Лъэпкъым и псэщ

«Бзэр лъэпкъым и псэщ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Мейкъуапэ къыщызэIуахащ псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ зытет стендхэр. Ахэр ящыщщ туристхэр къыдэхьэхыным хуэгъэзауэ зэфIах Iуэхухэм, - дыкъыщоджэ Адыгейм и щыхьэрым и администрацэм и Iэтащхьэ Митрофанов Геннадий и телеграмм-каналым.
Апхуэдэ стенду 12 ягъэхьэзыращ. Абыхэм тратха псалъэ Iущхэм къагъэлъагъуэ зи щэнхабзэмрэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ зэмыщхь цIыхухэр я зэхуэдэ лъапIэныгъэхэм зэрызэкъуигъэувэр. Тхыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи ятхащ. АдэкIэ аудиогъэлъэгъуэныгъэхэри ящIыну я мурадщ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, зи гугъу тщIы Iуэхухэр ягъэзащIэурэ, нэгъабэ Мейкъуапэ и паркым и дыхьэпIэм щыфIадзащ Адыгейм и картэ иныр. ЦIыхухэр зыIэпешэ мыщэ хужьхэм я скульптурэхэр зыхэт фонтан телъыджэу абы щызэфIагъэувэжам.
 

Уэрдокъуэ Женя.
Поделиться:

Читать также: