Жыгхэр ириупщIыкIырт

 

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зэхэдыгъуэным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Аруан районым щыпсэухэу  Iэмалшы М.Ж., Къып Д.Х., Тарло А.М. сымэ ялэжь щIэпхъаджагъэр.

ЗэраубзыхуамкIэ, хуит зыщI тхылъхэр ямыIэу, къэдгъэлъэгъуахэм  «Лэскэн мэзылъэ» къэрал IуэхущIапIэм  и мэзылъэ фондым  жыгхэр щыпаупщIащ.

Аруан район судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ  ахэр къуаншэу къалъытащ  УФ-м и УК-м и   260-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр ялэжьауэ. Iэмалшы М.Ж.-рэ Къып Д.Х.-рэ илъэси 2-рэ мази 6-рэ ямыгъэтIысу тралъхьащи, абы къриубыдэу зыщIэгупсысыжыну зэман яIэщ, Тарло А.М.  – илъэситIкIэ условнэу тралъхьащ, илъэси 2-рэ мази 6-кIэ хабзэм тэмэму тетыну хуагъэуву. 

Поделиться:

Читать также: