ГъащIэ зэхэгъэкIыпIэ

Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 зэрырикъум мы гъэм гулъытэ щхьэхуэ иIэнущ. Къапщтэмэ, адрей илъэсхэми хуэдэу, ТекIуэныгъэ Иныр гъэлъэпIэным Iуэхугъуэ куэд иращIылIэнущ. Ауэ абы къыдэкIуэуи, тхыдэм и напэкIуэцIхэр, ди лIыхъужьхэр илъэс псом ягу къыщагъэкIыжынущ къэрал IуэхущIапIэхэми еджапIэхэми. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Архив IуэхущIапIэм Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр, лIыхъужьхэм, тылым и лэжьакIуэхэм я хъыбархэр щахъумэ, ахэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдагъэкI. 2025 гъэм ТекIуэныгъэ Иныр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу, нэхъ и пэкIэ дунейм къытемыхьа дэфтэрхэр зэрыт тхылъи къыдагъэкIыну я мурадщ. ТекIуэныгъэ Иным и илъэс 80-м и щIыхькIэ Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр догъэхьэзыр хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэми. Мы Iуэхум и мыхьэнэм тедгъэпсэлъыхьащ республикэм и къулыкъущIэхэр.  
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ: «Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьар дунейпсо тхыдэм хыхьащ, совет цIыхубэр я къаруи я пси емыблэжу зэрызэкъуэтамкIэ. Илъэс пщIы бжыгъэхэр дэкIыжами, а ТекIуэныгъэр ди цIыхубэм зэрызыIэригъэхьэфам къытедгъэзэжурэ догупсыс. 2025 гъэм егъэджэныгъэмкIэ зэхыхьэхэм я кIэух Iыхьэр Москва щекIуэкIынущ икIи ар зытеухуауэ щытынур ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъурщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей зэманым языныкъуэ къэралхэр хущIокъу тхыдэм и пэжыпIэмрэ Хэку зауэшхуэр иухыным совет цIыхубэм хэлъхьэныгъэу хуищIамрэ щIахъумэну. Езыхэм я политикэ еплъыкIэхэр пхагъэкIын мурадкIэ, фэеплъхэр якъутэж, тхыдэм теухуа тхылъхэр зэрахъуэкI - а псор зыхуэгъэзар Урысейр фашизмэм зэрытекIуар «ягъэпщкIунырщ». ТекIуэныгъэр къэхьыным зи гъащIэ щIэзытахэм яхуэфащэкъым апхуэдэ. Абы къыхэкIыу нэхъ ткIийуэ а Iуэхухэм дыпэщIэтын хуейщ: унагъуэхэм деж щегъэжьауэ, къэрал, жылагъуэ, дин, дзэ-хэкупсэ IуэхущIапIэхэри, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэри зэгъусэу абы делэжьыпхъэщ. ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъун щхьэкIэ, зэхэщIыкIыгъуэу епсэлъэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, мыбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуфынущ «Урыс тхыдэ зэгухьэныгъэ», «Урыс географие зэгухьэныгъэ», «Знание» IуэхущIапIэхэри. Шэч хэмылъу, мы лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэ хуащI лъыхъуакIуэ гупхэм хэтхэми хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэми. Ди цIыхубэр иропагэ, къэралым щыпсэухэр зэман нэхъ гугъу дыдэхэм зэкъуэувэу зэрыщытам. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэшхуэт Хэку зауэшхуэр. Иджы ди къалэнщ а зэкъуэтыныгъэр тхъумэну. ТекIуэныгъэр къызэрытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур дгъэлъэпIэнущи, нэгузыужь Iуэху къудейуэ щымыту, гупсысэкIэ гъэнщIауэ, хуэфэщэну ар къызэдгъэпэщыпхъэщ».
Пятигорскрэ Черкесскрэ я Архиепископ Феофилакт: «Тхыдэр хъумэнымрэ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм пщIэ яхуэтщIынымрэ дэтхэнэми ди къалэнщ. Ди япэ итахэм я зэфIэкIым щIэблэм щапхъэ трахыфу, я щIэиныр ягъэлъапIэу дгъэсэн зэрыхуейри зыщыдгъэгъупщэ мыхъунщ. ТекIуэныгъэшхуэр къэзыхьар цIыхубэ зэкъуэтыныгъэращ. Зауэ нэужь зэманми наIуэ хъуат лIыхъужьыгъэм и лъабжьэр гъэсэныгъэм деж къызэрыщежьэр. Гугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ текIуащ. Ауэ нобэ тхыдэ нэпцIхэр утыку кърахьэ хъуащ, ахэр къыдэкIуэтей щIэблэм я фIэщ ящIыну хэту. Абы дызэрыпэщIэтыфыну Iэмал нэхъыщхьэхэм ящыщу къызолъытэ егъэджэныгъэ IэнатIэр.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым: «ЩIэблэм я гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ди лъэпкъ хабзэхэмрэ цIыхубэ лъапIэныгъэхэмрэ мыхьэнэшхуэ яIэщ, къэкIуэнур абыхэм елъытащ. Сыт хуэдэ ди лъэпкъ хабзэхэр? Ар унагъуэм зэгурыIуэ илъынырщ, Хэкур фIыуэ лъагъунырщ, къызыхэкIа лъэпкъи иIыгъ дини емылъытауэ, гъунэгъум дэIэпыкъунырщ. Апхуэдэ хабзэхэращ къэкIуэнум дызэрытехьэфыну «лъэмыжыр». Хэку зауэшхуэм уасэ ин зэрыщIэттар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Къэбгъэлъагъуэмэ, Европэм и къэралхэм а зауэр апхуэдэ дыдэу зыхащIакъым. Псалъэм папщIэ, Даниер Германием сыхьэтих пэщIэтауэ аращ, Голландиер - сыхьэтитху, Бельгиер махуэ 18-кIэ, Грециер - махуэ 24-кIэ, Польшэр - махуэ 36-кIэ, Франджыр - махуэ 43-кIэ. Ленинград блокадэр, зэрыфщIэжщи, махуэ 900-м нэскIэ екIуэкIащ. Мы бжыгъэхэр къыщIэсхьыр а къэралхэмрэ Совет Союзымрэ зауэм щIатар зэрызэщхьэщыкIыр ди нэгу къыщIэувэн щхьэкIэщ. Апхуэдэуи ахэр дуней псом ягу къэдгъэкIыжурэ декIуэкIын хуейщ. Псом хуэмыдэу ди тхыдэр ящIэн хуейщ щIэблэм. Мы зэманым республикэм щыхоплъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщытеуа илъэсхэм лъэпкъгъэкIуэд зэрыщыIар къэлъытэным теухуа Iуэхум. Ар куэд щIауэ зэфIэгъэкIын хуея Iуэхут, фашизмэм цIыху куэд зэрихьар къэплъытэмэ. Украинэми мы зэманым Хэку зауэшхуэр зэрекIуэкIам и пэжыпIэр щыщIахъумэну хэтщ. Зэ мыхъуми зэ ахэри «къэушыжыну» дыщогугъ. А псом дызэрыпэщIэтынур щIэблэр хэкупсэу гъэсэным гулъытэ хэха хуэтщIкIэщ».
КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим: «115-нэ шуудзэм бийм и куэдагъми Iэщэ иIыгъми къимыгъэувыIэу, шым тесрэ къамэ яIыгъыу танкхэм пэщIэувэфауэ зэрыщытар лIыхъужьыгъэм и щапхъэт. Ди лъахэгъу цIыху мини 3-м щIигъум я псэр щIатат мамырыгъэм, Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ. А зэманым къагурыIуат, залымыгъэр зы цIыхум е зы лъэпкъым къызэрытемыпсыхар, цIыхубэм я зэхуэдэ гуауэшхуэу ар зэрыщытыр. Дэтхэнэ зыми елъытат къэралым и къэкIуэнур. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым щыIэщ тхыдэр зыIэщIэзыгъэхуахэр, мамыру дыпсэун щхьэкIэ зи гъащIэ зыта лIыхъужьхэр зыщызыгъэгъупщахэр. Ди къалэнщ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъун ялэжь зэрымыхъунур щIэблэм къагурыдгъэIуэныр».
Урысейм и тхыдэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и советым и унафэщIым и къуэдзэ Къэжэр Артур: «Брест къыщыщIэдзауэ Сталинград нэс километр мини 2 дэлът, Сталинградрэ Берлинрэ я зэхуакум - километр мин 2700-рэ. Совет зауэлIым километр мини 5-м нэс зэпичащ Хэкум и щхьэхуитыныгъэр, щIэблэм я къэкIуэнур ихъумэн щхьэкIэ. Махуэ 1418-кIэ ди лIыхъужьхэр къэмыланджэжу зэуащ, фашизмэр ягъэкIуэдащ. Ауэ СССР-м абы и къуэ пажэ куэдым я щхьэ халъхьащ - къэралым щыпсэум и процент 13-м. Уасэшхуэ щIитащ. Абыи емыплъу, нобэ языныкъуэхэр хэтщ Урысейр «къарууншэ» ящIыну. Иджыпсту ди нобэмрэ къэкIуэнумрэ зыхуэдэнур тхыдэм, гупсысэ пэжхэм щелъыта зэманщ».
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: