Iуэхугъуэ щхьэпэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абы и ветеранхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм зригъэубгъуу, «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и хэщIапIэмрэ Къэрал юридическэ бюромрэ юридическэ чэнджэщхэр пщIэ щIамыту щрат. А Iуэхур щыщщ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуахэм.

Зи гугъу тщIа IуэхущIапIэхэм щолажьэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, ветеранхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ щыIэ къэрал хабзэхэм фIыуэ щыгъуазэ икIи хэзыщIыкI юристхэр. Псалъэм папщIэ, СВО-м хэтахэу закъыхуэзыгъазэхэм зыщIэупщIэхэр гурагъаIуэ, зыхуэфащэ дэIэпыкъуныгъэ иратын папщIэ ахэр зыхуеину дэфтэрхэр зэхуахьэсынымкIэ зыщIагъакъуэ, чэнджэщхэр ират.

2024 гъэм апхуэдэ юридическэ дэIэпыкъуныгъэхэм хуэныкъуэу IуэхущIапIэхэм зыкъыхуагъэзащ цIыху 620-м. Абы къегъэлъагъуэ Хэкум и хъумакIуэхэм ядедгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм мыхьэнэ инрэ щIэупщIэшхуэрэ зэраIэр, щыжаIащ щIыпIэ министерствэм.

АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:

Читать также: