Куэд зыхузэфIэкIа еджапIэ къалэ цIыкIур

«Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТК-м илъэс зыбжанэкIэ гуащIафIэу щылэжьа, нэтын гукъинэж куэд зи Iэдакъэм къыщIэкIа, иджыпсту «Астра-Сфера» щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ институтым гъэсэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и унафэщI, IуэхущIапIэм тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ, Къэбарт Астемыр ди редакцэм и ныбжьэгъу пэжщ. Зэлэжьа телевизионнэ нэтынхэм лъабжьэ яхуищIа Iуэхухэр, и гукъэкIхэр («ЩIанэ» джэгу-зэпеуэр къэзыгупсысари езыгъэкIуэкIри аращ) щIэщыгъуэщ, гъэщIэгъуэнщи тхыгъэ купщIафIэ мэхъу. Апхуэдэ зыщ нобэрей ди къыдэкIыгъуэм теддзэр.

Тхыдэ къулей зиIэ IуэхущIапIэхэм ящыщ зыщ Лениным и цIэр зэрихьэу Налшык щылэжьа еджапIэ къалэ цIыкIур (ЛУГ). Ди республикэм и цIыху цIэрыIуэ, зи зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ жыжьэ нэIуса куэд щеджащ абы. ФIы куэд зыхужыпIэ хъуну, зи Iуэху зехьэкIэм телъыджэ мымащIэ хэлъу щыта еджапIэм и къекIуэкIыкIари гъэщIэгъуэнщ.   

Граждан зауэ нэужьым Урысей империер лъэлъэжу, большевикхэм властыр я IэмыщIэ илъ щыхъуам, къэралым сыт и лъэныкъуэкIи зэхъуэкIыныгъэ иригъэкIуэкIын щIидзащ. Апхуэдиз щIыналъэр пIыгъын папщIэ лъабжьэ ухуейт, цIыху къыпкъуэмытмэ ар гугъу хъунут. Абы къыхэкIыу, Iуэху еплъыкIэщIэ зиIэ, властым къыкъуэувэфын цIыхухэр къигъэхъуным хущIэкъун, абы папщIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэри къигъэсэбэпын щIедзэ. Дауи, абыкIэ щхьэпэ хъунут еджапIэхэр. Къэрал унафэкIэ, Совет Союзым и дэтхэнэ щIыналъэми щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр къыщызэIуах. Абыхэм ящыщт, Советхэм я ещанэ зэхуэсу 1924 гъэм Налшык щекIуэкIам къыщащта унафэкIэ ди къалащхьэм къыщызэIуаха, Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIур. Япэу абы щIагъэтIысхьэнухэр къызэрыхахар мыпхуэдэут: къуажэ къэс цIыхуибл абы къагъэкIуэн хуейт, дэтхэнэри къэралыр нэхъ зыхуэныкъуэ IэщIагъэ зырызым хурагъэджэнут. Апхуэдэхэт къуажэ Советым и нэхъыщхьэрэ и къуэдзэрэ, егъэджакIуэ, агроном, кооператор, цIыхубз советым и нэхъыщхьэ, партым и лэжьакIуэ IэнатIэхэр. ИужькIэ ахэр къуажэхэм ягъэкIуэжырти, щIэныгъэ къратар и лъабжьэу жылэм щылажьэрт. ЕджапIэм курс зыбжанэ щылажьэрт, псалъэм и хьэтыркIэ, трактор къехуэкIыным щыхуагъасэу, пионерхэм щыхагъэхьэу, н. къ. ЕджапIэм и зэхэлъыкIэм зыбжанэрэ зихъуэжащ, къудамэщIэхэр къыхагъэхьэрт, зиужьырт, зыгуэрхэр щыхагъэкIи къэхъурт. ЕджапIэр интернат щIыкIэм тетт, еджакIуэхэр сыт и лъэныкъуэкIи къэралым зыхуей хуигъазэрт, пщIэншэу игъашхэрт, ихуапэрт, унэ зыщIэсынхэри и пщэ дилъхьэжырт.

ЗыщIэса унэм теухуауэ жыпIэмэ, инженерхэу Семеновымрэ Давришевымрэ я унафэм щIэту, реальнэ училищэм унэщIэ хуащIри, ар 1913 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м къызэIуахащ. Аращ иужькIэ Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэр щылэжьари. А унэм къыщежьащ тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызиIа Iуэхугъуэ куэд. Псалъэм папщIэ, Япэ дунейпсо зауэм хэта Къэбэрдей полкыр фронтым зэрыкIуэнум и унафэр къыщащтар арат. Апхуэдэу ди щIыналъэм Совет властыр къыщыщащтари а унэм щекIуэкIа зэхуэсым яужьщ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ сымаджэщ щIэтащ, иужькIэ еджапIэ ящIыжащ. Пионерхэм я унэу щыщыта зэмани щыIащ. Нобэ ар КъБКъУ-м хыхьэу цIыхум и узыншагъэр хъумэным щыхурагъаджэ къудамэм и хэщIапIэщ.

