ИлъэсыщIэ нэгузегъэужьхэрИлъэсыщIэ къэблагъэм иращIэкI Iуэхугъуэхэр щекIуэкIынущ Налшык къалэм и паркхэм, галереехэм, утхэм. «Платформа» арт-галереем и нэIэ щIэту къалэм щокIуэкI икIи къыщызэрагъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр, мастер-классхэр. Апхуэдэщ дыгъэгъазэм и 20-м КъБР-р къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъуар зи фIэщыгъэцIэ паркым и галереем къыщызэIуаха илъэсыщIэ гъэлъэгъуэныгъэр. Ар щIышылэм и 15 пщIондэ щыIэнущ. ЩIышылэм и 3 - 5-хэм, сыхьэт 15-м щIидзэу, абы мастер-классхэр щекIуэкIынущ. Дыгъэгъазэм и 29-м къалэм щекIуэкIынущ нэгузегъэужь Iуэхугъуэ зыбжанэ. 115-нэ шуудзэм хэтахэм я фэеплъым деж сыхьэт 12-м щызэхуэсынущ Налшык и гимназие №13-мрэ курыт еджапIэ №24-мрэ щIэсхэр. А махуэ дыдэм «Московский бульвар» паркым щабла ИлъэсыщIэ псейм деж зыкъыщагъэлъэгъуэнущ Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м щеджэхэм. КъБР-м и Правительствэм и Унэм и гупэм, сыхьэт 14-м гуфIэгъуэ концерт щекIуэкIынущ. Ар къызэрегъэпэщ Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм. А зэманым техуэу курыт еджапIэ №32-м и гупэм зыкъыщагъэлъэгъуэнущ абы щеджэхэм. Александровкэ щабла псейхэм язым и хъуреягъым уэрэдхэр щыжаIэнущ, къыщыфэнущ курыт еджапIэ №33-м щIэсхэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




