Фаэтон – планетэ кIуэдыжа18-нэ лIэщIыгъуэм псэуа астрономхэм – Тициусрэ Бодерэ – Дыгъэ системэм хиубыдэ планетэхэр зэрызэпэжыжьэм хабзэ гуэр хэлъу къахутащ, ар «геометрическая прогрессия» жыхуаIэмкIэ къыпхуэпщыну. Абы зэхалъхьа формулэм утетмэ, Марсымрэ Юпитерымрэ зэхуакушхуэ яIэу, а тIум я кум иджыри зы планетэ дэтауэ жаIащ. 1771 гъэм Тициусрэ Бодерэ я формулэмкIэ къабжри, къабжам техуэуи Ураныр къызэIуахауэ щытащ. Абы иужькIэ Марсымрэ Юпитерымрэ я зэхуаку дэта, планетэ иримыкъум лъыхъуэну, «Небесная полиция» фIэщIыгъэм щIэт гуп, астроном 24-рэ хыхьэу, къызэрагъэпэщащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс 35-м Церерэ, Палладэ, Юнонэ, Вестэ зыфIаща планетэ цIыкIу, астероидхэр къызэIуахащ, дэтхэнэ зыри къалъыхъуэ планетэрауэ къащыхъурт, ауэ армырауэ къыщIэкIыжырт. ИкIэм - икIэжым, планетэр здэщыIауэ зыхуагъэфащэ щIыпIэм деж астероид хъушэ щызэхуэхусауэ къахутащ. ЩIэныгъэлIхэм хуагъэфэщащ къалъыхъуэ планетэр Юпитерым и гравитацэм зэпкъриуду, астероиду щэщэжауэ. Ахэр куууэ яджа, дэтхэнэ зы астероидым и кIэрэхъуэкIэр зрагъэщIа нэужь, астрономхэм жаIащ, а мывэ абрагъуэхэр зэи зы планетэм и пкъыгъуэу зэрыщымытар – ахэр зэпкъралъхьэжами, планетэу зэрызэхэмыувэнур. Ахэр цIыкIуIуэт планетэкIэ. Ауэрэ, зэман жыжьэм ирахьэжьа къэхутэныгъэхэр 21-нэ лIэщIыгъуэм къэсащ. 2009 гъэм Фемидэ, Церерэ, Вестэ жыхуаIэ астероидхэм псы щыIэу къагъуэтащ. А щыри зы планетэ ин гуэрым и пкъыгъуэу щытауэ, а планетэми ЩIым и атмосферэм хуэдэ иIауэ къалъытащ щIэныгъэлIхэм. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, етхуанэ планетэу Марсымрэ Юпитерымрэ я зэхуаку дэтар илъэс мелуан 11,5-рэ ипэкIэ зыгуэрым текIуэдащ. ПланетитIым я зэхуаку дэту къагъуэта астероидхэр зэгуэбгъэувэмэ, Меркурийм нэхърэ нэхъ ин, ауэ Марсым нэхърэ нэхъ цIыкIуу планетэ гуэрым къызэрыгуэхуар наIуэ пщохъу. Абдежым Фаэтоныр зэрыщыIар дунейм хахьащ щIэныгъэлIхэм. Аращ фIащар планетэ кIуэдам. Фаэтоным и кIуэдыжыгъуэ хъуауэ къалъытэр и купщIэм гъущI, и атмосферэм водород куэду зэрыхэтаращ. Фаэтоным и купщIэр къэкъуалъэрт, водородыр кIуэщIырти, давленэр ехуэхырт. КупщIэр нэхъри исыху – углеродрэ псырэ куэду къигъэщIырт. Псыр бахъэ хъужырти, давленэр дригъэкIуеижырт. Ар планетэм хуэмышэчу, зэпкърыщэщын щIидзэри, илъэс зы мелардым къриубыдэуи и нэхъыбапIэр къыгуэщэщащ. Фаэтоным зы Iыхьэ къыгуэхуху, адрей планетэхэмкIэ лъатэм, жьэхэуэурэ къриудырт, иныкъуэр астероиду хьэршым ищащэрт. Фаэтоныр зэуэ кIуэдыжакъым. КъыкIэлъыкIуэ илъэс мелуан 400-м къыгуэщэщахэм деж щIы трищIэжу щIидзащ. Ауэ, планетэм и купщIэр къикъуэлъыкIырти, трищIэжхэр триIыгъэртэкъым, къыгуэхужырт. А къутахуэхэм ящыщ, дауи, ди ЩIым къэсащ. ЩIым къыщагъуэта пкъыгъуэхэр яджа нэужь къигъэлъэгъуащ Фаэтоным зэгуэр гъащIэ зэрыщыIар. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