Совет властым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжахэм ящыщт къэралым щыпсэу лъэпкъхэр и лъэныкъуэ къищIыныр. Абы папщIэ сыт хуэдэ лъэпкъри къыдихьэхыну хэтт, властым къыдэуву, къэралым щIэгъэкъуэн хуэхъуу зэригъэсэнум зригъэлIалIэрт. Апхуэдэ еджапIэхэм нэхъыбэу щIагъэтIысхьэр щIыпIэрыс лъэпкъхэм къыхэкIахэрат, нэхъыбэри адыгэрэ балъкъэррэт. ЩIагъэтIысхьэхэр къуажэхэм кърашу арати, еджэкIи тхэкIи ящIэртэкъым, урысыбзэр щIагъуэуи къагурыIуэртэкъым. ЕджапIэр къэзыуххэм къалэн щащIу щытахэм ящыщщ зым къылъысу цIыху 80-м тхэкIэ-еджэкIэ ирагъэщIэныр. ЕджапIэ нэужьым куэд егъэджакIуэуи лажьэрт.

ЕджапIэр хуэщIат цIыхум щIэныгъэ тыншу зэрыбгъэдэплъхьэнум. Библиотекэ ин иIэт, физикэ, химие, географие, нэгъуэщI дерс щхьэхуэхэми хухэхауэ пэшхэр лажьэрт. ЕджапIэм къепхауэ жыг хадэхэр, хьэсэхэр яIэт, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI къэгъэкIыным ехьэлIауэ еджакIуэхэм щIэныгъэ бгъэдалъхьэжырт. Ток станцхэр ягъэлажьэрт, шэщхэр, Iэщ щаIыгъ бэкхъхэр яIэжт. ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр къудамэм щIэсхэр къуажэхэм ягъакIуэурэ хъыбарыжьхэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, IуэрыIуатэхэр зэхурагъэхьэсырт.

А зэманым хуэщIа лъэпкъ литературэ, совет лъэхъэнэм хуэкIуэ гъуазджэ ухуэкIэщIэ къоунэху. АбыхэмкIэ куэду сэбэп хъуащ зи гугъу тщIы еджапIэр, иужькIэ цIэрыIуэ хъуа тхакIуэ, усакIуэ куэд абы къыщIэкIащ.

Драматическэ гупжьейхэри щылажьэу щытащ ЛУГ-м. Абы и гъэсэнхэм я лъэпкъыбзэкIэ пьесэхэр ягъэувыжу хуожьэ. ИужьыIуэкIэ а спектакль цIыкIухэр, теплъэгъуэхэр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм, бэзэрхэм деж, къуажэхэм щагъэлъагъуэ. Зэрынэрылъагъущи, театр Iуэхум зиужьынми хэлIыфIыхьащ еджапIэр. Уэрэд жыIэным, сурэт щIыным, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэным, спортым хухэха гупхэри щылэжьащ еджапIэм. Уеблэмэ, зэман докIри, оркестр, театр щхьэхуэ, уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамбль иIэ мэхъур.

Парт, комсомол зэгухьэныгъэхэр, властым пыщIахэр зэпымыууэ кIуэурэ докладхэм, лекцэхэм еджакIуэхэм къахуеджэрт, зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIырт. КъБАССР-м и парт зэхыхьэхэр, советхэм я съездхэр, зэхуэс зэхуэмыдэхэр пэш нэхъыщхьэм щащIырт.

ЗэфIэкI нэхъ къэзыгъэлъагъуэ еджакIуэхэр къуажэ-жылэхэм зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ирихьэлIэу ягъакIуэрт, абы щыпсэу цIыхухэр яущиину, я Iуэху еплъыкIэм щагъэгъуэзэну. Лекцэхэм къыщеджэрт, докладхэр щащIырт, щIымахуэмрэ гъэмахуэмрэ практикэ щалъхуа къуажэхэм ягъэкIуэжырти, пропагандэм, агитацэм телажьрт. КIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъыр къэралым дэщIу щытын папщIэ яхузэфIэкI къагъанэртэкъым, екIуэкI политикэм и зэхэлъыкIэр дэнэкIи хэIущIыIу щащIырт.

Совет цIыхущIэ къэгъэщIыным зэран хуэхъурт лъэпкъхэм я зэщхьэщыкIыныгъэр. Арат, лъэпкъ зэхэгъэж щымыIэну властым цIыхухэр щIиущийри. Мы еджапIэм езым и Iэмалхэр иIэжт лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIа цIыхухэр зэрагъэIыгъынымкIэ, ахэр зэпэгъунэгъу ящIынымкIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, япэ курсым щIэсхэр зэлъэпкъэгъуу щытми, курс нэхъыжьхэм нэса нэужь, адыгэхэри, балъкъэрхэри, урысхэри зэхагъэтIысхьэрт.

ЕджапIэм хузэфIэкI къигъанэртэкъым хабзэм щыщу совет лъэхъэнэм къезэгъыу къалъытэхэр къагъанэу, адрейхэр лъэпкъым щагъэгъупщэнымкIэ. Абыхэм ящыщщ бзылъхугъэм пыщIауэ диIа хабзэхэр. Псалъэм папщIэ, цIыхубзхэр цIыхухъухэм я гъусэу Iэнэ зэрымытIысыр, нысэр тхьэмадэм темыхьэу зэрыщыта хабзэхэр, нэгъуэщIхэри. Къэрал псом егъэIу бзылъхугъэм цIыхухъухэм къакIэрымыхуу щIэныгъэ егъэгъуэтын, лажьэу, хуиту цIыху хыхьэу щытын хуейуэ, нэгъуэщI гупсысэ куэди. Ауэ, сыт хуэдизу ди къуажэдэсхэр ямыущиями, яIэ псэукIэм цIыхубзхэр текIыну хуейтэкъым. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIы еджапIэм унафэ къыхуащIырт гъэ къэс пщащэу бжыгъэ пыухыкIа къащтэну. АрщхьэкIэ къуажэ хъыджэбзхэр еджэну арэзытэкъым. Iэмал щамыгъуэтыжкIэ, пхъэидзэ ящIурэ къызытехуэ хъыджэбз зырыз жылэ къэс къыдашырт. Къалмыкъ БетIал щапхъэ игъэлъагъуэу, и шыпхъуитIыр еджапIэм иритауэ щытат.

ЕджапIэм и дунейм ахэр тыншу хэзагъэртэкъым, зыхуагъэса гупсысэкIэм, хабзэм тришырт, гугъу иригъэхьхэрти. Псалъэм папщIэ, щIалэхэм я гъусэу зыхэтын хуей зэIущIэхэм хуабжьу игъэукIытэрт.

ЩIалэхэм къищынэмыщIа, спортымрэ физкультурэмрэ хъыджэбзхэри хашэрт. Щыгъын щрагъэтIагъэмрэ ягъэзэщIэн хуей спорт Iуэхухэмрэ хъыджэбзхэр егъэлеяуэ игъэукIытэрт. Тхыгъэхэм къыхощыж физкультурэ фащэхэр пщащэхэм ямыдэу зэрыщытар.

ЕджапIэм щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтхэр къуажэдэс нэхъыжьхэми япэIэщIэ хъурт, хуащIын хуей пщIэри яIэщIэхурт. Большевикхэм а зэманхэм щIэгъэкъуэн нэхъ ящIу щIадзар щIалэгъуалэрти, къуажэм ягъэзэжа иужь, абыхэмрэ къуажэдэс нэхъыжьхэмрэ щызэпэщIэувэ куэдрэ къэхъурт, зэныкъуэкъу яку къыдэхъуэрт.

ХабзэщIэ къаублэхэм ящыщт, еджапIэр къэзыухахэм щIэблэ къыщIэхъуамэ, властым и лIыкIуэхэр къуажэм кIуэурэ пасэрей хабзэжьым и дауэдапщэхэм я пIэкIэ советскэ дауэдапщэхэр, «октябрины» и фIэщыгъэу, зэрырагъэкIуэкIыр. Абы къищынэмыщIауэ, сабийм фIащ цIэр революцэм, партым, властым епхауэ щытт.

ЕджакIуэхэр сыт и лъэныкъуэкIи къалэ гъащIэм хуагъасэрт. Псалъэм папщIэ, пасэрей адыгэ щыгъыным и пIэкIэ, а зэманым къежьа советскэ щыгъынхэр къратырт. Къыщыхъу щыIэт езы еджакIуэхэр, щыгъыныщIэр щатIэгъэну хуэмейуэ, еджапIэм къыщыщIэкIыж. Пасэрей Iуэху еплъыкIэ зиIэ цIыхухэмрэ гупсысэкIэщIэ зиIэу еджапIэм къыщIэкIахэмри зэзэгътэкъым.

Лениниым и цIэр зезыхьэ еджапIэхэр къэралым дэнэкIи къыщызэIуихат, ипэкIэ зэрыжытIауэ, лъэпкъхэр псэукIэщIэм хашэну я мураду, абы къыщIагъэкI еджакIуэхэм къэрал гупсысэр цIыхубэм храгъэпщэну хуейуэ. Налшык дэтар 1936 гъэ пщIондэ лэжьащ, а зэманым къриубыдэу абы минихым щIигъу еджакIуэу къыщIэкIащ. Лъэпкъыр зыхуэныкъуэ IэщIагъэ куэдым хурагъэджащ ахэр, иужькIэ езыхэр узэщIакIуэ хъури, я щIэныгъэр цIыхубэм хахьащ. Ауэ, хабзэр якъутэу екIуэкIа Iуэхухэри, пасэрей дуней еплъыкIэр зэрахъуэжари лъэпкъым хуэмыщхьэпауэ къэзылъытэхэри щыIэщ. А еджапIэм игъэзэщIа лэжьыгъэм, абы кърикIуам теухуа къэхутэныгъэ едгъэкIуэкIыфамэ, ди тхыдэм дежкIэ щхьэпэ хъунут. Дыщыгугъынщ абы епха лэжьыгъэщIэхэр тхыдэджхэм утыку кърахьэну.

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: