IэщIагъэлI Iэзэт, гулъытэ зиIэ цIыхут

Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и IэщIагъэлI пашэхэм ящыщащ Жылэ Исмэхьил Хьэту и къуэр. Зыпэрыта дэтхэнэ лэжьыгъэри жэуаплыныгъэшхуэ пылъу ирихьэкIащ абы, и зэфIэкIми и цIэр фIыкIэ игъэIуащ. Iэзагъышхуэрэ цIыхугъэшхуэрэ зыхэлъа дохутырыр зэгуэр игъэхъужахэми зыхэта гупми, шэч хэмылъу, фIыкIэ ягу къинащ. ЦIыху гуапэт, гулъытэ иIэт, гущIэгъу хэлът, хузэфIэкIымкIэ псоми дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунут. ПщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэринэкIащ Жылэм.
Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм I94I гъэм къыщалъхуащ Исмэхьил. Курыт школыр фIы дыдэу къиухри, Исмэхьил щIэтIысхьащ Осетие Ищхъэрэ къэрал медицинэ институтым. Ещанэ курсым щIэсу дзэм къулыкъу щищIэну ираджэри, I962 гъэм щегъэжьауэ I965 гъэ пщIондэ а къалэныр щрихьэкIащ Украинэм хыхьэ Житомир щIыналъэм. Абы иужькIэ медицинэ институтыр къиухыжащ, адэкIэ Къэзан къалэм ягъакIуэри, абы ординатурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуэжауэ щытащ. I970 гъэм Жылэм Анзорей къуажэм хирургыу лэжьэн щыщIидзащ, иужькIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым илъэс зыбжанэкIэ щыIащ. ПIалъэ кIыхькIэ ар щылэжьащ Жьэн узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ республикэ диспансерым, хирургыуи, IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэуи щытащ. И IэщIагъэм фIы дыдэу хищIыкIырт Исмэхьил, щыуагъэншэу тхьэмбылым и узыфэр къихутэрт. Гурэ псэкIэ зыбгъэдэта лэжьыгъэм гуащIэшхуэ хилъхьащ абы. Сымаджэм игу щIэузу, гущIэгъу хуиIэу щытт, и нэIэ щIэтым игу хуэмызэгъауэ ар унэм щыкIуэжа къэхъуакъым. И гулъытэ ялъигъэсырт IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэми, абыхэм я дежкIэ щапхъэу зэрыщытым къищынэмыщIауэ, чэнджэщэгъуи яхуэхъурт, езым и щIэныгъэмкIэ ядэгуашэу, лэжьыгъэ и пIалъэм нэхъ куууэ зэрыхигъэгъуэзэным хущIэкъурт. 
Жылэ Исмэхьил зыцIыхуу щытахэм ягу къыщагъэкIыжкIэ и Iэзагъэм къыдэкIуэу къыхагъэщ гулъытэшхуэ зиIа цIыху телъыджэу зэрыщытар. ЛъэIукIэ къыбгъэдыхьа щигъэщIэхъуа къэхъуакъым, жэщ-махуэ жиIэнутэкъым, езэш ищIэркъым. «Сэ къысщыгугъыу зи щхьэ къызэзыхьэлIар дауэ зэрызгъэщIэхъунур?!» - жиIэрти, езым и Iуэхур къигъанэрти, зыкъыхуэзыгъэзам ейр зэфIигъэкIырт. НэгъуэщIуи щытыфынутэкъым Исмэхьил, и напэм хутегъэхуэнутэкъым, ар и цIыху щIыкIэти, къыхуиуха гъащIэр ирихьэкIыху а хьэлым тетащ. 
- Абы хуэдэр зырызщ, егъэлеяуэ цIыхуфIт, гуапэт, и гулъытэр цIыкIуми инми ялъигъэсырт, сыт хуэдэ зэманми къэдгъуэтыфырт. Исмэхьил сымэ зэкъушиплI хъурт, езыр я нэхъыщIэт. Нэхъыжьхэр къуажэм къыдэнэри, Исмэхьил къалэмкIэ къэкIуат. ЗэкъуэшиплIми къатехъукIауэ къалэм цIыху I6 дыщыIэт. Абы щыгъуэм си адэм, ар зэкъуэшхэм я нэхъыжьт, Исмэхьил къыжриIат: «Къуажэм дэсхэм сэ си нэIэ ятезгъэтынщ, къалэм нэкIуахэр уэ уи анэмэтщ». ИгъэзэщIащ адэ къуэш гумащIэм пщэрылъ къыщащIар. Дэри ди щIэблэми ди Iуэху зыIутым зыщимыгъэгъуазэу, къытщIэмыупщIэу зы махуэ дигъэкIакъым. ЩIэныгъэр езым фIэфIт, абы и мыхьэнэр, и къарур къыгурыIуэрти, ди щIэблэр сытым дежи еджэным тригъэгушхуэрт, абыкIэ ехъулIэныгъэ гуэр зыIэрызыгъэхьэхэм гулъытэ яхуищIырт. Къыщыхъуа жылэжьыр зыпищI щыIэтэкъым, къуажэдэсхэми фIыуэ къалъагъурт, ахэр щыгъуазэт, хуей хъумэ, Исмэхьил сытым дежи къызэрагъуэтыфынум, зэрызыхуагъазэ Iуэхур тэмэму зэрызэфIигъэкIынум. ЩIыбагъ быдэу диIащ, абы къыдит гушхуэныгъэм ди лъэр нэхъ псынщIэу щIигъэкIырт, - жеIэ Жылэм и къуэш нэхъыжьым ипхъу Уэрдокъуэ Разият.
Сыт хуэдиз цIыхум ар сэбэп яхуэхъуами, дапщэм я узыншагъэр зэтригъэувэжами къыпхуэлъытэнукъым. Нэхъыщхьэращи, Исмэхьил и дэIэпыкъуныгъэр зылъысахэм зэхащIыкIащ и гулъытэр, абы хуэгъэза щытхъу, фIыщIэ псалъэ куэд зэхыбох. Аращ дохутырым и лэжьыгъэр зыхуэдэр къызэралъытэ пщалъэ нэхъыщхьэри. Игури и псэри IэщIагъэм етауэ, жэуаплыныгъэшхуэ пылъу зыпэрыт Iуэхур зэрырихьэкIам папщIэ Жылэ Исмэхьил къыхуагъэфэщащ къэрал къулыкъущIапIэ зэхуэмыдэхэм я фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, дамыгъэхэр, «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр. 
ТыншыпIэ къилъыхъуакъым абы зэи, къапщтэмэ, фIыуэ илъагъу IэнатIэм гупсэхугъуэ къритут къызэрилъытэр. Аращ пенсэ ныбжьым щынэсами, мытIысыжу абы и лэжьыгъэм щIыпищар. 
ЦIыху жумартт Жылэ Исмэхьил, пхъэщхьэмыщхьэ хадэ дэгъуэ иIэт, дэтхэнэ зы жыгми елIалIэу къигъэхъурт, бэвуи кърихьэлIэжырти, абыкIи цIыхухэм ядэгуашэрт. 
Унагъуэ дахэу зэдэпсэуащ Исмэхьилрэ и щхьэгъусэ Майерэ. Хабзэ, нэмыс, зэгурыIуэ, лъагъуныгъэ, пщIэ зыдэлъ жьэгу пащхьэм абыхэм щагъэсащ хъыджэбзищ, ахэр гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ. Япхъу нэхъыжь Ингэ и анэм хуэдэу филологщ, Иринэ адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ - гум еIэзэ дохутырщ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, Аринэ экономистщ. Абыхэм я щIэблэми къахэкIащ адэшхуэр щапхъэ зыхуэхъуа - Ингэ ипхъу Лаури дохутыр IэщIагъэм хуеджащ.
Илъэс мэхъу Жылэхэ я лъэпкъым Исмэхьил зэрахэмытыжрэ. Лъэпкъым и мызакъуэуи, щIыналъэм и медицинэмкIи ар хэщIыныгъэшхуэщ. Ауэ ар гъащIэм и хабзэщи, псэ зыIуту къигъэщIами, пIалъэ иIэщ. Нэхъыщхьэращи, Жылэ Исмэхьил и гъащIэ пIалъэр IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ, лъэужь дахэ дунейм къытринащ, абы и щапхъэр езым и щIэблэм я мызакъуэу, медицинэ IэщIагъэр къыхэзыххэми гъуазэу яIэнущ. 
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться:

Читать также: