ЩIэныгъэм и налкъутналмэсым и илъэсищэ гъуэгуанэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжыр илъэси 100 зэрырикъурэ куэд щIакъым. Абы ехьэлIа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр еджапIэми хэгъэгуми щекIуэкIащ, дяпэкIи зэрызэхашэнум шэч хэлъкъым. Апхуэдэ пэхуэщIэ хьэлэмэтхэм ящыщщ иджыблагъэ дунейм къытехьа тхылъыр. «КъБКъУ-м егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжыр: тхыдэмрэ цIыхухэмрэ (1924 – 2024)» («Педагогический колледж КБГУ: история в биографиях (1924 – 2024) – аращ фIащар егъэджэныгъэ IэнатIэм щылэжьэну IэщIагъэлI минхэр зыгъэхьэзыра еджапIэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр къэзыIэтыж, блэкIам щIэрыщIэу дыхэзыгъэплъэж, дызыщымыгъуазэ куэд дыдэ ди пащхьэ къизылъхьэж тхылъым. КъБКъУ-м Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэ и пэшышхуэм иджыблагъэ щекIуэкIащ тхылъыр дунейм къызэрытехьам иращIэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ

Сыт и лъэныкъуэкIи щIэщыгъуэ тхылъыр гъэхьэзырыным и жэрдэмщIакIуэ хъуар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ бзэщIэныгъэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Башиевэ Светланэщ. Къыхэгъэщын хуейщ дызытепсэлъыхь лэжьыгъэшхуэр «КъБКъУ-мрэ цIыхухэмрэ» («Образ КБГУ в лицах») зэужьым хэту дунейм къызэрытехьар, ар абы и ещанэ къыдэкIыгъуэуи зэрыщытыр. Тхылъым къызэщIиубыдащ колледжым илъэс зэхуэмыдэхэм щылэжьа, щеджа, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэту щIыналъэм зифI езыгъэкIа цIыху 490-м ятеухуа тхыгъэхэр. Тхылъыр зэрыщыту къапщтэмэ, КъБР-м и архив IуэхущIапIэм, КъБКъУ-м и хъумапIэхэм къыхахыжа дэфтэрхэм (цIыхум и гъащIэр щызэкIэлъигъэкIуа биографиехэм, анкетэхэм, унафэхэм) тещIыхьащ. Апхуэдэу абы тегъэщIапIэ ищIащ КъБР-м курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я сайтхэр, «Лъэпкъ фэеплъ» («Память народа»), «Лъэпкъ лIыхъужьыгъэ» («Подвиг народа»), «Фэеплъ» («Мемориал») интернет напэкIуэцIхэр, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъищым я бзэкIэ къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ.

Мы колледжыр ди щIыналъэм япэ дыдэу къыщызэрагъэпэща, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ цIыхубэм яриту егъэджэныгъэ IэнатIэм хуэлажьэу езыгъэжьа IуэхущIапIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – я интеллигенцэр зэфIэувэным, я щэнхабзэм зиужьыным, я бзэкIэ лажьэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зыкъыщиIэтыным хуэунэтIауэ колледжым хузэфIэкIар къыпхуэмылъытэну инщ. 1924 гъэм ар егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр техникум хуэдэу къызэIуахауэ щытащ, пэщIэдзэ еджапIэм щылэжьэнухэр, сабий гъэсакIуэхэр, пионер гъуазэ нэхъыжьхэр, политузэщIакIуэхэр къыщIигъэкIыу. 1931 гъэ пщIондэ ар Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум хэтащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, гъуазджэмкIэ и IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ япэ лъэбакъуэуи щытащ. Дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, техникумыр 1931 гъэ пщIондэ хьэкукIэ ягъэплъ пэшиплI унэ щхьэхуэм щIэсащ, егъэджакIуэхэм я зэхуэсыпIэ, тхылъ хъумапIэ, клуб хэтащ. 1924 – 1932 гъэхэм мы техникумым фIэкIа курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ щылэжьэну лъэпкъ кадрхэр щагъэхьэзыр нэгъуэщI еджапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым итакъым. 1937 гъэм абы и цIэр яхъуэжащ – Налшык къалэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и училищэ цIэр игъуэтащ, 1993 гъэм ар ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр колледж хъуащ, 1997 гъэм КъБКъУ-м зы къудамэу хыхьащ.

1997 гъэм къыщыщIэдзауэ 2018 гъэ пщIондэ колледжым щылажьэхэм ящыщу цIыхуи 3-м доктор диссертацэр, 33-м кандидат къэхутэныгъэхэр щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ пхагъэкIащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, щIэныгъэхэмкIэ докторыцIэр зиIа Къардэн Бубэ, КIуэкIуэ Жэмалдин, Апажэ Мухьэмэд, МафIэдз Сэрэбий, кандидатхэу ЛIуп Гъумар, Чым Юрэ, Сыкъун Хьэсэн, нэгъуэщIхэри. Колледжым щеджащ лъэпкъ литературэм гуащIафIэу щылэжьа Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Балъкъэр Фоусэт, нэгъуэщIхэри. ЕджапIэм щIэныгъэ къыщIэзыха куэд дыдэм хэгъэгупсо икIи урысейпсо зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ, ехъулIэныгъэфIхэри щызыIэрагъэхьащ.

Щхьэхуэу къиIуэн хуейщ колледжыр хэхауэ зэрыгушхуэ, Хэку зауэшхуэм хахуагъэ къыщызыгъэлъэгъуа Къардэн Къубатий, Мэсей Аслъэнджэрий, Иуан Хьэсэн, Байсултанов Алим, Уммаев Мухьэжыр, Иллазаров Исай, Диденкэ Николай сымэ я цIэхэр. Мыхэр Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуащ. Апхуэдэу зэуапIэм псэемыблэжу Iутащ еджапIэм къыщIэкIа щIэса щIалэгъуалэ куэд. Зи щхьэр зауэ мафIэсым хэзылъхьаи, зыдэкIа жьэгу мафIэм къыхуэзыгъэзэжаи къахэкIащ, ауэ псори зэхуэдэщ еджапIэм деж – абыхэм я лIыгъэр яIэт, я хъыбарыр мыужьыхыжу мыбы щызокIуэ.

Тхылъым иращIэкI Iуэхугъуэ дахэр къызэIузыха, КъБКъУ-м и япэ проректор ГъукIэпщокъуэ Мурат зэрыжиIамкIэ, Къэралым тепщэныгъэр илъэс куэдкIэ щызыIыгъ Советхэм абы щыпсэу цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ хьэкъ къытенауэ жызыIэр пэжым ебакъуэу къэлъытэн хуейщ.

– Абы иригъэкIуэкIа политикэм сыт хуэдиз щыщIэныгъэ хэмылъами, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ къэIэтыным къаруушхуэ ирихьэлIащ: цIыхухэм еджэкIэрэ тхэкIэрэ яригъэщIащ, IэщIагъэм и хэхъуапIэр яригъэлъэгъуащ. ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр IуэхущIапIэхэр абы и лъэныкъуэкIэ къэралым и Iуэхур дэзыгъэкI IэмэпсымэфIу къыщIэкIащ. ИкIи, жыIэн хуейщ, абы тхыдэ мыхьэнэ зэриIар, абыкIэ зыхуигъэувыжа гуращэхэр къэралым къызэрехъулIар. Ди щIыналъэм дежкIэ колледжым и мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэщIыну инщ. Фи пащхьэ нралъхьа тхылъым къызэщIиубыдар а дуней иным и зы ныбзщ, ауэ, шэч хэлъкъым абы къыхэзыгъэхъуэн къызэрыкъуэкIынуми, къыхагъэхъуэн зэрыщыIэнуми. Дыщыпсэу лъэхъэнэр мылъкум и дунейщ, абы псэкупсэ лъапIэныгъэхэм щаубыд увыпIэр зыхэпщIэу нэхъ мащIэ хъуащ. Ауэ мы тхылъым къиIэта Iуэхугъуэхэм гупсэхуу уащыпхрыплъкIэ, зыхыумыщIэнкIэ Iэмал зимыIэ зы гупсысэм урешалIэ: псэуныгъэм и лъапIэныгъэр щызыхэпщIэр ар дахэ икIи щIэщыгъуэ къыпщызыщI щIэныгъэ щыббгъэдэлъым дежщ. Мылъкур уэсэпщ, мэкIуэдыж, ауэ щIэныгъэм къиIэтам зеужь, ужьых иIэкъым. Мы тхылъыр абы и щыхьэт нахуэщ – еджапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым кърита фIыгъуэбэм зэрызригъэужьам, абы ар гъуэгу захуэ зэрытригъэувам шэч хэлъкъым. Колледжым хузэфIэкIар Хэку лъагъуныгъэм, гуащIэдэкI хьэлэлым, псэкупсэ дахагъым я щапхъэ нэсщ. Дунейм къытехьа тхылъым сыщогуфIыкI, гъуэгу махуэ теувэнуи си гуапэ, – жиIащ проректорым.

1990 гъэм къыщегъэжьауэ 2016 гъэ пщIондэ еджапIэм и унафэр зэрихьащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РСФСР-м цIыхубэр егъэджэнымкIэ и отличник, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Байчекуевэ Нинэ. «ДыщIызэхуэзэ щхьэусыгъуэм си гур къызэфIегъанэ, апхуэдизкIэ сыщогуфIыкIри. Дауэ ущымыгуфIыкIынрэ-тIэ? Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ятеухуа тхылъ хьэлэмэт дунейм къытехьащ. Дигу къыдогъэкIыж гъащIэм япэ лъэбакъуэ щыдэзыгъэчахэр, цIыхугъэм дыхуэзыущияхэр, щIэныгъэм дыхуэзыгъэушахэр. ЕджапIэ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым нобэрей тхылъым хуэдэ зытратхыхьа, апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэкIэ зыщытхъужыфын... Дэ диIэщ. Тхыдэшхуэр цIыхушхуэхэращ зыщIыр, сэ си щхьэкIэ егъэджакIуэхэр апхуэдэ цIыхушхуэу къызолъытэ. Яхуэфащэщ. Мы еджапIэм къыхуащI Iулыджыр апхуэдизкIэ инти, илъэс 50 щрикъуа махуэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым ЩIыхь тхылъ къыхуигъэфэщауэ щытащ. Мыбдеж сыт щыгъуи зэгурыIуэр, лъагъуныгъэр, гулъытэр щытепщэт. ЕджапIэм и бжэщхьэIу къебэкъуа сабийм апхуэдизкIэ зэрыхуейр зыхрагъащIэрти, абы лъэмыкIыу зыкъыбдищIырт, бгъэдалъхьэ щIэныгъэр нэхъ лъагэу зэриIэтыным хущIэкъурт. Мы еджапIэм щылэжьахэри, нобэ щылажьэхэри апхуэдизкIэ зи IэщIагъэм гурэ псэкIэ ета цIыхущи, хуэдэ нэгъуэщIыпIэ щумылъагъуну къыпщохъу. Лэжьэн щыщIэздзам си гум шынагъэшхуэ илът, сахэзэгъэну пIэрэ, еджапIэм и цIэм сыхуэфэщэну пIэрэ, жысIэу. СыкъыщыкIуа 90 гъэхэм сытри пкъутэну тыншт, зэбгъэпэщыныр, ебгъэфIэкIуэныр, зебгъэужьыныр нэхъ хьэлъэт. Ауэ дыпэлъэщащ. Удын зэхэдзэ нэхърэ – акъыл зэхэдзэ, жаIэ. Лъэхъэнэ гугъум дыкъикIри, ди гъуэгу дытеувэжащ. ЦIыхубэм дызэрызэхащIыкIар, къызэрыткъуэувар жысIэну сыхуейщ. Абыхэм гукъыдэж къыдату дылэжьащ. Зэи сщыгъупщэнкъым КъБР-м и Япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ ди еджапIэм щхьэкIэ «щIэныгъэм и налкъутналмэсщ» къыхужиIауэ зэрыщытар. Ар дэркIэ пщIэшхуэт. Тхылъым къызита гузэхэщIэхэр апхуэдизкIэ куэд мэхъури, сытепсэлъыхьыну сызыхуейхэр уэру къысфIокIуэ. Ауэ зы жызмыIэу хъунукъым: тхылъыр игъэхьэзырыну жэрдэм къыхэзылъхьа Башиевэ Светлани, абы къыдэлэжьа гупми фIыщIэ жыг фхуэфащэщ, фIыр къыфхуищIэ», – жиIащ Байчекуевэ Нинэ.

Тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Башиевэ Светланэ псалъэ щратым, зэIущIэм кърихьэлIахэм псоми фIыщIэ яхуищIащ, къыхуащI гулъытэм зэрыригушхуэри къыхигъэщащ. «Къыхэзгъэщыну сыхуейт: тхылъым си закъуэкъым елэжьар – ГъукIэпщокъуэ Мурат ди пашэу щытащ гупым. Тхылъым дыщелэжьым, гугъуехь зыбжанэ дыIууащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1924 – 1942 гъэхэм я архивыр хъума хъуакъым. Ар гъащIэм щыщу илъэс 18 мэхъу. Дунейм къытехьа мы тхылъым цIэ нэхъыбэ ихуэну къыщIэкIынт а илъэсхэр къыхэтлъытэфатэмэ. Псом хуэмыдэу ар ятеухуащ Хэку зауэшхуэм дэкIахэм. Иджыпсту тхузэгъэпэщыжар цIыхуи 107-м я цIэ-унагъуэцIэхэрщ. Нэхъыбэ зэрыхъуу щытам шэч хэлъкъым. Си дежкIэ мыхьэнэ иIэщ мы Iуэхуми, аращ хэхауэ къыщIыхэзгъэщыр. Сыщогугъ дяпэкIэ зыгуэрхэр къытхущIэгъэщыну. ЕджапIэм щыщу зауэр къыщыхъеям дэкIахэр илъэс 20-м иту арат, едгъаджэхэм я лъэгуажьэгъут. Абыхэм я псэр зыщIата мамырыгъэм и уасэр Iэмалыншэу зыхегъэщIэн хуейщ ди щIэблэм. Мы тхылъым Iэджэ гъэщIэгъуэни итщи, ар студентхэм ялъагъуни щIаджыкIыни хуейщ, Iэмалыншэу ирипсэлъэныр я хьэкъщ», – жиIащ Башиевэ Светланэ.

Тхылъыр и бжыгъэкIэ 200 хъууэ къыдэкIауэ аращ. Ар ящэнукъым, ауэ колледжым щылэжьахэм, абыхэм я бынхэм тыгъэу иратынущ. Итым щыгъуазэ зыхуэзыщIыну хуейхэр КъБКъУ-м и библиотекэм щеплъыну Iэмал яIэщ.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэм тхылъ икIи сурэт гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр къыщызэрагъэпэщащ. КърихьэлIахэр зытепсэлъыхьын, ягу къагъэкIыжын куэд дыдэ щыIэт. А гукъыдэжыр абыхэм даIыгъыу КъБКъУ-м и уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм, къэфакIуэ гупхэм пшыхьыр ягъэдэхащ.

Апхуэдэу зэIущIэм къыщыхагъэщащ Сокуров Александр и цIэр зезыхьэ киноконцерт пэшышхуэм дыгъэгъазэм и 20-м махуэщI пшыхь зэрыщыIэнур колледжыр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.

Тхыгъэри сурэтри зейр ШУРДЫМ Динэщ.
Поделиться:

Читать также: