ИлэжьамкIэ жэуап ихьынущ

  Урысей ФСБ-м и Управленэу  КъБР-м щыIэм   и лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт къэлъыхъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу  къызэпаудащ   Прохладнэ районым и къуажэхэм я зым и Iэтащхьэу щытам зэрихьэ хабзэншагъэр. ЦIыхухэр ущыпсэуну шынагъуэ хъуа   унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIыным  хуэунэтIа   республикэ программэр щагъэзащIэм ар хабзэм ебэкъуащ.                                                                               

Урысейм и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу  КъБР-м щыIэм  уголовнэ Iуэху къиIэтащ  УФ-м и УК-м и 296-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и  «е» пунктым  къыщыхьа щIэпхъаджагъэм ипкъ иткIэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэси I0-м нэскIэ ягъэтIыс.     

  

Поделиться:

Читать также: