Дзэ Iуэху хэхам траухуэ

«Искож» хьэблэм къыщызэIуаха Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щагъэлъагъуэ «Донбасс глазами очевидцев» выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ЩIалэгъуалэ центрым щылажьэ «ТекIуэныгъэм и волонтёр» зэгухьэныгъэмрэ. 
 НэхъапэIуэкIи ди республикэм щыIащ дзэ фотокорреспондент Аносов Владимир и выставкэ. Иджы сурэт 20 къыдыщIигъужащ дзэ Iуэху хэхам щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, Хэкум и хъумакIуэхэм я лIыгъэм, Донбасс щыпсэухэм теухуауэ. 
 Зауэм и ветеран, Дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зы Коваленкэ Роман выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм защыхуигъазэм жиIащ щIалэхэм я псэ емыблэжу къэралым и щхьэхуитыныгъэр зэрахъумэр, абыхэм текIуэныгъэ къахьын папщIэ, дэтхэнэми тхузэфIэкIымкIэ дадэIэпыкъун зэрыхуейр. 
 Выставкэм куэду екIуэлIащ еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ. Ар гъатхэпэм и пэ пщIондэ лэжьэнущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ 2025 гъэр ТекIуэныгъэм и илъэсу зэрагъэувам тещIыхьауэ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр куэду зэрырагъэкIуэкIынур.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: