Сабийр къахуигъуэтыжащ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэ, полицэм и сержант нэхъыжь ГъукIэ  Альберт и зыгъэпсэхугъуэ махуэу     Кэнжэ къуажэм и гъуэгубгъум  гу щылъитащ  хуабэу мыхуэпа,   балигъ мыхъуа   хъыджэбз цIыкIум.  

Хабзэхъумэр абы щепсалъэм,   къищIащ ар езыр-езыру  и унэм  къызэрыдэкIар икIи   щытыкIэ гугъум къызэрихутар.   Хабзэхъумэм  хъыджэбз  цIыкIур  полицэм   ишащ.    Абы щынэсам  наIуэ хъуащ сабийр къызэралъыхъуэр - и адэ-анэхэм ар зэрыкIуэдамкIэ хъыбар кърагъэщIак1эт.  Iуэхур тэмэму зэфIэзыха  ГъукIэ Альберт  и фIыгъэкIэ унагъуэр зэрыгъуэтыжащ.        
Хъыджэбз цIыкIум  и адэм Альберт фIыщIэ хуищIащ  гудзакъэ зэриIэм, къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ.  

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:

Читать также: