ГъэщIэгъуэнщ«Узыдэмыхьа къуэладжэ лыжь дэлъщ»,-жаIэ. Ар ауэ сытми къэхъуакъым. УздэщымыIа щIыпIэхэм узыIэпашэ, ауэ хэт зыщIэр абыхэм къыщыппэплъэр? Куэд зи нэгу щIэкIа ЩIы хъурейм иджыри щымащIэкъым цIыху кIуэну зытемыгушхуэ апхуэдэхэр. Абыхэм ящыщщ Немо и кхъащхьэр. Дауи, гурыIуэгъуэщ а щIыпIэм франджы тхакIуэ Верн Жюль и лIыхъужьым и цIэр зэрыфIащар. Ар щIы щхьэфэхэм я мызакъуэу хы, хьэуа гъуэгухэми жыжьэу пыIудзащ. ЦIыху щыпсэу щIыналъэхэм ящыщу нэхъ пэгъунэгъу Пасхэ хытIыгур километр 2700-кIэ пэжыжьэщ. Арауэ къыщIэкIынущ мы щIыпIэр хьэршым зэрыщылэжьэн пIалъэр зыуха космос Iэмэпсымэхэм я кхъэу, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, щыщIрагъэлъафэ щIыпIэу къыщIыхахари: 1971 гъэм иужькIэ мыбдеж иужьрей увыIэпIэ къыщагъуэтащ хьэршым щыIа Iэмэпсымэ жьы хъуахэу 260-м. 2001 гъэм мыбы «щыщIалъхьащ» СССР-м и «Мир» космос станцыр. Мы зэманым уэгу жыжьэм щылажьэ къэрал зэхуаку станцми ар 2024 гъэм къыпэплъэрт, арщхьэкIэ щылэжьэну пIалъэр япэщIыкIэ 2028 гъэм, иужькIэ 2031 гъэм нэсыхукIэ ягъэIэпхъуащ. А Iэмэпсымэхэр Немо и «кхъащхьэм» зэрыщыщIрагъэлъафэр дыкъэзыухъуреихь дунейм зэран хуэмыхъуу къалъытэ. Апхуэдэ щIыпIэ пхыдзам ахэр зэрыщехуэхыр цIыхухэми щIыуэпсми я дежкIэ шынагъуэншэу жаIэ. Пэжу, а щIыпIэм тенджыз псэущхьэхэм уащрихьэлIэнукъым е ахэр щымащIэ дыдэщ. Щхьэусыгъуэри къызэрыгуэкIщ: яшхын зэрыщымыIэрщ. Толъкъун лъэщхэр загъэкIэрахъуэу зэритырщ. Абыхэм щIыпIэм ягъакIуэркъым Iуфэ жыжьэхэм Iуихауэ зыри. Ауэ кхъухьхэм кърадз пластикхэр щыкуэдщ: ахэр а толъкъунхэм яхь, ауэ кърагъэкIыжыркъым. КъинэмыщIу, Немо и кхъащхьэм щхьэщыт уэгум радиацэр къызыпхрыкI гъуанэ иIэщ. Абы къыхэкIыу ар тыншу къылъоIэс. Абы къикIыр хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ. Пэжу, псым нэхъ куууэ уехмэ, зыгуэрхэри щыплъагъунущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, «Иети» зыфIаща елыркъэш лIэужьыгъуэ закъуэм. Еджагъэшхуэхэр щогугъ а лIэужьыгъуэм и закъуэу къыщIэмыкIыну. АрщхьэкIэ хэт ар къэзыхутэнур? Хым километритIкIэ нэхърэ нэхъ куууэ уехыным мылъкушхуэ текIуэдэнущ икIи ар егъэлеяуэ гугъущ. 1997 гъэм еджагъэшхуэхэм Немо и кхъащхьэм зыми емыщхь гурым макъ щызэхахащ. Дэнэ ар къыздикIар гъащIэм и нэщэнэ гуэрми хуэхей щIыпIэм? КъахуэщIакъым. Хуагъэфэща къудейщ ар Антарктидэм и мыл джейхэм къагуэухэм я макъыр толъкъунхэм мыгурыIуэгъуэ къарукIэ Немо и кхъащхьэм нагъэсу. Ауэ ар мыIэщIагъэлIми и фIэщ пщIыну гугъущ… ГъэщIэгъуэн хэлъкъым щIыпIэ телъыджэм еджагъэшхуэхэм я мызакъуэу зыплъыхьакIуэхэри кIуэну зэрыхуейм. Абы 2024 гъэм и гъатхэпэм иужьу щыIар инджылыз хьэрычэтыщIэ Браун Крисрэ и къуэ Микэрэщ. «Быдэ и анэ гъыркъым» псалъэжьым едаIуэри, зэрыкIуар Iуэхум сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIа кхъухькIэщ. Нэсахэщ, зыщаплъыхьащ, сурэт куэдыкIей трахащ, ауэ зы хьэлэмэт гуэри щалъэгъуакъым. Ауэ ди хэкуэгъу Конюхов Федор а щIыпIэмкIэ Хы хуэмыр зэпиупщIащ 2018 - 2019 гъэхэм. ИкIи кхъухькIэкъым, атIэ бэлагъкIэ псым зэригъакIуэ кхъуафэжьейкIэ. Махуи 154-рэ сыхьэт 13-рэ дакъикъэ 37-рэ текIуэдащ абы Новэ Зеландием къыщыщIидзэу Чилим и Iуфэм нэсыным. Гъуэгуанэр егъэлеяуэ хьэлъэт. Толъкъунхэр балл 12-м щынэс щыIэт. Кхъуафэжьейр куэдрэ уфэрэнкIащ, щызэригъэдзэкIыжи къэхъуащ. Ар апхуэдэ зыхузэфIэкIа япэ цIыхуу тхыдэм хыхьащ. Конюховыр блэкIащ Немо и кхъащхьэми. Макъ телъыджэ гуэрхэри зэхихакъым, хьэлэмэт гуэри ирихьэлIакъым, ауэ щIыпIэм зэрынэсу зэшыгъуэм зэщIиIулIат. Хэт ищIэрэ абдеж хы щIагъым щигъэпщкIур.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




