Iэмал псори яIэщКъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Медици- нэ академием лэжьыгъэм щыхагъэгъуазэ и центрым. Абы зригъэлъэгъуащ IэнатIэм лэжьыгъэр зэрыщызэтеублар, ар къызэрызэгъэпэща Iэмэпсымэхэм я зэфIэкIыр игъэунэхуащ, Медицинэ академием и студентхэм- рэ ординаторхэмрэ лэжьыгъэ и пIалъэ зэращIэм зыщигъэгъуэзащ. - Центрым и къалэн нэхъыщхьэр, иджырей егъэджэныгъэ-медицинэ технологием и унэ-тIыныгъэхэр къагъэсэбэпкIэрэ, дохутырхэмрэ курыт медицинэ IэщIагъэлIхэмрэ Iуэхум щыхуагъэхьэзыркIэ лэжьыгъэм нэхъ куууэ хэгъэгъуэзэнырщ. Ар къызэгъэпэщащ Iэмэпсымэ, компьютер техникэ зэхуэмыдэхэмкIэ. ЖыпIэнурамэ, эндоскопие хирургием, анестезиологием, реаниматологием, акушерствэмрэ гинекологиемрэ, травматологием, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи сымаджэм и узыншагъэр къызэрыппщытэным, абы узэреIэзэну щIыкIэм хуэщIауэ центрым и егъэджэныгъэ пэшхэр узэдащ, - жиIащ Медицинэ академием и унафэщI Ми- зиев Исмэхьил.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




