ЩIыпIэхэр ягъэдахэ2019 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэIузэпэщ щащIащ, зыхуей щыхуагъэзащ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу 169-рэ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 571-рэ, абыхэм ящыщу 47-р - утыкушхуэу, 38-р - жыг хадэ цIыкIуу, 19-р - паркыу, езыхэм къэкIыгъэхэр щыкуэду, сабий, спорт джэгупIэфIхэмкIэ къызэгъэпэщауэ. БлэкIа илъэсри абыхэм къакIэрыхуакъым. Псалъэм къыдэкIуэу, щIыналъэм и жылэ 31-м цIыху куэд щызэхуэс я щIыпIэу 31-рэ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 31-рэ ягъэтэмэмащ. Мы гъэм мурад щыIэщ республикэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэм ящыщу 38-р зыхуей хуагъэзэну. Ауэ а бжыгъэм иджыри зихъуэжынущ икIи псори зэхэту лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэр зэрыхъунур наIуэ къыщыхъунур дызыхыхьа илъэсым и етIуанэ мазищырщ. ЗэкIэ къыхаха щыпIэ 38-м ящыщу 8-р къэзыгъэлъэгъуар республикэм щыпсэухэрщ. Ахэр хэтащ щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ интернеткIэ ирагъэкIуэкIа урысейпсо IэIэтым. Абы нэмыщI, Урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа «Псым IэплIэ къуешэкI» пэхуэщIэр Шэджэм къалэм щыгъэзэщIэным яужь ихьэну я мурадщ. Республикэм дэтхэнэ щIыпIэми сыт хуэдэ лэжьыгъэ мы гъэм щрагъэкIуэкIынуми, абы ехьэлIауэ IэIэтым фыхэтыну фыхуеймэ, абы теухуа хъыбархэр псори къыщыфхуэщIэнущ мы адресымкIэ https://pos.gosuslugi.ru/lkp/fkgs/offer/. Апхуэдэуи фи Iуэху еплъыкIэхэр абы къыщыжыфIэ хъунущ щIышылэм и 15-м щегъэжьауэ мазаем и 28-м пщIондэ.
Поделиться:
Читать также:
20.01.2026 - 16:56 →
Къэдмыгъэсэбэпыж хабзэхэр
20.01.2026 - 13:15 →
Адыгэбзэм дэни сынехьэс!
20.01.2026 - 10:01 →
ПэхуэщIэхэр мэлажьэ
19.01.2026 - 20:04 →
Тутыныр зэранщ
19.01.2026 - 19:01 →
Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу
| ||




