Сабиипсэм зыхищIэу1929 гъэм «Къэрэхьэлъкъ» газетым и «Сабий тхьэпэ» напэкIуэцIхэр пIалъэкIэрэ къызэригъэпэщу щIидзат. Абы къытехуэрт лъэпкъ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, IуэрыIуатэм къыхаха сабий уэрэдхэр, таурыхъ, хъыбар кIэщIхэр, а лъэхъэнэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIахэр. Абы щыгъуэм лъэпкъ сабийхэм щхьэхуэу тхыгъэхэр хузэхэлъхьэн къалэным еувэлIащ ЩоджэнцIыкIу Алий. И IэдакъэщIэкIхэр куэд мыхъуми, къыхэгъэщыпхъэщ абы сабий литературэм гулъытэ хуищIу зэрыщытам. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ХьэкIуащэ Мадинэ зэпкърех абы сабийхэм ятриухуа тхыгъэхэр. «ЩоджэнцIыкIум и сабий тхыгъэхэр езыр щылажьэ еджапIэм, и IэщIагъэм епхащ, зытепсэлъыхьри сабийхэр гъэсэныгъэрщ. Абы и хъуэпсапIэр ныбжьыщIэхэр гъэсауэ, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджынырщ. Апхуэдэ сабий нэгъэсам и образщ «Хьэсанш-еджакIуэ» усэм дызыщрихьэлIэр. Япэу дунейм къыщытехьам абы зэреджэу щытар «ЕджакIуэ Хьэсанш цIыкIущ». Ар итхат и егъэджакIуэ Цагъуэ Нурий 1925 гъэм къыдигъэкIа «ЩIалэ гъуазэ» тхылъым папщIэ. И тхыгъэм и сюжетыр Хьэсанш жьыуэ къэтэджу, зитхьэщIу, зихуапэу, шхэуэ еджапIэм зэрыкIуэрщ. ЕджакIуэ еIуящIэхэм хуэдэу ар уэрамым Iуэхуншэу дэткъым, еджэнкIи зыри зытригъакIуэркъым. Сабийхэм щэныфI яхэлъыныр зи хъуэпсапIэ усакIуэм апхуэдэ ныбжьыщIэм и щапхъэ щызэрегъэпэщ «Хьэсанш цIыкIу и гущIэгъу» усэм. Абы и лIыхъужьым егъэлеяуэ ищIэшхуэ щыIэкъым, мафIэсым зыри къригъэлыркъым, лIыгъи зэрихьэркъым, щIыIэ уаем хэхуа шырыр ажалым къригъэлу аращ. КъэкIыгъэм, псэущхьэм апхуэдэ гущIэгъу хуэзыщIым езым хуэдэхэм лей ярипэсынкIэ Iэмал иIэкъым. Аращ усакIуэми Хьэсанш щIигъэлъапIэр, гущIэгъу яхэлъу дэтхэнэ еджакIуэри щытын хуейуэ къыщIыхуриджэр. 1931 гъэм къыдэкIа «Артель» тхылъым къытехуащ усакIуэм и усэ зыбжанэ. Лъэпкъ сабийхэм я зэхэщIыкIым хэгъэхъуэн, цIыкIухэм ящIэн, ялэжьын хуейхэр къагуригъэIуэн щхьэкIэ, усакIуэм итха апхуэдэ усэхэм ящыщщ «Жыг хьэпIацIэ», «Псы щхьэлым», «ДгъэкIынщ жызум хадэ», «Ди нартыхур», «Ленэ Iуфэ щаукIахэр», «Стефенсон», нэгъуэщIхэри. А усэ гупым хэтщ художественнэ и лъэныкъуэкIэ тхыгъэ нэщIысахэри. ЯпэIуэкIэ итха адрей и усэхэми ещхьу, ахэр адыгэ сабий литературэм и япэ тхыгъэхэщ, и зэманым абы къалэн пыухыкIахэр зэрагъэзэщIами шэч хэлъкъым. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Щывгъаблэ», «Пионер», «Пионер псэукIэ», «ЕджапIэщIэ», «КхъыIэ, хуиту сегъэгугъу» усэхэр. Абыхэм гъэщIэгъуэну усакIуэм къыщигъэлъэгъуащ еджакIуэ цIыкIухэм я зэхэщIыкIым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр. А тхыгъэхэм хэт еджакIуэ цIыкIухэр щIэныгъэм апхуэдизу дихьэх хъуащи, ар къызэпаудыну яужь къихьэхэм иджы езыхэр япэщIоувэ. Къэбэрдей-шэрджэс сабий литературэр зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ ЩоджэнцIыкIум и творчествэм. Художественнэ псалъэм хуэIэзэ тхакIуэм сабийхэм папщIэ тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. ЩIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъащIэр зэрызэхэлъ Iуэхугъуэхэр я фIэщ щIыным, ахэр художественнэу я пащхьэ илъхьэным. ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм гупсысэ куухэр къыщыIэтащ, абыхэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я дуней еплъыкIэр яубзыху, ирагъэфIакIуэ. «Кхъужьей щIагъым» рассказым лъабжьэ хуэхъуар социальнэ зэпэщIэувэныгъэрщ. Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр Болэт дадэрщ, еджакIуэхэр къатIысыхьауэ и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхум яхутопсэлъыхь. Ар зытеухуар Ахьмэд беижьымрэ къуажэ молэмрэ зэрахьэ лейрщ. Болэт ягъэкIуэдын щхьэкIэ (ар Дзэлыкъуэ бунтым хэтат), зэгурыIуэри пцIы къытралъхьащ. «Къуаншагъэ зылэжьа» насыпыншэр Сыбыр къыщохутэ. Абы урыс революционер Иван щыIуощIэри, залымыгъэм зэрыпэщIэтын хуейр къыгурегъаIуэ. Рассказым гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышар къызэрыгуэкI бгырыс мэкъумэшыщIэм и зэхэщIыкIым зэрызихъуэжырщ. Апхуэдэу щытми, авторым нэхъыщхьэу игъэувыр рассказым и пэщIэдзэм зи гугъу щищI кхъужьей инырщ. Аращ абы еджэхэм ягу нэхъ къинэр: кхъужьеижьыр къызэрыгъагъэр, абы и лъабжьэм лIыжьымрэ еджакIуэхэмрэ зэрыщIэсыр. «Сэ сыкъыщыувыIащ зи къудамэхэр куэду зэкIэщIэкIа, хужьыфэ-тхьэмбылыфэу гъэгъа цIыкIухэр къызыпидза жыг абрагъуэшхуэм деж. Абы и лъэдий пхъашэм, лэдэх куухэр зиIэм, къыбжиIэрт жыгым ныбжьышхуэ зэриIэр. Ауэ и тхьэмпэщIэ лантIэ цIыкIухэр дыгъэм пэлыдырт, и гъэгъахэр апхуэдизкIэ куэдти, уэс хужьым ихуэпа хуэдэт. Куэд щIауэ сцIыху кхъужьейращ. Ар псэурт гъатхэм щыгуфIыкIыу, ауэ мыр едэпщанэ гъатхэми къэщIэгъуейт». Усыгъэм хуэдэу, прозэми IуэрыIуатэм и хабзэхэри хыболъагъуэ. Ар наIуэ щохъу рассказым и купщIэми, лIыхъужь нэхъыщхьэм и образми. Къэбгъэлъагъуэмэ, кхъужьейм и лъабжьэм щIэсу цIыкIухэм хъыбар яжезыIэж лIыжьыр ещхьщ и нэгу щIэкIар хуэмурэ къэзыIуэтэж джэгуакIуэм. Ауэ, къызэрыхэдгъэщащи, Болэт жиIэж Iуэхугъуэракъым нэхъыщхьэр, атIэ кхъужьеижьыр дахэу зэрыгъагъэрщ, щIэращIагъымрэ гугъэмрэ я нэщэнэу сабийхэр абы и лъабжьэм зэрыщIэсырщ. Социальнэ зэхуэмыдэныгъэм зэпкърыхауэ тепсэлъыхь пэтми, тхыгъэм купщIэ хуэхъуар кхъужьейм и образырщ, аращ ар рассказым фIэщыгъэцIэ щIыхуэхъуари. 1920 гъэхэм ЩоджэнцIыкIум и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм я нэхъ купщIафIэ дыдэщ «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр. Абы щекIуэкI социальнэ зэпэщIэувэныгъэр къызэрыгъэлъэгъуар а зэхуэмыдэныгъэр сабийм зэрызыхищIэрщ. А щIалэм и адэм я гъунэгъу Тембот-хьэжым хьэжыгъэ пут къыIрихащ, мэкъу дестынэ хупиупщIыну къигъэгугъэри, ауэ абы и пшыныжыным гугъуехьищэхэр пылъу къыщIэкIащ. Рассказым и лIыхъужь Хьэсет цIыкIу игу щIохьэ Тембот-хьэжым и къуэ Муратрэ езымрэ я псэукIэм и зэхуэмыдэныгъэр: «сэ сыщытщ жаIар си жагъуэ хъуарэ, дыгъэм сигъэмэхауэ, си натIэм сыкъыщIэплърэ тешанкIэм сыкIэлъыплъу. Сэ лъэныкъуэкIэ сеплъэкIырт, гупсысэ мыфэмыцхэм си гур якъузу: пэжщ, сэ сыкъулейсызщ, ар йоджэ, щIэныгъэ зрегъэгъуэт. Дэ абы и адэм дрилIыщIэу аращ… Абдежым сэ сехъуэпсащ уэгум ит къуалэбзухэм, псэущхьэхэм, гъудэ-бадзэхэм - ахэр щхьэхуитщ, зэрыхуейм хуэдэу мэпсэу, унафэщI яIэкъым. Сэ хьэжыгъэ пут закъуэм гъэр, лIыщIэ сищIащ. Ауэ гъэмахуэ жэщым и дахагъ къызэрымыкIуэм гу лъызыта щIалэ цIыкIум и гупсысэр цIыху гъащIэм щхьэщокIри, щэху, Iэзагъ куэд зыгъэпщкIу хьэршым нос: «Вагъуэхэр уафэм игуэшахэт, хэт нэхъ инт, хэт нэхъ цIыкIут, хэт нэхъ цIут, псэр игъэгуфIэрэ игъафIэу. Сэ уафэм сеплъырт вагъуэхэр зэрызэхущыт елъытакIэ гуп-гупу зэхэздзу. Си джабэр адэм къигъэхуабэрт, и Iубахъэ хуабэр къыщысщIихукIэ насыпыфIэ сищIырт, си плIэр зэрыузари, абы телъ уIэгъэхэр зэрыбжьыбжьри сщигъэгъупщэжу. А жэщым уафэмрэ щIылъэмрэ щIэращIагъэкIэ зэпеуэ хуэдэт. Сэ слъэгъуащ вагъуэхэр пшэ гуэрэным зыщагъэпщкIуурэ къызэрыкъуэплъыжыр. Сэ зыхэсхащ мэзхэм, удзхэм, щIым жэщ даущыншэм щагъэIу макъамэ зэмыщхьхэр. Шыхулъагъуэм идз нэхур си Iэм къытепсэрт, ди пщыIэм къыхуэкIуэ лъэс лъагъуэ цIыкIум щыджэгурти, сышынэрт щIымрэ уафэмрэ зэрызэдэджэгу а дахагъэ псори си бауэ макъым къызэпиудынкIэ». СурэтыщI зэчиифIэм ещхьу, авторым ныбжьыщIэ цIыкIум псэукIэ хьэлъэм и дунейр и щIыбагъ къыденэри, Iэмал куэд къызэкъуэзых дыкъэзыухъуреихь дунейр и нэгу къыщIегъэувэ. Сабийм и нэ жанхэм ялъагъу «а уафэмрэ щIылъэмрэ гуапэу щызэдэджэгу» дакъикъэращ нэхъыщхьэр зыхэлъыр - насыпым Iэмал зэриIэр, хьэршымрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэлъым цIыхур зэрыхуитыр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дунеймрэ хьэрш абрагъуэмрэ цIыху хьэзабымрэ гухэщIымрэ зэрыдэлъыр къегъэлъагъуэ. Сабиипсэм зыхрегъащIэ гъащIэм и лъэныкъуэ куэд».
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|