Мелуани 6,5-м щIегъуХьэрычэт IэнатIэ УФ-м и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ (МСП) хэтхэм я бжыгъэр, 2016 гъэм ахэр тхын зэрыщIадзэрэ, мы гъэм мелуани 6,59-рэ хъуащ. МСП-м и реестрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ я бжыгъэр 2024 гъэм мин 22,6-рэ хъуащ. БлэкIа илъэсми я щхьэ хуэлэжьэжхэрэ уней IуэхущIапIэу щIыналъэм щIэуэ щатхащ 5786-рэ икIи къапщытэж пIалъэм къриубыдэу абыхэм щылэжьащ цIыху мини 108,7-рэ е республикэм IэнатIэ щыпэрыт и цIыхухэм я процент 34-р. Къэрал псор къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ ику иту хэхъуэу къатам щыщу сом триллион 1,7-р IэнатIэ цIыкIухэм яйщ, хьэрычэт мыиным - триллион 0,6-рэ, хьэрычэт курытым - триллион 0,2-рэ. Зы IэнатIэм къылъысу хэхъуэу иIэр процент 11,2-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, щыIэ инфляцэм ар щхьэдэхащ.
Поделиться:
Читать также:
19.06.2025 - 16:51 →
Iулыдж лъагэ зиIэ
19.06.2025 - 15:49 →
НОБЭ
19.06.2025 - 13:46 →
Гъуазэ яхуохъу
19.06.2025 - 12:26 →
ЛIыхъужьхэм я щапхъэр
18.06.2025 - 14:18 →
Я зэфIэкIхэмкIэ къыдахьэх
|