ТхакIуэмрэ усакIуэмрэ

Къаныкъуэ Анфисэ и журналист лэжьыгъэм газетымкIи телевидениемкIи цIыхухэр щигъэгъуэзэну хунэсащ илъэс I7-м къриубыдэу. Иджы ар романхэр зытх тхакIуэ балигъщ. НыбжькIэ жыжьэ нэмысами, акъыл балигъкIэ гупсысэ, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ цIыху зэчиифIэщ. Къаныкъуэр тхакIуэ къудейуэ пхужыIэнукъым, атIэ къэхутакIуэщ. Зытетхыхьри, иджырей зэманкъым, атIэ лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэIэбэкIыжурэ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр къэзытIэщыж, и шыфэлIыфэр набдзэгубдзаплъэу зэфIэзыгъэувэж цIыху акъылыфIэщ. КъБКъУ-м химик-эколог IэщIагъэр щызэзыгъэгъуэта пщащэр, «Адыгэ псалъэм» къэзышар и анэдэлъхубзэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ пыщIэныгъэмрэщ. «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэм пасэу кIуэн щIэзыдза хъыджэбзым литературэм щыпхиша лъагъуэр къызэрыщIидзар рассказкIэщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр ихуащ «Шыхулъагъуэм» къыдигъэкIа «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр», «КъудамэщIэ» тхылъхэм. Рассказхэр, новеллэхэр, повест щызэхуэхьэсауэ езым и тхылъи къыдэкIащ («Синэмис»). Хьэх Сэфарбийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ гъуэгугъэлъагъуэ зыхуэхъуа пщащэм нобэ зиузэщIащ. Анфисэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Хьэтхэр» романыр, абы къыкIэлъыкIуащ а фIэщыгъэцIэр зезыхьэ трилогиер. 
Анфисэ зыгъэпсэхуным къыхуигъэщIакъым. Ар зэи мыжей тхакIуэущ къызэрыпщыхъур и лэжьыгъэхэм щытепсэлъыхьым деж. Махуэм журналистикэм и гуащIэр хелъхьэри, жэщым матхэ. Иджыпсту къыдагъэкIыным поплъэ «Япэрейхэр. Гуащэм и пшыналъэр», хьэзыр ищIа роману щылъщ «Нурыбэхэр». Апхуэдэуи «Адыгэм и пасэрей тхыдэ», «МелыIычхэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ» романхэм, Къаныкъуэхэ я лъэпкъ тхылъым йолэжь. 
Анфисэ и щхьэм щызэблэкI гупсысэхэр куэдщ, ар зыцIыхухэм я дежкIэ щэхукъым иджыри апхуэдэ роман куэд зэритхыфынур. Зыхуэныкъуэр тхылъхэр къыдэзыгъэкIынрэ тезыгъэгушхуэнрэщ. Япэ романым и къежьапIэ хъуам щытепсэлъыхькIэ, Анфисэ игу къегъэкIыж. 
- Газет лэжьыгъэм сыдихьэхауэ сылажьэрт. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж лэжьыгъэ IуэхукIэ сыщIыхьауэ къызжеIэ: «Адыгэр догушхуэ хьэтхэм дыкъытекIащ жытIэу. Ауэ абыхэм ятетхыхьын диIэкъым». Абы ищIэтэркъым хьэтхэр университетым сызэрыщIэс лъандэрэ «зэрызэзгъэцIыхур». Роман стхыну сытегушхуэртэкъым, рассказ кIэщIхэр стхы мыхъумэ. Абдеж щыщIэдзауэ, илъэс I6-кIэ сызэджа къомыр, зы сюжету си щхьэм щызэфIэуващ. Иужь сихьэри, газет Iуэхуи зезмыхуэжу, унэми лэжьапIэми сыщытхэрт, нэхущ хъуху сыщыщыс къысхуихуэу. Зы мазэм къриубыдэу стхар занщIэу ХьэфIыцIэм къыдигъэкIауэ щытащ «Черкесика» къыдэкIыгъуэм щыщу. «А романым къыкIэлъыкIуэну?», жаIэу щIэджыкIакIуэхэр къыщыщIэупщIэм, мэуэтхэм я деж сынэсащ, асирийцхэм я тхыдэм щыщIэкIыжу, - жеIэ Анфисэ. 
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мухьэмэд зытригъэгушхуа лъэбагъуэр гъуэгу бгъуфIэ хъуащ. ФIыщIэу хуищIыр мыухыжщ. 
Шэч къытетхьэркъым Анфисэ иджыри тхыдэ лэжьыгъэ куэдкIэ дызэригъэгуфIэнум, ауэ щIэныгъэ лэжьыгъэм зрипщытыну и мурадщи, ари Тхьэм къригъэхъулIэ. 
Анэ лъагъуныгъэр и лъабжьэу
Гугъуэт Заремэ и журналист лэжьыгъэр ди щIэджыкIакIуэхэм я гур зыгъэпсэхущ. Абы жылагъуэм къахелъагъукIыфI цIыху гу къабзэхэр, зэчиифIэхэр, зэфIэкI гъэщIэгъуэн зыбгъэдэлъхэр икIи абыхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр газетым къытредзэ. Псом хуэмыдэу адыгэм къыхэкIа щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр дэзыгъэцIыхур Заремэщ. Апхуэдэуи адыгэ Iуэхум, хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм куэдрэ тотхыхь. И цIыху щIыкIэкIэ нэхъыщхьэ дыдэу дэплъагъур адэгуу, адыгэпсэу зэрыщытырщ. КъызыхэкIа лъэпкъым къыхуэщхьэпэну къилъытэ сыт хуэдэ Iуэхуми пэрыхьэфынущ, фIы дыдэуи зэфIигъэкIынущ. 
И пэжыр, и захуэр, и гукъабзагъэр япэ иту псэу, псэ пIащIэ зиIэ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр куэд щIауэ къытохуэ республикэм, гъунэгъу хэгъэгухэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм, Интернетым щиIэ напэкIуэцIхэмкIэ щIыпIэ куэдым щызэбгрокI. Заремэ и IэдакъэщIэкIхэр ихуащ пасэу кIуэн здригъэжьа «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэм къыдигъэкIа «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр», «КъудамэщIэхэр» тхылъхэм. 20I6 гъэм и усэхэр щызэхуэхьэса «Хьэуа Iубыгъуэ» тхылъыр «Эльбрус» къэрал тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Адыгэбзэ дахэ, куу, шэрыуэ зыIурылъ усакIуэм и хъэтIыр куэдым къахыбоцIыхукI. Анэдэлъхубзэм и IэфIагъымрэ гурыщIэ щэхум и лъапIагъымрэ псэкIэ зыхозыгъащIэ и усэхэм ящыщ дэтхэнэ зыри гукIэ зэбгъэщIэну, махуэ къэс къытебгъэзэжурэ укъеджэну ухуейуэ апхуэдэщ. Абы и гупсысэхэр къызэриIуатэ псалъэ зэпхахэмрэ усыгъэм къыщигъэсэбэп зэгъэпэщэныгъэмрэ умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Усэ сатыр къэс къэпсэлъыкIэ гъэщIэгъуэн хэплъагъуэу урокIуэ Заремэ и творчествэм. Уеблэмэ, гум щыхъэ гуэр псалъэкIэ къэпIуэтэф мыхъун хуэдэу къыпщыхъуами, Заремэ ар адыгэбзэ къабзэкIэ къиIуэтауэ ущрихьэлIэр куэдрэщ.
ТхакIуэ зэчиифIэм и къалэмыр зэи «игъэзэшыркъым». Абы махуэ къэси усэбзэкIэ къеIуатэ и гурылъхэр. Дунейм къытехьа тхылъым нэмыщI, тхылъ зыбжанэ хуэдиз хъун и компьютерым щызэхуихьэса къыщIэкIынщ. Иджырей технологиехэм я сэбэпынагъыр къигъэсэбэпу, Заремэ и усэхэр интернет напэкIуэцIхэм кърелъхьэ, абыхэм щиIэ щIэджыкIакIуэхэм я еплъыкIэхэр къыкIэщIатхэжу зэрыщытым гур хегъахъуэ, нэхъыбэжым утрегъэгушхуэ. 
«Анэ лъагъуныгъэращ си творчествэм и къыщIэдзапIэр. Си псэр, си щхьэр тыншынращ сыщIэтхэр. СэркIэ, усэр – хуитыныгъэщ. «Усэ стхынщ», жыпIэу уетIысылIэфыркъым, ар прозэм нэхъ хозагъэ. Усэ тхыныр къыплъыкъуэкIамэ, абы зы щытыкIэ гуэрым урегъэувэри, уи псэр гугъу ирегъэхь, тхылъымпIэм томыгъэзэгъауи, уигъэтыншыркъым», - жеIэ Заремэ. 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: