Социальнэ IуэхущIапIэм щахуэзащКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай цIыхухэм щаIущIащ Налшык къалэм дэт, жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ щапIыж унэм. ПсэупIэ, пенсэ, социальнэ я лъэныкъуэкIэ я хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудым ехьэлIауэ абы зыкъыхуагъэзащ а IуэхущIапIэм щыпсэу цIыхуи 7-м. Республикэм и прокурорым зыIущIахэм ягуригъэIуащ я хуитыныгъэхэр, апхуэдэуи яжриIащ къызэрызыхуагъэзахэм хэплъэным езым и нэIэ зэрытригъэтынур. Тхьэусыхафэхэр зэхагъэкIыну, къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну пщэрылъ ящищIащ. КъинэмыщIауэ, прокурорым а унэм щыIэхэр зэрыпсэу щIыкIэм щыгъуазэ зищIащ, абыхэм, апхуэдэуи IуэхущIапIэм и унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ епсэлъащ. БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




