КъыхэжаныкIахэр ягъэгушхуэКъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм я советым уголовнэ къэлъыхъуэныгъэм, Къэрал автоинспекцэм, Тылым и къулыкъум, ФинанскIэ къызэгъэпэщынымкIэ центрым, ведомствэм и пресс-IуэхущIапIэм, апхуэдэуи республикэ СМИ-м ящыщхэу лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIахэр щагъэлъэпIащ. Республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ къудамэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед абыхэм яритащ «За вклад в развитие и укрепление ветеранского движения», «За активную работу по патриотическому воспитанию» медалхэр, апхуэдэуи къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеранхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и ЩIыхь тхылъхэр. Гулъытэ зыхуащIахэм ящыщщ тIысыжауэ зызыгъэпсэху, милицэм и полковник Кумыщ ТIэхьир. Ар илъэс куэдкIэ щылэжьащ уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ къулыкъум икIи хабзэм къемызэгъыу IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэ гупхэм ящыщхэм ерыщу зэрапэщIэтам, и лэжьэгъухэр къызэрыригъэлам папщIэ ЛIыгъэм и орден къыхуагъэфэщащ. - Абы къигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэр республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэщIэхэм я дежкIэ щапхъэщ, - къыхигъэщащ Пыхъ МуIэед. Зэхыхьэ гуапэм и кIэухыу ветеранхэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, унагъуэ зэIузэпэщыгъэ яIэну. УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




