Налшык къалэм дэт, сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэм» Егъэджэныгъэм и бгъэдыхьэкIэщIэхэр щаубзыху къэралпсо утыку (Федеральная инновационная площадка) цIэ лъагэр къыфIащащ. Апхуэдэ унафэ иджыблагъэ къищтащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм.
IэнатIэм IэмалыщIэр къыщыхэлъхьэнымкIэ, ахэр къэхутэныгъэ гъуэгум тешэнымкIэ курыт щIэныгъэмрэ щIэныгъэ гуэдзэмкIэ щыIэ къэралпсо утыкум иша хъуа академием зыбжанэ щIауэ ехъулIэныгъэфIхэр егъэлъагъуэ. КъыхуащIа гулъытэм и пщэрылъхэр нэхъыбэ зэрищIам шэч хэлъкъым, абы ипкъ иткIи еджапIэм и лэжьыгъэм лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм и нэIэ тригъэтын, уеблэмэ щIэгъэхуэбжьауэ зригъэужьыну къызэрыпэщылъыр гурыIуэгъуэщ.
«Егъэджэныгъэм и бгъэдыхьэкIэщIэхэр щаубзыху къэралпсо утыку цIэр зыхуагъэфащэ IуэхущIапIэм хэгъэгу икIи къэрал мыхьэнэ зиIэ пэхуэщIэхэм я зэфIэхынымкIэ и зэфIэкIхэр игъэлъэгъуауэ, еджакIуэхэм ярит щIэныгъэр зэхьэзэхуэхэмрэ зэпеуэхэмрэ наIуэ къыщищIауэ, щIэныпхъэмрэ еджэныгъэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыщыхилъхьауэ щытын хуейщ. «ДыгъафIэ къалэр» – Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ пашэхэм ящыщщ, къыщыунэхуа махуэм щегъэжьауэ IэнатIэм бжьыпэр щиIыгъыу йокIуэкI. «ДыгъафIэ къалэр» есэпымрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысейм нэхъыфI дыдэу къыщалъыта еджапIэ 200-м хохьэ. Апхуэдэуи ар «Медицинэ» унэтIыныгъэмкIэ программэ гъэкууарэ щIэныгъэр и лъабжьэу лажьэ, къэралым нэхъыфIхэм щыхабжа еджапIэ 50-м ящыщщ.
Иужьрей илъэситхум къриубыдэу академием къэрал мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэхэм текIуэныгъэ къыщахьауэ еджакIуих, къыщыхэжаныкIауэ еджакIуитху, дерс зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэрагъэпэщ Урысейпсо олимпиадэхэм и Iыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэныгъэ къыщахьауэ еджакIуэ 25-рэ игъэхьэзыращ. Къапщтэмэ, иужьрей илъэсищ зэкIэлъыкIуэм интеллект IэрыщIымкIэ Кавказ Ищхъэрэм икIыу Урысейпсо олимпиадэхэм кIуэр «ДыгъафIэ къалэм» и гъэсэнхэрщ. А ныбжьыщIэхэм ящыщу блыр олимпиадэм лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщагъэлъэгъуащ, ТОП-50 жыхуаIэми хыхьэну я кIэн къикIащ.
А псор щIалэгъуалэм я зыужьыныгъэм телажьэ Iуэхугъуэщ, еджапIэми иригъэкIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэм и щапхъэщ. Шэч хэлъкъым, хэгъэгуми щIыналъэхэми зи зэхэщIыкIыр лъагэ, техникэми технологиеми къишэ щIэщыгъуэхэм щыгъуазэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэ къызэралъыхъуэнум, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэмрэ щэнхабзэ гъащIэмрэ зиIэтыным зэрыхуэщхьэпэнум.
«ДыгъафIэ къалэм» IэнатIэм хуищI хэлъхьэныгъэр дяпэкIи нэхъыбэ хъунущ. Абы щхьэкIэ Iуэхум пыщIа дэтхэнэми гурэ псэрэ ирихьэлIэн, ныбжьыщIэхэм я къэкIуэным щIэхъуэпсын хуейуэ аращи, я лъэр щIэзыгъэкI щхьэусыгъуэ дахэ хуэзэну ди гуапэщ», – щыжиIащ и телеграм-напэкIуэцIым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.