Дыгъэпсу къыщыпежьэм…Бэтэх къуажэм щыщ Хъалил Залинэ къыхихыну IэщIагъэр и сабиигъуэм къриубыдэу гурыIуэгъуэ хъуат. Псом хуэмыдэу адэ-анэр пасэ дыдэу хэлIыфIыхьащ хъыджэбз цIыкIум игъуэтыну щIэныгъэм: Залинэ цIыкIу дыдэт и анэр (сабий гъэсапIэм и лэжьакIуэт абы щыгъуэм) инджылызыбзэкIэ усэхэм къыхуеджэу щыщIидзам, и адэрати (егъэджакIуэщ) глобускIэ дуней псом сабийр хигъэгъуазэрт - сыт хуэдэ къэрал укIуэми пщIэн хуей бзэр зыхуэдэр зэхагъэкIыу. Балигъ хъури, Залинэ щеджащ Stanton школым (Лондон), апхуэдэуи ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Пятигорск къэрал университетым зэдзэкIынымрэ бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ и факультетым и магистратурэр. 2016 - 2017 гъэхэм Кадис университетми (Испанием) абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Зэрынэрылъагъущи, сабиигъуэм и тхьэкIумэм къиIуэу щыта инджылызыбзэм абы и гъащIэр ирипхащ, испаныбзэри абы дыщIигъуащ. - Класс нэхъыжьхэм сыщынэсам шэч къытесхьэжтэкъым япэу зэзгъэщIэну сызыхуей хамэ къэралыбзэр сыт хуэдэрами - ар, дауи, инджылызыбзэрт, - жеIэ Залинэ. - Къапщтэмэ, си анэдэлъхубзэми увыпIэ хэха щеубыд си гъащIэм. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэм зэрызиужьамрэ игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ теухуауэ щытащ си диплом лэжьыгъэхэм языр. Сэ езым сфIэгъэщIэгъуэну абы селэжьыну къыхэсхат. ЕтIуанэрауэ, Испанием университетым сыщыщеджарат ари, ди лъэпкъым абы зэрыщыщымыгъуазэм къыхэкIыу ттеухуауэ зыгуэр захезгъэхмэ сфIэкъабылт. Испанием сыщыIэу абы щыгъуэм Лъэпкъ библиотекэм электроннэ пощткIэ закъыпысщIэу абы и IэщIагъэлIхэр си лэжьыгъэмкIэ къызэрыздэIэпыкъуауэ щытар сщыгъупщэжынукъым икIи фIыщIэ яхузощI. Испание - Испанием егъэджэныгъэр зэрыщызэтеухуар дыдейм къыщхьэщокI. Псалъэм папщIэ, абы магистратурэр зы илъэсым къриубыдэу къыщыбоух, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэкIэ ар зыхуэмыгъэкъаруунум зэреджэнур илъэситIым тригуашэ хъунуи щытщ. Дипломыр къузэратыж щIыкIэмрэ пIалъэмри зэтехуэркъым - дэфтэрхэр зэфIыхьэным илъэс ныкъуэм нэблагъэ ехь. Арами, сэ сыхьэзырт абы сыпэплъэну, сыту жыпIэмэ, дипломым Iэ щIэзыдзыр езы пащтыхьращ. Андалусие пэгъунэгъу Атлантикэ хым и Iуфэм Iус Кадис пасэрей къалэм сыщыпсэуащ, ауэ зэрыхъукIэ нэгъуэщI къалэ, къуажэ цIыкIухэми сыщыIащ. Испанием щэнхабзэ къулей иIэщ, нэгъуэщI зыми хэмыгъуащэу. Лондон - Бзэ гуэр щызэбгъащIэкIэ ар зей лъэпкъым и хабзэхэми щыIэкIэ-псэукIэми удахьэх. Сэ сыт щыгъуи Лондон сыхуэпабгъэрт. Арати, еджакIуэ сыкIуэну Iэмал къыщысхукъуэкIам сызэрыгуфIар къэIуэтэжыгъуейщ. ИнджылызыбзэкIэ тха тхылъхэм псоми Лондон къызэрыщыгъэлъэгъуар уэлбанэрилэу уфауэ апхуэдэти, згъэщIэгъуат дыгъэпсу ар къыщытпежьам. ЕджакIуэ сызэрыщыIа зэманым музейрэ щIыпIэ телъыджэ куэдрэ зэзгъэлъэгъунуи сыхунэсащ. Лондон сыщыщеджам иджыри зы хъуэпсапIэ сиIэ хъуащ: быдапIэ нэхъыбэ дуней псом щызэзгъэлъагъуну. Хуэмурэ сыхущIокъу ар нэхуапIэ зэрысщIыным…
Поделиться:
Читать также:
07.06.2026 - 09:30 →
Гугъуехьхэм къапимыкIуэту псэуа
06.06.2026 - 12:26 →
Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж
05.06.2026 - 18:43 →
ХъуэпсапIэр уи фIэщ хъумэ…
05.06.2026 - 16:51 →
УсакIуэшхуэм и цIэр иджыри мэIу
05.06.2026 - 16:29 →
Урысыбзэм и махуэр щIэлъапIэр
| ||




