Апхуэдэхэр зэи пщыгъупщэжыркъым
БетIал дунейм зэрехыжрэ куэд къыщыхъуащ ди литературэм, ауэ абы и жьантIэр зыхуэфащэ усакIуэщ ар ноби. КIуащ БетIал усакIуэ насыпыфIэхэм ящыщу къыщIэкIащ, сыту жыпIэмэ, къызыхэкIа лъэпкъым ар псэу щIыкIэ зэхищIыкIауэ, фIыуи илъэгъуауэ щытащ. БетIал хэлъа цIыхугъэмрэ бгъэдэлъа щIэныгъэхэмрэ тепсэлъыхьащ икIи тетхыхьащ республикэм и тхакIуэ, усакIуэ куэд, ауэ абыхэм къахэзгъэщхьэхукIыну сыхуейт КIуащым и ныбжьэгъу пэжу щыта, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахъмэдхъан и гукъэкIыжхэр. …Зэман бзаджэм халъхуахэм ящыщщ ар - КӀуащ БетӀал. И адэм пцIы тралъхьэри, лъэныкъуэ ирагъэзащ, утыкум къина щIалэм игъэващ «бийуэ» ягъэIуа адэм къыщIэна сабий насыпыншэм и дунейр, абы и фэм дэкIар къызыфIэгъэщIыгъуейтэкъым. Институтыр къиуха нэужьи, и хэкум ирагъэсакъым БетIал – КъуэкIыпIэ Жыжьэм лэжьыгъэ «къыщыхуагъуэтащ», ари лъэныкъуэ ирагъэзын хуейти. Зауэр къэхъеящ абы здэщыIэм. Зы махуи зиIэжьакъым БетIал: Iэщэ къищтэри, зауэм Iухьащ. Иухатэкъыми, къелащ зауэм – лIыгъэ зэрихьауэ. И лIыгъэм къыпэкIуащ Александр Невскэм и орденыр, Хэку зауэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр. Хэкум зэрикъуэ пэжыр IупщI тщищIащ абыкӀэ: лей къыкIэлъызэрахьами, зыми зыхуигъэгусакъым, илъэсиплI зауэм и мафIэлыгъэм хэтащ, Хэкум и хъумакIуэ хахуэм зэрихабзэу. Зауэм къикIыжа нэужь, аспирантурэм щIэтIысхьэри, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Яковлев Николай деж щеджащ. Аспирантурэр къиухри, БетIал Налшык къигъэзэжащ, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьащ. Абы щыгъуи мащIэрэ ираудэкIакъым абы хьэIупс ящIам, зэрикъуэр. И щхьэр щыщIрагъэхьаи къэхъуащ. «Уэрэдыр фадэм къыхэкIыркъым» усэм щхьэкIэ мащIэрэ къыхуэхъущIа БеталI. Усэм къимыкIыр къипхыфынущ, ар зытхар уи нэм бжэгъуу къыщIэуэмэ. Апхуэдэ жагъуэгъу Iэджэ иIащ БетIал. Жагъуэгъуми къелащ, япикIуэтакъым: хэутэн ящIыфхэм ящыщтэкъым БетIал, щIэныгъэкIи, акъылкIи, цIыхугъэкIи ефIэкIырт и жагъуэгъухэм, арауи къыщIэкIынт абыхэм ягу темыхуэр. БетIал щIэныгъэ куу зэриIам сэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. Бзэ зыбжани ищIэу щытащ. И анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ нэмыщI, нэмыцэбзэкIи псальэрт, куржыбзэкIэ усэ къеджэрт (Сталиным и усэ куржыбзэкIэ къеджэу зэхэсхащ). Хьэрыпыбзэми хэзэгъауэ щытащ: Дохъущыкъуей щыщ ефэнды гуэрым зэредэуар сощIэж, КъурIэным щыщ Сурэм тэмэму къызэремыджэмкIэ къиумысри. Ныбжьэгъур и куэдт БетIал, ныбжьэгъум захиIэтыкIыртэкъым. Академик Толстой, композитор Мурадели сымэ я деж къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей уэрамым тес шырыкъулъэщI Щамил деж нэсу - а псори и ныбжьэгъут БетIал, хэплъыхь ищIыртэкъым: зигу къыхуэкъабзэм езыри яхуэкъабзэт. БетIал дунейм щехыжам щыгъуэ Гамзатовыр гъащ, уси итхащ. Щамили игъеящ и ныбжьэгъу усакIуэр... КIуащ БетIал фIыуэ зыцIыхуа, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Чэшиф и гукъэкIыжхэми къыбжаIа ар зыхуэда цIыхур: - КIуащ БетIал сэ къызэрысщыхъуу щытам хуэдэу дунейм тетыфым и насыпу къызолъытэ. Ар цIыхушхуэт. ЛIышхуэт. Арат абы сыхудэплъейуэ сыщIригъусэр. Iуэхур апхуэдэу щыту къэзылъытэр си закъуэтэкъым – балигъыпIэм нэса сэ, щIалэщIэр, зыфIэщIалэжь цIыкIухэм я дежкIи БетIал лIышхуэт. ЦIыхушхуэт. Ахэри абы худэмыплъейуэ си фIэщ хъуртэкъым. КIуащ БетIал зауэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэмкӀи, и дуней тетыкIэмкIи, и усыгъэхэмкIи къилэжьат апхуэдэ щIыхьрэ пщIэрэ. Сыт хуэдиз си ныбжьми, абы сыхуэзэрейуэ, сригъусэу екIуэкIа илъэсищ-плӀым къриубыдэу си нэгу щIэкIащ КIуащым пщIэшхуэ къызэрыхуащIыр. Ар цIыхухэм фIыуэ къызэралъагъур. Гугъут икIи гухэхъуэт БетIал уригъусэу къалэ уэрамхэм удэтыну. ЩIэгугъурат: зекIуапIэ къратыртэкъым, псоми я нэт, я псэт абы зэманыр драгъэкIуэкIыныр. Езыми, апхуэдзкIэ хьэтырыфIэт, гу хьэлэлрэ псэ къабзэрэ иIэти, зыми и жагъуэ хуэщIыртэкъым. БетIал ельытауэ сэ сыщIалэ дыдэми, абы щIалафэ къызиплъауэ сщIэжыркъым. Ар апхуэдэу зыхущытыр си закъуэтэкъым. Сэ сыщIыхуэзэрейр адрейхэм нэхъра сынэхъыфIу е КIуащым сэ нэхъыфIу сыкъилъагъуу щытауэ жысIэнуи сыхуейкъым. Еханэ-еблана классхэм сыщеджу япэ дыдау си усэхэр зэзгъэлъэгъуар ЩоджэнцыкIу Iэдэмрэ КIуащ БетIалрэти, ахэр щIэзмыгъэзэшыр къызыхэкIыр, япэрауэ, си ерыщагърауэ къыщIэкIынт. КъимыдэкIэ, Щхьэлыкъуэрэ Налшыкрэ яку Арати, псэупIэ зэзмытыр Бетӏалт. Нобэ зыхэплъзу дагъуэ гуэрхэр зыхуищIа, си усэхэр зэзгъэзэхуэжыну къызжиIэy сригъэжьэжа нэужь, куэд дэзмыгъэкIыу, я нэхъыбэ дыди махуитI-щы нэхъ зызмыIэжьэу, къытезгъэзэжырти аргуэрыжьт... БетIал и фӀыгъэщ ар зытеIэзэщIыхьыжа «Унэ нэху», «Лу шыдыгум икӀуэдащ» си япэ усэхэм гъуэгу зэрагъуэтари, иужькIи «Къэбэрдей» альманахым си усэ гуп къытехуауэ зэрыщытари. БетIал си тхыгъэхэм хэплъэу схузэригъэзэхуэж къудейтэкъым – и чэнджэщхэм, ущиехэм сыщIигъэдэӀурт. Нобэ хуэдэу сощIэж «Унэ нэху» зыфIэсща усэр къыщыхуэсхьам ар къызэрысщыгуфIыкIар. Сытригъэгушхуэну къысщытхъуу арагъэнт, армырамэ а усэр зарымыщIагъуэр ноба къызгуроIуэж. Ауэ езыр фIыуэ теIэзэщIыхьыжа нэужь, абы къызжиIэгъари сощ1эж: «Зызыгъэклассик ди усакӀуэ, - жери зи гугъу ищIым и цIэр къреIуэ,- тхылъ псо къыдигъэкIащ «Унэ нэху» фIищри. Уэ мы уса закъуэмкIэ тхылъми ар зейми я пыIэкур къибудащ». Зи шыгу-пастэкIи, зи цӀыхугъэкIи, зи гулътэ дахакIи зи щIыхушхуэ стелъ КIуащ БетIал къызарысхущытам и хъыбарыр сыпсэуху схуэухынукъым. СэркIэ ноби псэущ ар. Сэ дунейм сытетыхукIи къыздэпсэунущ. Апхуэдэу къэзылъытэу щыIэр си закъуэкъым, сыту жыпӀэмэ фӀым кӀуэд иӀэкъым, ящыгъупщи хабзэкъым. Дауэ сэ, псалъэм папщӀэ, зэрысщыгъупщэжынур 1956 гъэм иужь дыдэу БетIал дэслъагъужа цӀыхугъэр? УсакIуэ цIэрыIуэ, цӀыхугъэшхуэрэ лIыгъэшхуэрэ зыбгъэдэлъ, Къэбэрдей псом яхузэрымыгъэгъуэт КIуащ БетIал елъытауэ, сэ сысытыт? ЕтIуанэ курсым щеджэну Мэзкуу зыгъэзэж сыщӀалэщӀэу арат. ЗэрыжаIэу, сэ схуэдэу зыгуэрхэр зыуцІырхъхэр щэрэ минрэт. БетIал и цIыхугъэр ялъысырт а щэрэ миным. Сэри абыхэм сащыщти... Пщыхьэщхьэм сезыгъэжьэж си Iыхьлыхэм тIэкIуи сынэщхъейуэ саздыхэтым, сыкъоплъэри... БетIал къызолъагъу. Къэхъуар къызыгурымыIуэхэм сакъыхожри... - Дыфхыхьэу зэран дыфхуэмыхъуну жыжьэу дыкъэувыIащ. Сэлам уэтхыжу уедгъэжьэжыну, зэрыплъагъущи, зэрыунагъуэу дыкъэкIуащ, жери БетIал къыпогуфIыкI. Срагъэжьэжащ езы БетIал, Нэгумэмрэ Къэбэрдеймрэ я цIэр зезыхьэ уэрамитIыр щызэтехьэм деж щыт унэ цIыкIум зи ерыскъы IэфI мызэ-мытIэу щысшха Тамарэ, Iыхьэншэ зызымыщIу къыддэгуашэ Барсик хьэплъыжь цIыкIум... - Гъуэгу махуэ, Елгъэр и къуэ! КIуэ, яхыхьэж уи Iыхьлыхэм. Гъэ къакIуэ укъыщыкIуэжкIэ уи ныбжьэгъу Хьэжбэчыр и оркестрымкIэ укъедгъэблэгъэжынщ, - жери и пащIэкIэ къыщIогуфIыкI. Сэ оркестркIэ сыкърагъэблагъэжынуи сыхуейтэкъым – сызыхуейр си псэм фIыуэ илъэгъуа мо унагъуэ цIыкIур узыншэу, мис а махуэм хуэдэу гуфIэжу сыкърихьэлIэжыну арати... Ар Алыхьым къызипэсакъым, сыкъызрихьэлIэжар си ныбжьэгъу нэхъыжьым, усакIуэ цIэрыIуэм и лIэкIэ хъуамрэ ар зэрыщIалъхьэжамрэ ехьэлIа хъыбар нэщхъеягъуэхэращ. Ауэ илъэс щэ ныкъуэкIэ сызэплъэкIыжурэ си нэгу къыщӀыхьэж, псэкIэ зэзгъэзэхуэж мы гукъэкIыжхэм ноби сэ нэхъыбэу къыхэслъагъукIыжыр 1956 гъэм сезыгъэжьэжыгъа унагъуэ цIыкIумрэ абы псэуэ хэта КIуащ БетIалрэщ. Апхуэдэхэр зэи пщыгъупщэжыркъым. Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олегщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





- КIуащ БетIал ящыщщ, зэгуэр фIыуэ пцIыхуу, и Тхыгъэхэм удахьэхауэ, абыхэм ящIэлъ гупсысэ куумрэ гурыщIэ къабзэмрэ уи гум хыхьауэ, упсэуху пщымыгъупщэж, махуэ къэси узыхуэзэ, уи дзыхь зэбгъэз, узэчэнджэщ цIыхухэм, - игу къигъэкIыжауэ щытащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Къагъырмэс Борис. – СэркIэ щапхъэщ БетIал и усыгъэхэри и гъащIэри.