Жьыгъэм текIуахэрБлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я кIэухымрэ 80 гъэхэм я пэщIэдзэмрэ СССР-м щызекIуэ ауанхэм увыпIэшхуэ щаубыдырт СССР-м и унафэщIхэр жьы зэрызэтехъуам. КПСС-м и ЦК-м и секретарь нэхъыщхьэхэу Брежнев Леонид, Андропов Юрий, Черненкэ Константин сымэ зэкIэлъхьэужьу лIа иужь гурыIуэгъуэ хъуащ апхуэдэу дяпэкIэ екIуэкI зэрымыхъунур, ныбжькIэ нэхъ щIалэхэм гъуэгу иратын зэрыхуейр. Дэ дощIэж партым и ЦК-м и Политбюром хэтхэм я нэхъыщIэ дыдэ Горбачев Михаил (1981 гъэм ар илъэс 50 ирикъуа къудейт) ар къызэригъэсэбэпар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызыхуишари ди нэгу щIэкIащ. ЖыIэн хуейщ Урысейм тетыгъуэр щызыIыгъа пащтыхьхэм куэд къызэрамыгъэщIар. Совет къэралыгъуэр къызэзыгъэпэща Ленин Владимирри зэрыпсэуар илъэс 53-рэщ. Абы и пIэм иува Сталин Иосиф илъэс 74-кIэ дунейм зэрытетар, уеблэмэ, гъэщIэгъуэн пщохъу. Абы щыгъуэми, а цIыхум и щIалэгъуэр гугъуехькIэ псыхьауэ щытащ, и узыншагъэм зэран къемыкIынкIэ фIэкIыпIэ имыIэу. РСДРП-м (коммунистхэм я партыр къызытехъукIам) хыхьа иужь ар мызэ-мытIэу ягъэтIысащ. Совет къэралым и Iэтащхьэ иужькIэ хъуам илъэсиплI щигъэкIуащ щIымахуэм щIыIэр градус 65-м щынэс щыIа Турухан щIыналъэм. АрщхьэкIэ псэухукIэ Сталиныр и узыншагъэм щхьэкIэ тхьэусыхакъым, лIэн гъунэгъу хъухукIи тутын ефащ. Хэбгъэзыхьмэ, дохутырхэм защидзейрт. Языныкъуэхэм жаIэ ар ираха щхъухьым илIыкIауэ, ауэ дэ абы дыкъытеувыIэнкъым. Нэхъыбэрэ псэуащ вождым и блыгущIэту щытахэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, къулыкъушхуэхэр зыIыгъа Микоян Анастас илъэс 83-кIэ псэуащ, дунейм щехыжа 1978 гъэр къэсыху СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щытащ. Микоян псоми задригъэкIуащ. Ауэ Сталиным и нэгъуэщI лэжьэгъум - Молотов Вячеслав къулыкъум и нэхъ лъагапIэ дыдэхэм щыдэкIуеи, гуузу абыхэм къыщехуэхыжи щыIащ. Апхуэдэ къызэрыщыщIари зэкъым. Къапщтэмэ, 1948 гъэм, и щхьэгъусэ Жемчужинэ Полинэ ягъэтIыса иужь, нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссарыр телъыджэу и къулыкъум къытенащ. АрщхьэкIэ илъэсибгъу дэкIри, Хрущёв Никитэ тридзыну щыхущIэкъуа 1957 гъэм хьэIупс ящIащ, аргуэру илъэсиплI дэкIри, партми хадзащ. Ар абы хэзыгъэхьэжар Черненкэ Константинщ. Апхуэдиз зи нэгу щIэкIа цIыхур 1986 гъэм и ныбжьыр илъэс 96-м (!) нэсауэ лIащ. Апхуэдэ удын къытехуащ лъэкIыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа Каганович Лазари. Ар Совет правительствэм хыхьащ 1923 гъэм, ауэ Молотовым зэригъусам къыхэкIыу 1957 гъэм къулыкъу псори щхьэщахащ, 1961 гъэми партым хадзащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ союз мыхьэнэ зиIэ пенсионер хагъэщхьэхукIауэ къэнэжащ, абы лъыс ефIэкIыныгъэ псори иIэу. Нэхъ хьэлъэу къыщIэкIар Каганович тхыдэм зэрыхатхъыкIарщ. Москва и метрор зи унафэм щIэту яухуа а цIыхум иIа фIыщIэ псори зыщагъэгъупщэжащ. Илъэс 97-кIэ псэуа Каганович СССР-р лъэлъэжыным мазитху фIэкIа къэмынэжауэ 1991 гъэм лIащ. Ныбжьышхуэ къагъэщIащ секретарь нэхъыщхьэхэм Политбюром къадыхэта куэдми. Мы зэманым яужь итщ ар къызыхэкIар къахутэну. Языныкъуэхэм трагъащIэ ар езыхэр дохутырхэм я кIэлъыплъыныгъэм ткIийуэ зэрыщIэтам. УнафэщIхэр егъэлеяуэ сакът сыт и лъэныкъуэкIи. Абыхэм илъэс къэс зыщагъэпсэхурт хьэуар щыкъабзэ бгылъэ щIыпIэхэм, апхуэдэу химие гуэри зылъыIэса ерыскъыри зыIуагъахуэртэкъым. АрщхьэкIэ нэгъуэщI гъэщIэгъуэни къахь. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм я узыншагъэр зэтраIыгъэнымкIэ ядэIэпыкъуащ … КГБ-м и лэжьакIуэхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, зызыужьа совет медицинэр Политбюром хэтхэм ящыщ гуэрым къеуэлIа узым пэмылъэщмэ, абыхэм ар зэрагъэхъужыну Iэмалхэр хамэ къэралхэм къыщалъыхъуэрт икIи къыщагъуэтырт. Ар пэжрэ пцIырэ пхузэхэгъэкIынукъым, ауэ шэч зыхэмылъыжыр зыщ: ахэр куэдрэ псэуащ икIи гуащIафIэу сыт щыгъуи щытащ. Аращи, жьыгъэм текIуауэ къэплъытэ хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




