ТекIуэныгъэм и махуэм зыхуагъэхьэзыр![]() Зауэм хэтахэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Карухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я зэгухьэныгъэхэм я зэхуэс иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ар къызэIузыхари езыгъэкIуэкIари еджапIэ нэхъыщхьэм и ветеранхэм я советым и унафэщI Шурдым Хьэсэнщ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, 2025 гъэм къриубыдэу КъБКъУ-м и ветеранхэм я советым иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр къэрал унафэкIэ ягъэнэхуа Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым къитIэсэнущ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщахьрэ илъэс 80 зэрырикъуами хуэунэтIауэ щытынущ. «Къэралым и унафэщIым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ, щIыпIэхэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIынум хэти щыгъуазэщ. Сыт хуэдэ пэхуэщIэми купщIэ иIэу, ди япэ итахэм я фэеплъыр къиIэту, щIалэгъуалэми едгъэкIуэкIыну Iуэхугъуэхэр гурэ псэкIэ зыхищIэу щытын хуейщ. ЩIалэгъуалэр къыпхузэщIэIэтэнущ и бзэкIэ уепсалъэмэ, и дуней лъагъукIэм зибгъэзагъэмэ. ЗадыдощI жытIэу зедгъэхьыну аракъым, атIэ къытпэщылъ лэжьыгъэхэр лъэужьыншэ мыхъуным, ахэр щIэтщIэм и мыхьэнэр я щхьэм ихьэным, я гум ищтэным дытелэжьэн хуейщи, гъунэгъу зэрызэхуэтщIыну Iэмалхэм дыкъыпекIуэкI мыхъуну аращ. ЦIыху гъащIэм хэлъ лъапIэныгъэхэр фIыуэ къызыгурыIуэ ныбжьыщIэ куэд диIэщ, я псалъэм къару иIэу, куэдым щапхъэ яхуэхъуу. КъысфIощI ахэр лъагъуэхэш тхуэхъуну. Хэку зауэшхуэм ди адэжьхэм къыщахьа ТекIуэныгъэр лIы ныбжь ирокъу, жыпIэми ущыуэнукъым. Ар къэзызэуа куэд диIэжкъым, ауэ махуэщIымрэ нэхъыжьыгъэмрэ яхуэфащэу дыIущIэн хуейщи, къытпэщылъ псоми набдзэгубдзаплъэу пхыплъыпхъэщ», - жиIащ Шурдым Хьэсэн. ТРАМЭ Батырджэрий.
Поделиться:
Читать также:
21.07.2026 - 16:15 →
Илъэс 57-рэ ипэкIэ Мазэм зэрыщетIысэхар
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
| ||





