкIэ мыгувэу наIуэ хъуащ ар зэщIэузэда цIыхухъухэм зэрапэщIэмыувэр: нэхъыбэу зэщакIуэр цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэт. Пэжу, а «хабзэм» щытекIи къэхъурт…
 Дгъэзэжынщи, зыри зыщымыгъуазэ хьэкIэкхъуэкIэр къызэрыгуэкIхэм инагъкIэ къащхьэщыкI дыгъужьу щакIуэхэм мыгувэу хуагъэфащащ. 1764 гъэм и фокIадэм абы цIыхуитI IэщIэкIуэдащ, граф д. Апше Том и къуэри яхэту. Жэпуэгъуэм щакIуэхэм къагъуэтыжащ илъэс 21-рэ зи ныбжь щIалэм и хьэдэ зэхэфыщIар.
Къелахэри щыIэт. 1765 гъэм щIалэ цIыкIуи 4-рэ хъыджэбз цIыкIуи 2-рэ зи гъусэ, илъэс 13 зи ныбжь Портфе Жак, мывэхэмрэ башхэмрэ ириутIыпщурэ, дыгъужьыр Iуихужауэ щытащ.
 Мыгувэу а хъыбарыр пащтыхь Людовик ЕпщыкIутхуанэм и деж нэсащ. Сабийхэм зэрахьа лIыгъэр телъыджэ зыщыхъуа абы унафэ ищIащ гупым щыщ дэтхэнэми ливр 300 иратыну.
НэгъуэщI хъыбари. ХьэкIэкхъукIэр Вале Мари-Жаннэ къытеуащ ар и шыпхъур и гъусэу псым щызэпрыкIым. Ауэ мызэкIэ цIыхушхым и кIэн къикIакъым: Мари-Жаннэ абы и бгъэм хиIуащ бжэгъупэм фIэпха сэр. ХьэкIэкхъуэкIэр икIуэтын хуей хъуащ. Ауэ апхуэдэу къыщыхъур закъуэтIакъуэт; я нэхъыбэм цIыхухэр хэкIуадэрт.
 АтIэ къыIэщIэкIахэм сыт хуэдэу къаIуатэрэт а хьэкIэкхъуэкIэм и теплъэр? Ар дыгъужь абрагъуэм нэхъ ирагъэщхьырт. Ауэ ар зэрымыдыгъужьым шэч къытрахьэртэкъым. Пщэ кIыхьт, и бгъэр бгъуэт, и дзэпэфIанэхэр къыIупсырт, гъуэжь-фIыцIафэт, кIэ кIыхьт. Дыгъужьым ар къыщхьэщигъэкIырт и зыIыгъыкIэми: пщэм зыщIидзэртэкъым, зэпхъуэр нэкIурт. Жьэхэлъэрти, цIыхур ириудырт, и фIалъэ лъэщхэмкIэ абы еуэрт. Дыгъужьыхьэу, аслъэнымрэ къаплъэнымрэ яку къыдэкIауэ хуагъэфащэрт. Иджыри къэс ар  къызытехъукIар къыхуэщIакъым. Ауэ зэкIэ ар я Iуэхутэкъым.
ЩIыпIэм щекIуэкIхэм игъэгузэва пащтыхь Людовик ЕпщыкIутхуанэм Нормандием щыщ д.Энневаль зэадэзэкъуэм унафэ яхуищIащ цIыхушхыр яукIыну. А зэманым а тIум нэхърэ нэхъ цIэрыIуэ щакIуэ Франджым истэкъым. Мазэ зыбжанэкIэ гупышхуэ я гъусэу ахэр хьэкIэкхъуэкIэм ещэкIуащ. Къапхъэнхэр ягъэуващ, япэтIысащ. 1765 гъэм шыщхьэуIум и 9-м Iуэхум, уеблэмэ, хэтащ сэлэти 117-рэ, щIыпIэм щыпсэухэу 600-м нэблагъэ. Зыри къикIакъым.
ЩакIуэ цIэрыIуэхэм яхуигъэува къалэныр щахуэмыгъэзащIэм пащтыхьым абыхэм я пIэкIэ щIыпIэм игъэкIуащ де Ботерн Франсуа  Антуан. МазищкIэ мэзым щIаукIыхьащ къапэщIэхуэ дыгъужьхэр. ИкIэм-икIэжым Шаз къуажэм и гъунэгъуу дыгъужь абрагъуэ щаукIащ. Абы и хьэдэр Версаль яшащ, езы щакIуэр лIыхъужьу къалъытащ. Пэжу, цIыхухэр хэкIуэдэжыртэкъым. Ауэ апхуэдэу зэрыщытар пIалъэкIэщ: хьэкIэкхъуэкIэр аргуэру къэунэхужащ! ЯукIар армырауэ къыщIэкIащ!
Псом хуэмыдэу псэущхьэм лъыхъуэр зи къуэр абы IэщIэкIуэда граф д. Апшет. Абы цIыху гупышхуэхэр зэщIигъэуIуэрт, езыри яхэтт. 1767 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м щакIуэ 300 хуэдиз зэдежьащ. Абыхэм ящыщ зы Шестель Жак дыжьыным къыхэщIыкIа фочышитIкIэ дунейм иригъэхыжащ апхуэдизрэ зыпэмылъэща хьэкIэкхъуэкIэр.
 ЩIыпIэм щыпсэухэм я гуфIэгъуэр гъунапкъэншэт. ХьэкIэкхъуэкIэ абрагъуэм и хьэдэр къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къыщрашэкIырт, ягъэлъагъуэу. Ар зэкIуэкIыу хуежьа иужьщ щыщIатIар.
 Иджыри къэс ар зищIысу щытар къахуэщIакъым: абы иризодауэ. И теплъэкIи, и гущIэгъуншагъэкIи, и къарукIи, хьилагъэкIи ар зыми ещхьтэкъым. Хуагъэфащэ ар щIыпIэ жыжьэм кърашу цIыхум игъэсауэ. Ауэ сыт щхьэкIэ? Сыт хуэдэ мурадкIэ?
Абы жэуап езытыфынур зэрыщымыIэжрэ куэд щIащ…                

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: