КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэр иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Депутатхэр Iуэхугъуэ 20-м щIигъум хэплъащ.Абыхэм ящыщщ «КъБР-м Iулъхьэм щыпэщIэтынымкIэ зэлэжьыпхъэхэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 12-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» щIыналъэ законыр.
КъБР-м и Парламентым ЦIыхубэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил къыхигъэщащ законопроектым и Iыхьэ 12-м и езанэ частым егъэджэныгъэ IэнатIэм щIыналъэ, лъэпкъ щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэр зэрыщыхъумар. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ нэхъ ипэкIэ зи гугъу ящI щIыналъэ, лъэпкъ щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэр къэрал егъэджэныгъэм и жыпхъэм хахыжауэ зэрыщытар.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ «Мэкъумэш IэнатIэм хухэха щIым гъавэ бэв къытехыныр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ» КъБР-м и законым и проектым. Ар ягъэхьэзыращ «УФ-м и хабзэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» ФЗ №499-р къызэращтам къыхэкIыу. Абы ипкъ иткIэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Мэкъумэш IэнатIэм хухэха щIым гъавэ бэв къытехыныр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ» ФЗ № 101-м.
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и комите-тым и унафэщI ТекIушэ Артур зэрыжиIамкIэ, дэфтэрым жыIэгъуэ зыбжанэ щызэрахъуэкI.
ЗэIущIэм щыхэплъащ «Егъэджэныгъэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 5-мрэ 6-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» республикэ законым и проектым. «Абы щыдогъэбелджылы зи узыншагъэм сэкъат иIэ еджакIуэхэм, ныкъуэдыкъуэхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэтын папщIэ яIэ Iэмалхэр, спортым зэрыхуагъэхьэзыр программэхэм къэрал IуэхущIапIэхэр зэрелэжьыпхъэ щIыкIэр», - къыхигъэщащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комите- тым и унафэщIым и къуэдзэ Коротких Ольгэ.
КъищынэмыщIауэ, депутатхэр зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «УФ-м щагъэув Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм теухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 3-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» федеральнэ закон № 804715-8-м и проектым. Ар къыхилъхьащ КъБР-м и Парламентым Хабзэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и комитетым.
Депутатхэм къаIэтащ хамэ къэрал щыпсэухэмрэ Урысей Федерацэм и цIыхуу щымытхэмрэ я Iэпхъуэшапхъуэм, щэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэм, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, бдзэжьей ещэкIэр хабзэм тетыным хуэгъэза федеральнэ законхэм ехьэлIа Iуэхугъэхэр, УФ-м ПсымкIэ, ЩIымкIэ, ПсэупIэмкIэ и кодексхэм хэлъхьапхъэ зэхъуэкIыныгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэуи къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ Адыгей Республикэм и Къэрал Совет-Хасэм УФ-м энергетикэмкIэ и министр Цивилёв С.Е. зэрызыхуигъэзам - газкIэ къызэгъэпэщынымрэ щIыпIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэмрэ ехьэлIауэ федеральнэ хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхэлъхьапхъэм теухуам. А жэрдэмыр абы КъБР-м и Парламентым диIыгъащ.
КъБР-м и Парламентым и
пресс-IуэхущIапIэ.