ХъыбарыфI къытхуехь

«Адыгэ псалъэ» лъэпкъ газетым и мыхьэнэм, ар щIытрадзэ щхьэусыгъуэм дыщагъэгъуазэу, ди щIэджыкIакIуэхэм тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытIэрагъэхьэ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ зэдгъэуIуащ, фэри фыкъеджэмэ ди гуапэу. 

Тэрч районым къратхыкI: «Сыт щыгъуи дыдэзыхьэх, щхьэпэ куэд къызэрытх «Адыгэ псалъэр» ди блэкIари нобэрей зэманри щызэхэухуэна газетщ. Ар зи фIыщIэр, дауи, газетыр жэуаплыныгъэ пылъу къыдэзыгъэкIхэращ. Абыхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэм дэри, щIэджыкIакIуэхэм, Iэмал къыдет дытемызашэу тхыгъэхэм дахэплъэну.

Псалъэм папщIэ, дызэрыпагэ ди нэхъыжьыфIхэр, лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэр мы къыдэкIыгъуэм зэригъэлъапIэм гур хегъахъуэ, ари, шэч хэмылъу, газетым и зы къулеигъэщ.

Къыхэгъэщыпхъэщ, ди щэнхабзэм, гъуазджэм хуищI гулъытэри зэрымымащIэр. Республикэм къеблагъэ цIыху цIэрыIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм, гуп зэхуэмыдэхэм я пшыхьхэм ущыIам хуэдэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэж тхыгъэхэр уасэ зимыIэщ.

Газетым и фIагъхэм ящыщ зыщ «Адыгэ псалъэм» и лэжьыгъэр сабийми («ЦIыкIураш» къыдэкIыгъуэр абыкIэ щхьэпэщ) балигъми (дунейм щыхъыбарми, политикэми, нэгъуэщI куэдми щыгъуазэ дещI) зэрытещIыхьар».

Аруан район: «АдыгэбзэкIэ къыдэкIыу республикэм диIэр «Адыгэ псалъэ» газетым и закъуэщ.

Абы гулъытэ хуещI ди къуэш республикэхэми дунейм щыхъыбархэми. Газетым къызэщIеубыдэ политикэ, жылагъуэ Iуэхухэри. КуэдкIэ щхьэпэщ «Махуэку», «IуэрыIуатэ - дыщэ пхъуантэ», «ЦIыкIураш», «Малъхъэдис», «Си еджапIэ - си къежьапIэ» напэкIуэцI щхьэхуэхэри. Зыгъэпсэхугъуэ махуэм газетым къытехуэ жыIэгъуэхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр, хабзэм теухуа тхыгъэхэр, псалъэзэблэдзыр - псори мыхьэнэ зиIэ защIэщ. ИкъукIэ Iуэхугъуэ куэдым топсэлъыхь газетыр, и сыт хуэдэ тхыгъэри купщIафIэщ, щхьэпэщ, удэзыхьэхщ.

«Адыгэ псалъэм» и фIагъхэм щыщщ газетеджэхэм я тхыгъэхэр зэрытрадзэр. Апхуэдэ Iэмалым, дауи, газетымрэ абы и щIэджыкIакIуэмрэ нэхъ зэпэгъунэгъу ещI.

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэ, лэжьакIуэшхуэ куэд газетым и фIыгъэкIэ къызэрыщытцIыхури, шэч хэмылъу, лъапIэщ».

Налшык къалэ: «ЦIыхум и зы псалъэм псэр къиуIэфынкIи хъунщ е дамэ абы къытригъакIэу иIэтынри хэлъщ. «Адыгэ псалъэм» и дэтхэнэ напэкIуэцIми дэ мамырыгъэ, зэгурыIуэ, хъыбарыфI къытхуехь.

Илъэсищэ гъуэгуанэ хъуауэ ар лъэпкъым и Iэпэгъущ. Лъэпкъым хуэлэжьэну къалэн щхьэпэ зи пщэ дэзылъхьэжа «Адыгэ псалъэ» газетыр дызэриIэр ди фIыгъуэщ. Абы и зэфIэкIым зригъэубгъуащ, къимыIэт Iуэху щыIэжкъым. Псом хуэмыдэу нэхъыжьыIуэхэр тфIэкъабылу доджэ «Ислъамым и нур» напэкIуэцIым. ГъэщIэгъуэнщ абы «Махуэку»-м къытридзэ хъыбархэри. АдыгэбзэкIэ зэхэгъэува псалъэзэблэдзри щхьэпэ дыдэщ».

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: