ПсэупIэ куэд ящI2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуащ фэтэр куэду зэхэт унэу 109-рэ, унейуэ – 2701-рэ. ПсэупIэхэм псоми зэхэту яубыдащ метр зэбгъузэнатIэ мин 505-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 105,1-кIэ хуэкIуэу. Абы щыщу метр зэбгъузэнатIэ мини 138,5-р ухуэныгъэхэр щIыналъэм щезыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм къалъос, унагъуэхэм метр зэбгъузэнатIэ мин 367-р ящIащ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 579-рэ республикэм щатыну къалэнхэр щыIащ, ар проценти 103,5-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и щIышылэ - щэкIуэгъуэ мазэхэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ», «Урысей Федерацэм и цIыхухэр псэупIэ тыншхэмрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэщын» къэрал пэхуэщIэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр щIыналъэм дагъуэншэу зэрыщагъэзащIэрщ зи фIыгъэр республикэм щаухуэ псэупIэхэм я куэдагъым илъэс къэс къызэрыхэхъуэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




