ХьэрычэтщIэн Iуэхум зрагъэужьIКъэбэрдей-Балъкъэрым «Си хьэрычэт IэнатIэ» и щIыналъэ центрым 2024 гъэм Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэу 6177-рэ IуэхущIапIэхэм яхуищIащ. Абыхэм ящыщу 3226-р хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, 719-р – я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм, 1356-р - цIыху щхьэ закъуэхэм (физлицохэм). БлэкIа илъэсым иужьрейхэм къызэрагъэпэща хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ ящыщу 251-м къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ягъуэтащ. «Си хьэрычэт IэнатIэ» щIыналъэ центрым хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну жэрдэм зыщIахэмрэ яхуищIэ Iуэхутхьэбзэхэм хохьэ чэнджэщхэр етыныр, я IэнатIэм пыщIа хъыбархэм щыгъуазэ щIыныр, методикэ, егъэджэныгъэ дэIэпыкъуныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу ар ядоIэпыкъу абыхэм я IуэхущапIэхэмрэ къыщIагъэкI продукцэхэмрэ хэIущIыIу щIынымкIи, яIэ фIагъхэм хуэфащэ сертификатхэр етынымкIи, гъэлъэгъуэныгъэхэм, экономикэ зэхуэсхэм хэгъэтынымкIи, УФ-м и сату щIыпIэхэм ахэр къыщыгъэлъэгъуэнымкIи. «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, республикэм и экономикэм зыужьыныгъэфI егъэгъуэтын папщIэ, щIыналъэ центрым 2025 гъэми пищэнущ хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ я IэнатIэхэмрэ хьэрычэт щIэн Iуэхум хыхьэну жэрдэм зиIэхэмрэ Iуэхутхьэбзэ зыхуэныкъуэхэр яхуищIэныр.
Поделиться:
Читать также:
19.01.2026 - 14:35 →
Чэнджэщ ират
19.01.2026 - 12:07 →
Пшынэр мыхъуамэ...
18.01.2026 - 11:31 →
Кърымыр нэхъапэм
18.01.2026 - 11:18 →
«Унащхьэм» щызэрагъэзахуэхэр
17.01.2026 - 12:00 →
Жэуаплыныгъэ зыхэлъхэр, захуагъэм темыкIхэр
| ||




