«Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу Аруан щIыналъэм щыIэм и унафэщI Джатокъуэ Казбек иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщапщытэжащ илъэс блэкIам зыхуагъэувыжа къалэнхэм ящыщу зэфIагъэкIамрэ дызытехьа илъэсым зэлэжьынумрэ.
ЗэIущIэм хэтахэр Джатокъуэм щигъэгъуэзащ нэгъабэ яхузэфIэкIахэм.
- Гъэ блэкIам къриубыдэу плIэ едгъэкIуэкIащ правле-нэм и зэхыхьэ. Курыт еджапIэхэмрэ щэнхабзэмкIэ унэхэмрэ зыдэдгъэIэпыкъуурэ, зэхыхьэ 30-м нэс къызэдгъэпэщащ. Дэ зэи тщыгъупщэ мыхъун Iуэхущ ди нэхъыжьыфIу фIыр зи Iэужьхэм а лъэхъэнэ хьэлъэм ягъэва бэлыхьымрэ яшэча хьэза-бымрэ зыхуэдэр. Школхэмрэ щэнхабзэмкIэ унэмрэ зэIу- щIэ дахэхэр къыщызэдгъэпэщурэ, нэхъыжьхэм я нэгу зедгъэужьащ, «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэри абдеж щахэтлъхьащ. Нэхъыжьхэм я гукъэкIыжхэм, ягъэва бэлыхьым щагъэгъуэзащ абыхэм яхуэдгъэза ныбжьыщIэхэр. Хэкур фIыуэ лъагъуным, ущие гуапэм дерс къыхахыным, ныбжьэгъугъэр ягъэпэжыным, зэкъуэту псэуным - ахэращ нэхъыжьхэр зытепсэлъыхьар.
ЗэIущIэм къэкIуэну зи къару къимыхьа нэхъыжьхэм я унэм дыкIуэурэ медалхэр тыгъэ яхуэтщIащ, я къуэрылъху-пхъурылъхухэр щыту, абыхэм ялъагъур я гум къинэн папщIэ. Ахэр зыуэ щогуфIыкI а тIэкIуми, пхуэмыIуэтэщIыным хуэдизщ. Мис апхуэдэу, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми, я гум дедэхэщIэну, абыхэм ятелъа гугъуехьыр зэрытщымыгъупщар зыхедгъэщIэну дэ псоми ди къалэнщ!
Гъэ дызытехьам Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 зэрырикъур Iэтауэ дгъэлъэпIэну ди мурадщи, Iуэхум хэтыну гупыж зыщIхэр фыкъыдогъэблагъэ, - жиIащ Джатокъуэм.
АдэкIэ къэпсэлъэщ Компартым и район къудамэм и япэ секретарь Къардэн Мурадин.
- Ину фIыщIэ фхузощI «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ зыкъыфщIэзыгъакъуахэмрэ! Дэ псоми ди къалэнщ нэхъыжьхэм я гур хэзыгъахъуэ зэхыхьэ гуапэхэр нэхъыбэрэ къызэдгъэпэщыну, абыхэм сабиигъуэ, щIалэгъуэ зэрамыIар зэрытщIэр, лейуи фIыщIэ зэрахуэтщIыр нэрылъагъу ящытщIын папщIэ. Ди нэхъыжьхэм я псалъэ зэхэзых нэхъыщIэхэм ар ягу зэримыхунум шэч къытесхьэркъым. Дызэрыхьа илъэсым ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр илъэс 80 зэрырикъур дэнэ щIыпIи щагъэлъэпIэнущ. Дэ ди къалэнщ а Iуэхугъуэр зыхуей хуэзэу къызэдгъэпэщыну, щIэблэр хэкупсэу дгъэсэну, къызыхэкIа лъэпкъыр ящIэжу, тхыдэм пщIэ хуащIу къэхъун папщIэ, - жиIащ абы.
ЗэIущIэм и кIэухым, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм щыщу лэжьыгъэм къыхэжаныкIахэмрэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуахэмрэ Джатокъуэм яритащ щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ медалхэмрэ.
Тхыгъэри сурэтри
КЪАНКЪУЛ Зазий ейщ.