IуэхугъуэщIэ куэд а еджапIэм къыщысщIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщри, Налшык Печатым и унэм щылэжьащ Журналист щIалэгъуалэм я еджапIэ. Ар къызэрыщыхъуам теухуа тхыгъэ итхыжащ еджапIэр къэзыуха Джэдугуэш Оксанэ.
«Иужьрей илъэс зыбжанэм сэ сыхущIэкъуащ «Акулы пера» фIэщыгъэр иIэу журналист ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщауэ щыта еджапIэм сыщIэтIысхьэну. Илъэсих ипэкIэ сэ сызыщIэса дерситIым си гъащIэм мыхьэнэшхуэ щагъэзэщIауэ къызолъытэ. Абы къыхэкIыуи, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм «Журналист щIалэгъуалэм я еджапIэ» проектыр зэрыригъэкIуэкIыным хуабжьу сыщыгуфIыкIащ. ИкIи мызыгъуэгум си къару псори есхьэлIащ ар къызэрызухыным, иджы срогушхуэ абы и япэ гъэсэнхэм ящыщ сызэрыхъуам.
ЕджапIэр зэрылэжьа мазиплIым дэ къэтщIащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щекIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр, журналистикэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм зыщыдгъэгъуэзащ, апхуэдэу нейросетым творческэ Iуэхум зэрызригъэужьынкIэ хъуну Iэмалхэми дыхэплъащ. ЖыпIэнурамэ, дерсхэр икъукIэ щIэщыгъуэу, удихьэхыу екIуэкIащ.
Журналист щIалэгъуалэм я егъэджакIуэхэу «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Советская молодежь» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Жыласэ Заурбэч, Конаков Хьэсэн, Суановэ Залинэ сымэ я къару псори ирахьэлIащ IэщIагъэм теухуауэ щIэныгъэ нэхъыбэ къызэрыдбгъэдалъхьэным. Апхуэдэу дерс гъэщIэгъуэнхэр ирагъэкIуэкIащ щIыпIэ телерадиокомпанием, «Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ хъыбарегъащIэ агентствэм я лэжьакIуэхэм, журналистикэм и ветеранхэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хущIэкъуащ зыпэрыт Iуэхум теухуауэ нэхъыбэ зэрыдагъэщIэным, IэнатIэм ухэзыгъэнымкIэ чэнджэщ щхьэпэхэмкIи къыддэгуэшащ. Журналист Iэзэ е нэгъуэщI унэтIыныгъэ гуэрымкIэ IэщIагъэлI нэс ухъун папщIэ, сытым дежи уи зэфIэкIым, щIэныгъэм зэрыхэбгъэхъунум ухущIэкъун хуейщ. Нэхъыщхьэращи, ди пэщIэдзэм и лъабжьэ быдэр дэ мы еджапIэм щыдгъэтIылъащ. ЩIэныгъэр зэи лей хъунукъым, еджапIэм сэ къыщысщIахэр сызыпэрыт Iуэху зыбжанэм щхьэпэ къызэрыщысхуэхъунум шэч къытесхьэркъым. 
Журналист щIалэгъуалэм я еджапIэм зэхуишэсахэр ныбжькIи зэхуэдэтэкъым - абыхэм яхэтт школакIуэхэри, студентхэри, IэщIагъэ щхьэхуэхэм пэрытхэри. Апхуэдэу щытми, дэ дяку зэныбжьэгъугъэ гуапэ къыдэхъуащ, сыщогугъ къэкIуэнуми абы къыпытщэну, дызэрымыгъэкIуэду дызэрыIыгъыну.
Псом хуэмыдэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт Жыласэ Заурбэч, Конаков Хьэсэн, Суановэ Залинэ сымэ Iуэхум дытрагъэгушхуэу, нэхъыбэ къызэрыдагъэщIэным хуэпабгъэу къызэрыдбгъэдэтам папщIэ. Журналист ныбжьыщIэхэм я еджапIэр къызэрызухам и щыхьэт тхылъым сыщеплъкIэ гуфIэ нэпсхэр къысфIокIуэ, сэ езым апхуэдэу щIызэхэсщIэр къызгурыIуэжыркъым, ауэ гушхуэныгъэ къысхэзылъхьа Iуэхуу ар си гъащIэм хэтащ. Си щхьэр къызэрызгъэгугъэжар згъэзэщIащ - илъэс куэдкIэ сыщеджэну сызыщIэхъуэпса еджапIэр къэзухащ, абы и зы дерси дэзмыгъэхуу. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм фи фIыгъэкIэ журналистикэм и зэхэлъыкIэм нэхъ куууэ сыхэгъуэзащ, сэ а IэщIагъэм илъэс зыбжанэ хъуауэ сыхэтми, лэжьыгъэм епха IуэхугъуэщIэ куэд а еджапIэм къыщысщIащ. Псалъэм папщIэ, си гупсысэр нэхъ гъэхуауэ къэсIуэтэфу, къэхъукъащIэхэм нэхъ псынщIэу сыпэджэжу сыхъуащ.
Апхуэдэу мы тхыгъэм фIыщIэ хуэсщIу и цIэр къыщыхэзгъэщыну сыхуейт журналистикэм лъагъуэхэш щысхуэхъуа, «Советская молодежь» газетым илъэс куэдкIэ и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэмэд. Аращ япэу си тхыгъэхэр тезыдзар. Мухьэмэд илъэс зыбжанэ хъуауэ къытхэмытыжми, абы и чэнджэщхэмрэ и псалъэ гуапэхэмрэ къытхуэнащ. Лэжьыгъэм ар гъуазэ щысхуэхъуащ, тхэным сызэрытегушхуэн фIэщхъуныгъэ къысхилъхьащ. Абы къысхуигъэбла вагъуэм гукIи псэкIи сызыхуэпэж си журналист гъуэгуанэр къысхуегъэнэху, ехъулIэныгъэщIэхэм сытригъэгушхуэу».
Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться:

Читать также: