Лъэпкъ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэр

Тхылъхэр щащэ «Читай-город» тыкуэным япэу щагъэлъэгъуащ лъэпкъ шхыныгъуэхэр пщэфIыным хуэIэзэ, блогер Борисовэ Залинэ иджыблагъэ къыдигъэкIа «Кухня гор. Невероятные кулинарные приключения» тхылъыр. 
КъыдэкIыгъуэм итщ Осетием, Дагъыстэным, Ингушетием, Шэшэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэр. Тхылъым хигъэхьащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэ дахэхэр, хьэщIэм пщIэ зэрыхуащIыр, тхыгъэхэр щигъэхьэзырым здэщыIа щIыналъэхэм я псэукIэм щыщу зрихьэлIа Iуэхугъуэу игу къинэжахэр. 
- Шхыныгъуэ лIэужьыгъуэхэр къыщыхьа тхылъхэр гъунэжу мин бжыгъэкIэ щыIэщ. Иджыри апхуэдэ зы къыдэзгъэкIыныркъым си мурадар, атIэ щыIэхэм щIэщыгъуагъ хэслъхьэнырщ, - жеIэ Залинэ. 
Тхылъыр игъэхьэзырын папщIэ Залинэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъиблри зэщIигъэхьащ. Псом хуэмыдэу гукъинэж щыхъуащ Дагъыстэным зэрыщыIар. Ар нэху къыщекIыну нэхъ пасэу зыгурыIуа хьэщIэщым щыкIуэм, къуажэхэр зэхигъэзэрыхьри, цIыхубз гуэрым и унэм екIуэлIащ. Жэщ хьэщIэм ар пэмыплъами, зыкIи зыкъригъэщIакъым, иригъэблагъэри, хабзэ къыкIэлъызэрихьащ. Залинэ зэрыгъуэщар къыщыгурыIуэжар иужькIэщ. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм хьэщIэм пщIэ хуэщIыныр я лъым зэрыхэтым ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ. 
Мы къыдэкIыгъуэр Залинэ тыгъэ хуищIащ «Грушёвая роща» санаторэм пщафIэу щыIа и анэшхуэм (и адэм и анэм). Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэр хъыджэбз цIыкIум и анэшхуэм и деж щигъакIуэу щытащ икIи лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырыным и щэхухэм хэзыгъэгъуэзар, а IэщIагъэм дезыгъэхьэхар, ар фIыуэ езыгъэлъэгъуар аращ. IэфIу пщэфIэным и мызакъуэу, абы иригъэщIащ лъэпкъ пщэфIапIэхэм я тхыдэмрэ иужь зэманым абыхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ.
Залинэ адыгэщ, и щхьэгъусэр урысщ. Унэгуащэм зэрихабзэу, лъэпкъхэм я шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэхьэзыр. КIэщIу жыпIэмэ, бзылъхугъэр хуэIэзэщ урыс борщми, балъкъэр хъыршынми, адыгэ хьэлыуэми, дагъыстэн хъынкIэлми. ЯпэщIыкIэ Залинэ адыгэ лъэпкъ шхыныгъуэхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдигъэкIыну и мурадащ. АрщхьэкIэ, Iуэхум иужь ихьэри, къыгурыIуащ Кавказым ис лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэр зэкIэрыпч зэрымыхъунур. 
- Кавказ лъэпкъхэр куэдкIэ дызэпыщIащ. Апхуэдэу хъуми, Дагъыстэным сыщыщыIэм къызгурыIуащ ахэр ди адыгэ, балъкъэр шхыныгъуэхэм зэрыщымыгъуазэр. Япон, итальян пщэфIэкIэм щыгъуазэхэм адыгэ дэлэнхэмрэ балъкъэр хъыршынхэмрэ Iэмал имыIэу яцIыхун хуейуэ къызолъытэ. Езыхэр зэрымыцIыхуми, я шхыныгъуэхэм лъэпкъхэр зэрешалIэ, IэфIу шхэну псоми яфIэфIщи. ШхыныгъуэхэмкIэ лъэпкъхэр зэпысщIэну, ныбжьэгъугъэ яку дэслъхьэну си хъуэпсапIэщ, – жиIащ Залинэ. – ЗэрытщIэщи, езыр-езыру уи унэ щупщэфIым хуэбгъадэ хъун шхыныгъуэ щыIэкъым. Узыншагъэр цIыхум ишхым куэдкIэ зэрелъытари щэхукъым. Аращи, фшхы ерыскъыхэм я фIагъым дэтхэнэри фыкIэлъыплъыну, фызыхуэсакъыжыну фыкъыхузоджэ! 
Зэхыхьэм хэтахэр еплъащ Залинэ игъэхьэзыра адыгэ лэкъумхэмрэ балъкъэр, шэшэн хьэлыуэхэмрэ. Тхылъыр зыIэрызыгъэхьэнухэм ар къыщывгъуэтынущ «Читай-город» тыкуэным, Вайлдберриз, Озон Интернет, нэгъуэщI Интернет тхылъ щапIэхэм. 
Тхыгъэри сурэтри ТекIужь Заретэ ейщ.
Поделиться:

Читать также: