Лъэпкъ пэхуэщIэхэр къалащхьэм щыпхегъэкIКъэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мы махуэхэм Мэзкуу щыIэщ, республикэр лъэпкъ проектыщIэхэм зэрыхэтыну щIыкIэр иубзыхун IуэхукIэ. КъинэмыщIауэ, республикэм и Iэтащхьэр хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Патрушев Дмитрий иригъэкIуэкIа зэущIэм. «Лъэпкъ проектыщIэхэр 2025 - 2030 гъэхэм ягъэзэщIэну я мурадщ. Абыхэм я фIыгъэкIэ 2019 - 2024 гъэхэм зыщIадза лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсыну Iэмал ягъуэтынущ, унэтIыныгъэщIэ гуэрхэри хагъэхьэнущ. А псори хуэунэтIащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, унагъуэ- хэм, псом хуэмыдэу, сабий куэд зэрысхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуным, экономикэм зрагъэужьыным, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зыхэпсэукIыпхъэ псомкIи къызэгъэпэщыным», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




