Сытыт Устиновым и лажьэр?Сыт хуэдизу "зэкъуэту икIи мыкъутэжыну» жылагъуэр зэкъуамыгъэувэми, абы сыт щыгъуи къахокI мыарэзыхэр. Ахэр зыхуэдзэлашхэр къэралым щыIэ ухуэкIэрщ, ауэ храгъэлъафэр цIыху щхьэхуэхэрщ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм Совет Союзым нэхъ лъэкIыныгъэшхуэ щызиIахэм ящыщащ Устинов Дмитрий. А зэманым ар КПСС-м и ЦК-м и Политбюром хэтт, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министырт, Совет Союзым и Маршалт. Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм къапэкIуауэ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр зэрихьэрт, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужьт, орден, медаль бжыгъэншэхэм я гугъу умыщIыххэ. А зэманым щыIа хабзэм ипкъ иткIэ абы домбеякъым къыхэщIыкIа фэеплъ зэрыпсэууэ 1977 гъэм накъыгъэм и 6-м щыхуагъэуват къыщалъхуа Самарэ (а зэманым Куйбышев). Мис ар фIы зигу имылъхэм къагъэуэну хущIэкъуащ 1978 гъэм и бжьыхьэм. Сыт щхьэкIэ? Устинов Дмитрий ящыщт къулыкъукIэ псынщIэу дэкIуеяхэм. 1908 гъэм лэжьакIуэ унагъуэм къыщалъхуа ар илъэсипщI ныбжьым иту гъукIэгъэсэну кIуащ и адэр здэщыIэ лъэщапIэм. 1929 гъэм Ивано-Вознесенскэ политехникэ институтым и механикэ факультетым щIэтIысхьащ. I932 гъэм Устиноври яхэту студент гуп Ленинград къыщызэIуаха Дзэ-механикэ институтым (иджы Устинов Д.Ф. и цIэр зезыхьэ военмех» Балтие къэрал техникэ университетщ) щIагъэтIысхьащ. ЩIалэм унафэщI къызэрыхэкIынум псынщIэу гу лъатащ. Аращ 1937 гъэм инженер-конструктор къызэрыгуэкIыу къыщыщIэдзар зы илъэс нэхъ дэмыкIыу конструктор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, а гъэ дыдэм Ленинград и «Большевик» заводым (иджы Обухов заводщ) и Iэтащхьэ щIащIар. Мыгувэу унафэщI жыджэрым икIи акъылыфIэм теухуа хъыбарыр езы Сталин Иосиф и деж нэсащ. Арати, Хэку зауэшхуэм щIидзэным тхьэмахуитI фIэкIа имыIэжу Устиновыр СССР-м IэщэкIэ зызэщIэузэдэнымкIэ и цIыхубэ комиссару ягъэуващ. А къулыкъур къыщыIэрыхьам абы и ныбжьыр, уеблэмэ, илъэс 33-ри ирикъуатэкъым. ФIы дыдэу лэжьащ икIи и ехъулIэныгъэхэм къыхэкIыу 1942 гъэм Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр фIащащ. Ауэ езым и цIэм щыгъуазэр мащIэт - ар ябзыщIырт. 1946 гъэм накъыгъэм и 13-м СССР-м и Министрхэм я Советым къыдигъэкIа унафэмкIэ къызэрагъэпэща ракетэ-хьэрш IэнатIэм и унафэщIхэм Устиноври зэращыщар наIуэ щыхъуар 1980 гъэхэм я кIэухырщ. Реактивнэ техникэмкIэ щэхурылажьэ комитетым («комитет №2»-м и унафэщI хуэдэр Маленков Георгийт, ауэ ипэжыпIэкIэ Iуэхухэр зезыхьэр абы и къуэдзэ Устиновырт). ИужьыIуэкIэ, цIыхур япэу хьэршым кIуэным зэрыхэлIыфIыхьам папщIэ, абы къыхуагъэфэщауэ щытащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьым и Дыщэ вагъуэ етIуанэр. Апхуэдэ щIыхь зылъысахэм (дауи, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужьхэми) домбеякъым къыхэщIыкIа фэеплъ хуагъэуву хабзэ щыIэ хъуа иужь Устиновми апхуэдэ щIыхь къылъагъэсат. И ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуам и саулыкъукIэ 1978 гъэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэри щыфIаща а дамыгъэри щIагъужат бюстым тетхахэм. Ар къагъэуэну яужь щихьари ещанэ Дыщэ вагъуэр гуфIэгъуэкIэ къызэрыратарщ. Ауэ абы щыгъуэм щIэуфауэ къэнащ ипэIуэкIи 1978 гъэм фокIадэм и 4-м и жэщым Куйбышев апхуэдэ бзаджэнаджагъэ зэрыщылэжьар - къалэм и Октябрь районым и дзэ комиссариатым и бжэхэр къагъэуат. ИужькIэ а щIэпхъаджагъитIри зэпыщIауэ къалъытэри, зы уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Ар зэхигъэкIыну и пщэ далъхьащ Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ комитетым Куйбышев областымкIэ и къудамэм. А махуэ дыдэм къахутащ бюстыр зэхэзыфыщIар лабораторэхэм къыщагъэсэбэп колбэм ита къагъауэ IэрыщIыр зэрыарар. БзаджащIэхэр къалъыхъуэрт хабзэхъумэхэм я IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм. Iуэхур и нэIэм щIэтт КПСС-м и ЦК-м и Административнэ къудамэм - а зэманым пщым и пщыжым. Абы къатрикъузэрт зэпымыууэ: икIэщIыпIэкIэ къэвгъуэт! Абы папщIэ а колбэ угъурсызым ещхь къагъуэтын хуейт. Ар къызэрымыкIуэу гугъут: къалэми областми къыщащырт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, промышленнэ, мэкъумэш, химие IуэхущIапIэхэм, сымаджэщхэм я лабораторэхэр. Ахэр куэдыIуэ хъурти, яхунэсыртэкъым. ЩытыкIэр нэхъри зэщIэплъэрт. Чекист Козловский Борис ехъулIащ: бюстым къыщагъэуа колбэм ещхь дыдэ Политехникэ институтым и лабораторэм щIэту къигъуэтащ. Арат мазэ ещанэ хъуауэ къаIэрымыхьэр. Адрей псори гугъужтэкъым:етIуанэ махуэм ягъэбелджылащ къагъауэ Iэмэпсымэ зыгъэхьэзыру террорист щIэпхъаджагъэ зылэжьахэр. Ахэр а институтым и инженер, илъэс 25-рэ зи ныбжь Калишин Андрейрэ студенту щыта икIи а зэманым дзэ къулыкъум ираджа Извеков Ивану къыщIэкIащ. Сыт а щIалитIым апхуэдэ гуемыIу щIалэжьар? Судым и унафэм итщ: Суд зытращIыхь Извековым зэрыкъуэншамкIэ зиумысыжащ икIи жиIащ нэгъуэщI къэралхэм я «Америкэм и макъ», «Би-би-си», «Нэмыцэ толъкъун» радиостанцхэм СССР-м и бийуэ къатхэм едэIуэн 1973 гъэм зэрыщIидзар. И гур абыхэм бгъэдигъэкIащ совет псэукIэм. Ар нэхъри куу хъуащ апхуэдэ дыдэу совет ухуэкIэм зи гур къыхуэплъ Калишиныр 1976 гъэм къицIыхуа иужь. Абы и Iэужьу 1978 гъэм и бадзэуэгъуэм Извековымрэ Калишинымрэ щэхуу зэгурыIуащ щIэпхъаджагъэ ялэжьыну». Абыхэм аммиак селитрэрэ тетрилрэ зэхащIэри, къагъауэ Iэмэпсымэ зыбжанэ ягъэхьэзыращ. Пэжу, «IэщIагъэлIхэм» жаIащ я хэкуэгъу цIэрыIуэм гужьгъэжьгъ гуэри зэрыхуамыIэр: зэхащIыхьа щIэпхъэджагъэмкIэ ахэр зыхуеяр зэрыщыту совет ухуэкIэм зэрыхуэмыарэзыр къагъэлъэгъуэнырт. Извековыр ягъэтIысащ, илъэси 8 тралъхьэри. Дохутырхэм Калишиныр и акъыл зытемысу къалъытэри, ар щIагъэгъуэлъхьащ илъэс 11 щигъэкIуэн сымаджэщ хэхам. Езы Устинов Дмитрий 1984 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м дунейм ехыжащ, уз къеуэлIам занщIэу ириудри. Ар Кремлым и блыным и деж щыщIалъхьащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




