Лъэпкъ щэнхабзэм и щIэгъэкъуэн«Черкес FM» радиор телефоным требгъатхэ гуэдзэнщи, дуней псом текъухьа адыгэр абы йодэIуэф. НэгъуэщIу жыпIэмэ, хамэ щIыпIэхэм адыгэбзэр щызыIэщIэхуахэми ар я сэбэпщ, лъэпкъ щэнхабзэр зыфIэфIхэм дежкIи гъэщIэгъуэнщ. Тут Заур, Сокъур Ольгэ, Нэхущ Чэрим, Апэнэс Астемыр, Къэзан Сэтэней, ЛIыбзу Аслъэн, Хьэжырокъуэ СулътIан, Дзыбэ Мыхьэмэт, Быштэ Азэмэт сымэ, нэгъуэщI ди арист цIэрыIуэхэми я уэрэдхэр абыкIэ къат. Радиостанцыр цIэрыIуэ щIэхъуам и зы щхьэусыгъуэщ абы щIэх-щIэхыурэ Москва къалэм и концерт гъэлъэгъуапIэ нэхъыфIхэм «Черкес ФМ-м и вагъуэхэр» зыфIищ пшыхьхэр къызэрыщызэригъэпэщыр. Ар продюсер цIэрыIуэ Хьэцей Тимур и жэрдэмкIэ Урысейм радиомрэ IT технологиехэмкIэ и IэщIагъэлI нэхъыфI дыдэхэм зэхагъэувауэ щытащ. Тимур куэд щIауэ зыщIэхъуэпс Iуэхугъуэт адыгэбзэкIэ лажьэ радио къызэригъэпэщыныр. Уэрэдхэмрэ хъыбарыщIэхэмрэ къищынэмыщIа, нэтынхэри абы къату ящIащ. Псалъэм папщIэ, «Удыхьэшхынумэ, къеблагъэ» зыфIащар абы щыщщ, адыгэ хабзэм, псалъэжьхэм едэIуэфынущ, пщыхьэщхьэкIэ цIыхухэм Iэмал яIэщ адыгэбзэкIэ таурыхъхэм едэIуэну. Шэч хэмылъу, а псор зытещIыхьар ди лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнырщ. «Черкес-FM»-м и лъэтеувэр 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м Iэтауэ щагъэлъэпIауэ щытащ Москва къалэм дэт Vegas City Hall-м. НэгузыужьыпIэм и фойем абы щыгъуэм щагъэлъэгъуат лъэпкъ фащэм къытращIыкIа, сом мелуанрэ ныкъуэрэ зи уасэ фэилъхьэгъуэр. Ар, дауи, зи IэдакъэщIэкIыр Сэралъп Мадинэт - ди дакIуэ-бзакIуэ цIэрыIуэрат. А фащэм и уасэр къызыхэкIар нэхъыбэу щэкIым и лъапIагъратэкъым, атIэ IэкIэ зэрыхэдыкIамрэ дыжьынкIэ щIа бгъэIулъымрэ мывэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бгырыпхымрэ арагъэнут. Апхуэдэуи а фащэм елэжьат дыщэкI икIи IэщэщI Еутых Iэсият. РадиостанцымкIэ дгъэзэжмэ, абы ущедэIуэфынущ Урысей Федерацэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Израилым, нэгъуэщI къэралхэми. Ар адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ мэлажьэ, нэтынхэр тыркубзэрэ хьэрыпыбзэкIи ягъэхьэзыр. КъызэгъэпэщакIуэхэр зыхущIэкъур адыгэхэр щыпсэу къэрал псоми ялъэIэсынырщ, ди Iуэху зыIутым, псэукIэм, хабзэм, щэнхабзэм ахэр хагъэгъуэзэнырщ. IуэхущIапIэм гупыфI зэригъэуIуащ. Лэжьыгъэм кърашалIэр зэфIэкI зиIэ, зэчий зыбгъэдэлъ цIыхухэрщ. Псалъэм папщIэ, гушыIэхэмрэ таурыхъхэмрэ къеджэр ди Къэбэрдей къэрал театрым и актёр пажэхэращ, къадоIэпыкъу щIыпIэ телевиденэм и редакторхэр, Езанэ каналым и дикторхэр. Абыхэм хъыбарыщIэхэри, таурыхъхэри, макъамэхэри къыщыхахкIэ кхъузанэм щIамыгъэкIауэ эфирым ягъакIуэркъым. Сыту жыпIэмэ, мыхьэнэшхуэ ират «утыку кърахьэ» лэжьыгъэм купщIэ щIэлъын зэрыхуейм. Интернетым зэрыщатхымкIи, радиостанцым ягъакIуэ уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ ягу ирохь, зэрытемызашэр къыхагъэщ. Абы едаIуэхэм фIыуэ ялъэгъуахэм ящыщщ Иуан БетIал, ГъукIэ Ислъам, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ я уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри. Мы зэманым таурыхъыу 100-м щIигъу яIэщи, махуэ къэс абыхэм хэплъэурэ нэтыным ягъэкIуэнур къыхах. А Iуэхум набдзэгубдзаплъэу бгъэдохьэ, сыту жыпIэмэ абыхэми къащыхэкI щыIэщ ди зэманым къемызэгъ псалъэхэр е Iуэхугъуэ гуэрхэр къыщыIуэта пычыгъуэхэр. Пщыхьэщхьэ къэс сыхьэт 21:30-м гущэкъу уэрэдхэр къат. Радиом Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъур хэкурысым «хуигъэзэфынущ», хъуэхъу тхыгъэхэр щызэIэпахыфынущ. Апхуэдэуи абы иIэщ тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ нэхъыбэрэ зэдэIуэну нэхъ яфIэфI артистхэр щагъэбелджылы нэтын. Шэч хэмылъу, мы зи гугъу тщIы Iуэхухэр жэуаплыныгъэ зыпылъщ. 2024 гъэр къызэщIакъуэжу дыгъэгъазэм и 5-м, зэрыхабзэу, Москва къалэм дэт Vegas City Hall-м щрагъэкIуэкIа пшыхьым хэтат Тут Заур, Нэхущ Чэрим, Царикати Феликс, Апэнэс Астемыр, Иуан БетIал, Сокъур Ольгэ, Лъашэ Альберт, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Бэрбэч Аскер, Третьяк Татьянэ, «Кабардинка», «Черкесия», «Адыги» ансамблхэр, нэгъуэщIхэри. Псом хуэмыдэжу цIыхухэм щIэщыгъуэ ящыхъуауэ иджыри къэс Интернетым щызэIэпах концертым зыкъыщызыгъэлъэгъуа «Ашэмэз» гупым я уэрэдхэр. Лъэпкъ щэнхабзэр къыдэзыхыж, хэIущIыIу зыщI IэмалыфIщ мы радиостанцыр.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|