ВагъуэщIэхэм я лъэужьИлъэс бжыгъэ ипэкIэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум япон астрофизикхэм къыщалъэгъуащ щIэныгъэр алъандэрэ зыщымыгъуазэу къекIуэкIа пкъыгъуэ абрагъуэ.
А щIэныгъэлIхэм гу лъатащ уахэм гъуэз зэмылIэужьыгъуэу щызэхэувэ икIи щызэрызехьэ «пшэ» гуэрэнхэм ящыщу Шыхулъагъуэ галактикэм и кум щызэпекъухэм зэрыщытыпхъэу зэрызыщамыгъазэм. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIи, ар икIи и щыхьэтщ блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, зэуэзэпсэу зыщIэзылъафэ, хьэлъагъэ ин дыдэ зезыхьэ нэрымылъагъу «мащэ кIыфIхэм» («чёрная дыра») ящыщ зым, астрофизикхэм иужьым «Стрелец А*» нагъыщэр зратам абдежым зэрызыщигъэпщкIуам.
«Стрелец А*» нагъыщэмкIэ хагъэнэхукIа мащэ кIыфIыр дэ, Дыгъэм и Iэхэлъахэм щыпсэухэм, нэхум зэрызидз псынщIагъэкIэ къэдбжмэ, илъэс мин 26-кIэ хуэдизкIэ тпыIудзащ, зэрыхуагъэфащэмкIи, ди Дыгъэм къишэчым нэхърэ хуэдэ мелуани 4-кIэ нэхъ хьэлъэщ.
Хьэршым зыщызыгъэпщкIу мыбы хуэдэ нэрымылъагъу пкъыгъуэ абрагъуэхэр, къашэч и лъэныкъуэкIэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщедз. Абыхэм яхэтщ, ди планетэр зи гуэгъу вагъуэ жьэражьэм (Дыгъэм) нэхърэ 62-кIэ фIэкIа мынэхъ хьэлъэ «цIыкIужьейхэри», абы хуэдэу минищэ бжыгъэ къэзыгъэуэндэгъуфын, ямылейуэ зэхэуба «мащэ кIыфIыжьхэри». Шыхулъагъуэм и кум къыщалъэгъуар курыт хьэлъагъэ зиIэщ.
Абы ипэкIэ, щIэныгъэлIхэр кIэлъыплъат Шыхулъагъуэ галактикэм и кум псынщIащэу щызэрызехьэ гъуэзыпшэхэм я зыгъэзэкIэми. Абыхэм ящыщ зыр, HCN-0.085-0.094 нагъыщэ зратар, Iыхьищу зэхэтщи, язым адрейхэм нэхърэ нэхъ псынщIэжу зегъэкIэрахъуэ. Ар къызыхэкIыу къалъытар, а я Iыхьэр «мащэ кIыфIым» хэкIыпIэншэу зэрызыщIилъафэрщ.
АтIэми, ди гуапэ зэрыхъунщи, зэпымыууэ зы пIэ имыт щIэныгъэхэм ящыщщ астрофизикэри, къыхулъыкъуэкI къэхутэныгъэхэр апхуэдизу зэмылIэужьыгъуэбэщи. Абы и щапхъэщ, уахэм зи гугъу тщIы мы и Iэхэлъахэм, нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ Шыхулъагъуэ галактикэм и кум и гъунэгъуу, астрономхэм иджыблагъэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуэми гу зэрыщылъатар. Ар сыт жытIэмэ, «Стрелец А*» мащэ кIыфIым и Iэгъуэблагъэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ, вагъуэщIэхэр куэдыщэу къызэрыщыунэхурщ, алъандэрэ «зыщызыгъэпщкIуа» лъэужьхэм наIуэ къызэращIащи. «Стрелец С» зыфIащар абыхэм ящыщ зыщи, иджыблагъэ абы сурэт трахащ къэрал куэдым я астрономхэу зэуIу зэдэлэжьэкIэм тетхэм.
АрщхьэкIэ, а сурэтхэр дапхуэдизу «мыгъуэзэджэми», абыхэм ауэ жыжьэуи къахуэгъэлъэгъуэнукъым уахэм а и Iэхэлъахэм вагъуэу итыр зыхуэдизыр. Езы астрономхэми зэрыжаIауэ, ар къызыхэкIыр хьэршым мыпхуэдэ и щIыпIэхэм, гравитацием и къарур зэрыщыиныщэр я «щхьэусыгъуэу», зэхэубауэ щызэрызехьэ гъуэзымрэ сабэмрэ телескопкIэ щыуагъэлъагъур зэрыщымащIэрщ.
Ауэ щыхъукIи, вагъуэщIэхэр а щIыпIэм къызэрыщыунэхур астрофизикхэм къызэращIар абыхэм зыщагъэхъейкIэ къапкърыпсыкI нурыбэу ультрафиолет спектрым хыхьэхэмкIэщ.
Езы сурэтыр дунейм къызэрытехьар Чили и Атакамэ губгъуэшэкъракъым ирагъэува «Европей Ипщэ обсерваторие» телескопым пкъралъхьа абдж зэпэщ (линзэ) абрагъуэхэм я фIыщIэкIэщ. Гъуэзымрэ сабэмрэ Iэмэпсымэр «пхызыгъэплъар» инфра-плъыжь нурыбэхэр къэзыубыдыф пкъыгъуэу езы телескопым пкъралъхьарщ. АтIэми, езы астрономхэми зэрыжаIауэ, ари IэмалыфIщ зи гугъу тщIы вагъуэхэм хуэдэхэр хьэршым адрей и къуапэхэм къыщылъыхъуэнымкIи.
ИтIани, Европей Ипщэ обсерваторием телажьэ щIэныгъэлIхэми къызэрыхагъэщауэ, «ди галактикэм щыщу, вагъуэщIэхэр нэхъ къыщызэщIэувэ «уэгупшэ» нэхъ ин дыдэхэр здэщыIэр Шыхулъагъуэм и курщ. ЗэрыкIэлъыплъа IэмэпсымэхэмкIэ вагъуэхэм я зэхуаку щызэрызехьэ сабалъэхэр химием и пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэу зэрызэхэлъри къыпхуэщIэнущ. Къапщыта мащIэм къызэрыхэщауи, абдежым иджыри вагъуэщIэхэр дунейм къыщытехьэфынущ.
Мыри къыжыIэпхъэщ. Шыхулъагъуэм и кум зыщызыгъазэ мащэ кIыфIым «Стрелец С» вагъуэ гуэрэныр илъэс 300-кIэ пыIудзащ, нэхум зэрызидз псынщIагъэкIэ къэдбжмэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




