«Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и радиожурналист, абы и зы къудамэм и унафэщI Беслъэней Еленэ зэфIэкI къэзыгъэлъагъуэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм щытекIуэ пщащэ жанщ. УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, «Росмолодёжь» федеральнэ агентствэм и Iуэхур зыгъэкIуатэхэм ящыщщ. 2022 гъэм Еленэ «Радиопроект нэхъыфI» IыхьэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр къихьауэ щытащ. Мы гъэм ехъулIэныгъэ щигъэлъэгъуащ журналист щIалэгъуалэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа «Шум» урысейпсо зэпеуэм. Гурэ псэкIэ зыпэрыт и лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ар IэпэIэсэщ икIи сурэтыщIщ - гъуазджэм и фIыпIэр псэкIэ зыхещIэф. Еленэ щIы-мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ IэщIагъэлIщ. Ставрополь къыщиухащ къэрал мэкъумэш университетыр.
- Пэжым ухуеймэ, еджапIэ нэхъыщхьэ сыщыщIэтIысхьэм, и фIэщыгъэр гурыхь сщыхъури сыкъытеувыIауэ арат. СызэрыцIыкIурэ сэ хъуэпсапIэу щы сиIэт: радиом сыщылэжьэну, дизайнер сыхъуну, стюардессэу сыщытыну. Курыт еджапIэр къыщызухым, нобэ хуэдэу гъуазджэм ехьэлIа IэщIагъэхэм мыхьэнэшхуэ иратыртэкъым. Дизайнер IэщIагъэм сыхуемыджами къыхэзмыхами, си хъуэпсапIэр сщIыгъуащ сыт щыгъуи. Ди унэм щIэтщ зэрыдэ машинэу тIу икIи къызогъэсэбэп. Зэман дэкIауэ, а хъуэпсапIэм згъэзэжащ. Фэилъхьэгъуэхэм я дизайнымкIэ магистратурэр мы гъэм къыщызухащ КъБКъУ-м, - жеIэ абы.
Еленэ абы и закъуэкъым и хъуэпсапIэхэм ящыщу къехъулIар. Ар радиом и лэжьакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ. ХъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм щылэжьащ илъэсихкIэ. Абы къыдэкIуэуи утезыгъэу нэтынхэри иригъэкIуэкIырт. ИужькIэ, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щытепсэлъыхь нэтынхэр егъэкIуэкIыным дихьэхащ. Бзылъхугъэр тепсэлъыхьащ ахэр нэхъ зытегъэпсыхьахэм:
- Нэтынхэр зытеухуам я гугъу пщIымэ, ахэр куэду зэщхьэщокI. Махуэ къэс эфирым сыкъохьэ. Блыщхьэм жылагъуэ гъащIэм, политикэм сытопсэлъыхь. Псом япэрауэ, ар республикэм и цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэрщ. Гъубжым цIыхубэр тезыгъэу нэтынхэм пызощэ, бэрэжьейм республикэм илъ хъыбарыщIэхэм зызогъэубгъу, махуэкум лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ IэпщIэлъэпщIэнымрэ теухуа уэршэр зыгуэрхэм я гъусэу изошажьэ. Псалъэм папщIэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэм, псом хуэмыдэу адыгэхэм япщэфIхэм, я гугъу дощI. А нэтыныр эфирым занщIэу макIуэ. Куэдрэ къызогъэблагъэ гъуазджэм и цIыхухэр. СфIэфIу езгъэкIуэкI сабий нэтынхэр сиIэщ. Зэ шыпсэхэм сыкъоджэ, къыкIэлъыкIуэм - сабийхэм садоуэршэр. Ар мэремым тохуэ. Сабийхэм ятеухуа проектым зэманышхуэ хухызох. Шыпсэхэм сыкъеджэн езгъэжьа нэужь, сабийхэм ятещIыхьауэ «Росмолодёжь» агентствэм и проект гъэщIэгъуэн къэунэхуати, абыи сыхыхьащ. Си лэжьыгъэм зеубгъу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и шыпсэхэр» жысIэу езгъэжьамэ, иджы абы Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр къызэщIеубыдэ. Сабийхэм ядэпщIэ лэжьыгъэм сытым дежи гурыфIыгъуэ къыхыбох. Щэбэтым «Хорошее настроение» зэрызытрагъэу нэтыныр къыдокI. Абы хеубыдэ спортым ехьэлIахэри. А проектым сэ къысхелъхьэ гукъыдэжи къаруи.
Ленэ сурэтхэр, хьэпшып гъэщIэрэщIа цIыкIухэр ещI, фэм, пхъэм, абджым йолэжь… Апхуэдэ IэпэIэсагъэм дехьэх курыт еджапIэм щыщIэса лъандэрэ.
- Уеблэмэ зэгуэр сыдэлэжьащ Кавказ Ищхъэрэм абдж гъэпщынымкIэ щыIэ IэпщIэлъапщIэ закъуэм – Баттаев Михаил. Абджым сытетхыхьырт, «витраж» жаIэ абы щхьэкIэ. А псом сыхуэIэкIуэлъакIуэу зыщыхуэзгъэсат курыт еджапIэми художественнэ школми. КъинэмыщIауэ, IэфIу пщэфIэныр сфIэфIщ. Пэжым ухуеймэ, сэ радио лэжьыгъэм сыкъыщыдэхуэ щIагъуэ къэхъуркъым. ИтIани, IэкIэ хьэпшып цIыкIухэр сщIыныр, сыпэщэщэныр къэзгъанэркъым. Зэман тIэкIу сызэриIэу,IэпщIэлъэпщIэнымкIэ си псэр согъэнщI: къэлътмакъ хызодыкI, сурэт сощI, хьэпшып цIыкIуфэкIухэм солэжь, пхъэмрэ фэмрэ тхыпхъэхэр пхызогъэсыкI, - жеIэ IэпэIэсэм.
Беслъэней Еленэ зэпымыууэ хегъахъуэ и зэфIэкIым, хегъахъуэ и щIэныгъэм – зегъэунэхуж. Иужьу ар зыхэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ «Шум» урысейпсо журналист зэпеуэр… Абы щигъэлъэгъуащ шыпсэхэм теухуа и проектыр. Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэсауэ Москва щызэпрагъэуэжахэм ящыщ хъуащ ди пщащэр.
- КIэух зэпеуэм сыпхымыкIами, абы сызэрыхэтар куэд и уасэщ. Си зэфIэкI сеплъыжащ, си IэщIагъэм теухуауэ щIэщыгъуэ куэд къэсщIащ, - жеIэ.
ДизайнымкIи ехъулIэныгъэхэр къегъалъагъуэ. Иужьрейуэ зыхэта дизайн – марафоныр гукъинэ щыхъуащ. Ар къызэригъэпэщащ «Урысейр Iэмалхэр щыкуэд къэралщ» зэгухьэныгъэм. Зэпеуэм иригъэхьащ дэнымкIэ зэрызагъасэ кейсхэр, видеотеплъэгъуэ. Езыр Iыхьищу зэхэтт: дизайнымкIэ, графикэмкIэ, теплъэхэмкIэ. Дизайным хухэха IыхьэмкIэ нэхъыфIхэм ящыщ хъуащ.
- ГъащIэм куэдрэ сэбэп къыщыпхуэхъу щэн нэхъыщхьэу сыт пхэлъ? – жытIэри деупщIат Еленэ.
- Сызыхуейм си Iэр тызогъахуэ, зызужьыну сыт щыгъуи сопабгъэ, си еплъыкIэм къыщхьэщыкI гупсысэхэр зэрыщыIэр тыншу зыхызощIэ. Ахэр псори япэкIэ сызыгъэкIуатэ хьэл-щэнщ. А псом нэхъыщхьэжуи зы хьэлыфI схэлъщ – цIыхухэр фIыуэ солъагъу! – жиIащ абы.
Мурад игъэувыну, ар зэригъэхъулIэну фIэфIщ Беслъэнейм.
- Мурадхэр зэзгъэхъулIэурэ, зэзгъэхъулIэхэм гукъыдэж къызатурэ сопсэу. Мазэм, илъэсым, уеблэмэ илъэсипщI хуэдизым зэзгъэхъулIэну сызыхуейхэр щызгъэбелджылы щыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, пIалъэ пыухыкIам къриубыдэу паропланкIэ сылъэтэну сигу ислъхьати, ар щытезухуам и пIалъэм фIэмыкIыу зэзгъэхъулIащ. Мы илъэсми сыхыхьащ мурадыщIэхэр сиIэу!