Хъыбар кIэщIхэр

 Ди IэфIыкIэхэм къыщIэупщIэхэм къахохъуэ

Урысей Федерацэм и Федеральнэ таможнэ къулыкъум къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ирашащ IэфIыкIэхэкI зэмылIэужьыгъуэу тонн мин 1,7-м нэблагъэ.

Ди республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэр нэхъыбэу зыщэху хамэ къэралхэм яхэтщ Къыргъызыр, Монголиер, Куржыр. Псори зэхэту ди щIыналъэм ирашым и процент 45-р а щым ялъос. Дызэрыт илъэсым абыхэм къахыхьащ Иракыр. Мы гъэм абы ищэхуащ IэфIэкIэхэкIыу тонн 12,5-рэ.

Къэбгъэлъагъуэмэ, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и IэфIыкIэхэр псори зэхэту къэрал 14-м хурагъэшащ.

ХьэщIэщхэр зэпэубыда мэхъу

КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэхэм ирихьэлIэу Налшык къалэмрэ щIыналъэм и турист щIыпIэхэмрэ щыIэ хьэщIэщхэм я пэшхэр зэпэубыда мэхъу икIи а бжыгъэр проценти 100-м ноблагъэ.

ХьэщIэщхэм щIэтIысхьэнухэм пэшхэр бэджэнду нэхъыбэу мы гъэм къыщащтэр щэкIуэгъуэ мазэрщ. Зэрыхабзэу, щIыпIэ жыжьэхэм къикIа туристхэр ди деж къыщызэтоувыIэ махуитху-блы хуэдизкIэ. Ар абыхэм яхурокъу лыжэкIэ бгыхэм къыщажыхьыну икIи республикэм и щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъагъуну.

Ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIхэмрэ ди деж щыпсэухэмрэ махуитI-щым ирокъу, зы жэщ-махуэкIэ щыIэну къакIуэхэри мащIэкъым. Республикэм и хьэщIэщхэм цIыхуитI зыщIэхуэ пэшхэр зы жэщ-махуэм ику иту сом 6550-рэ и уасэщ, пэш хэплъыхьахэм сом II600-рэ щIатын хуейщ. Абы нэмыщI, илъэсыщIэ махуэхэм ирихьэлIэу, щIэупщIэр нэхъыбэ зэрыхъум къыхэкIыу, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и хьэщIэщхэм я уасэхэм процент 15 - 20-кIэ хагъахъуэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: