Парт, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ абы и ныбжьэгъухэу, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэхэу Нэхущ Заурбий, Туменов Мурадин, журналист Къудей Владимир сымэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къагъэхьа тхыгъэр ди гуапэу тыдодзэ.
«Илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ къэрал IэнатIэхэм пэрытщ Зумакулов Борис. А илъэсхэм абы и IуэхущIафэхэмкIэ, дуней тетыкIэмкIэ, IулыджымкIэ жылагъуэм я гупсысэр иунэтIу къогъуэгурыкIуэ жыпIэмэ, ущыуэнукъым.
1957 гъэм Налшык къалэм дэт 4-нэ курыт еджапIэм классипщIыр къыщиухащ Борис икIи Педагогикэ училищэм щIэтIысхьащ, адэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, занщIэу жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ комсомол лэжьыгъэм пэрагъэуващ ар.
1962 гъэм Комсомолым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару, зы илъэс дэкIри, япэ секретару хахащ. Абы щыгъуэм илъэс 23-м иту арат щIалэр. Апхуэдиз ныбжь фIэкIа имыIэу жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм и пашэ хъуныр, дауи, япэ къэсым хузэфIэкIыркъым. Ар а IэнатIэм щыпэрыувам ди республикэр хуабжьу хуэныкъуэт цIыхухэм ядэлэжьэфын, Iуэхум куууэ хэзыщIыкI, зыпэрыхьар и кIэм нэзыгъэсыф балъкъэр IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм. Абы щыгъуэми, и IэщIагъэми, щIэныгъэми зэпымычу хэзыгъахъуэ IэщIагъэлIт къалъыхъуэр. Апхуэдэ хьэлIыфIхэр: нэхъыбэ зэгъэщIэныр, зыIэригъэхьам нэхърэ нэхъыбэжым хущIэкъуныр, псоми зэхуэдэ гулъытэ яхуищIыфу, епсэлъэфу щытыныр Борис езым хэлъыххэт.
1971 гъэм абы къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и аспирантурэр икIи тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIащ.
Республикэм сыт хуэдэ Iуэхугъуэ къыщыхъуми щыгъуазэт Зумакуловыр, абы ицIыхурт лэжьакIуэ гупхэр. Зыпэрыт Iуэхур къызыхуэтыншэу игъэзащIэ къудейтэкъым, атIэ къыдэлажьэхэри и гупсысэкIэм къытришэфырт.
И щIалэгъуэ лъандэрэ ар адрейхэм къащхьэщыкIырт къэрал гупсысэкIэ зэриIэмкIэ, ныбжьэгъугъэр зэригъэлъапIэмкIэ. Абыхэм ятеухуауэ къаруи зэмани ущысхь хъунукъым, щхьэхуещагъэ хэплъхьэнри къезэгъыркъым, жыхуиIэ къыхуеджэныгъэм щIэту мэпсэу ар.
1972 гъэм и щIышылэм щегъэжьауэ Зумакуловыр ВЛКСМ-м и ЦК-м и аппаратым ягъэкIуащ, илъэсищ нэхъ дэмыкIыу Мэлбахъуэ Тимборэ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и къудамэм и унафэщIу къригъэблэгъащ, 1980 щыщIэдзауэ 1991-м и шыщхьэуIу пщIондэ секретару, секретарь етIуанэу, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару лэжьащ, КПСС-м и Къэзыпщытэ комиссэм хэтащ.
1985 - 1986 гъэхэм, мазэ тIощIкIэ, Зумакулов Борис Афганистаным чэнджэщэгъуу щыIащ. Зауэр щекIуэкI лъэхъэнэти, махуэ къэси псэ зэпылъхьэпIэт Борис дежкIэ. Абы къызэхикIухьырт къалэхэр, щIыпIэ нэхъ пхыдзахэр, зауэр нэхъ гуащIэу щекIуэкIхэр. Ар яхуэзэрт политикэ къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм, къызэрыгуэкI цIыхубэм, нэхъыжьыфIхэм. Епсалъэрт, езым и политикэ еплъыкIэр яхуиIуатэрт. Хэкупсэ нэсым хуэдэу, абы игъэзащIэрт езыр къыщалъхуа къэралым и пщэ къыдилъхьа къалэныр. Япэ махуэм щегъэжьауэ, зи гъусэу лэжьэн хуей хъуа афганхэм я дзыхь кърагъэзат ди хэкуэгъум.
1986 гъэм дзэм къыхэкIыжа полковникыу къигъэзэжащ Зумакуловым икIи КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ Жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ академиер къиухыжри, политикэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтащ. Мызэ-мытIэу КПСС-м нэгъуэщI щIыпIэ игъакIуэ лIыкIуэхэм яхэтащ. Псалъэм папщIэ, 1990 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Политбюром хэту Чили щыIащ.
Борис адрейхэм къащхьэщегъэкI, сыт хуэдэ къулыкъу имыIыгъами, цIыху къызэрыгуэкIыу, зэпIэзэрыту къызэрынэжым. Апхуэдэ хьэлыфIхэм я фIыгъэкIэ жылагъуэм, ди республикэм ис цIыхубэм я деж пщIэшхуэрэ Iулыджышхуэрэ къыщилэжьащ. Ар хагъэхьащ ВЛКСМ и ЦК-м, XV, XVI, XVII съездхэм, КПСС-м и ХХIV съездым я лIыкIуэу хэтащ, КъБАССР и Совет Нэхъыщхьэм и зэхыхьэгъуи 6-м – я депутату щытащ, партым и щIыналъэ комитетым и бюром щылэжьащ.
Зумакулов Борис яхэтащ 1991 гъэм республикэм и зэкъуэтыныгъэр зыхъумахэм, и гуащIэшхуэ хилъхьащ ди щIыналъэм и жылагъуэ-политикэ щытыкIэр зэпIэзэрыт щIыжыным. КъБР-м и Президент КIуэкIуэ Валерэ ПравительствэщIэ щызэхишэм, Зумакуловыр лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ министру игъэувауэ щытащ икIи 1992 гъэм щегъэжьауэ 2001 гъэ пщIондэ а къулыкъум пэрытащ.
А лъэхъэнэр ди къэралым дежкIэ тыншу щытакъым. Ахъшэр мащIэт, улахуэхэр яхуэтыртэкъым, тыкуэнхэм ерыскъыр щызэпэубыдат. ЦIыхухэр апхуэдэм есатэкъыми, псэукIэ и лъэныкъуэкIэ къэралыр къадэIэпыкъун хуейуэ къагъэувырт. Сыт хуэдиз гугъуехь хэтами, Зумакуловыр зи пашэ министерствэм лъэпощхьэпо псори къызэринэкIыфащ. КъулыкъущIапIэм и къудамэхэр къалэхэмрэ районхэмрэ щылажьэу зэтриублэри, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэмрэ жьы хъуахэмрэ щакIэлъыплъ центрхэр къызэIуихащ, унагъуэм, анэм, сабийхэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэр зэтриухуащ.
Борис и гуащIэ куэд хэлъщ къэралым щIэуэ къыщежьа «социальная работа» IэщIагъэр ди щIыналъэм екIурэ-ещхьу зэрыщызэтеувам. Абы и фIыгъэкIэ цIыхухэр социальнэу къызэгъэпэщыным дэни щелэжьу щIадзащ, ди хэку цIыкIум къыщезэгъ хабзэхэр къащтэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ хъуащ. Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэи ямыIауэ, КъБР-м ЦIыхухэр социальнэу къызэгъэпэщынымкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту, Социальнэ лэжьыгъэмкIэ кафедрэ къыщызэIуахауэ щытащ ди университетым.
1999 гъэм Борис Урысей къэрал университетым тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор диссертацэр щыпхигъэкIащ.
2001 гъэм къыщыщIэдзауэ 2007 гъэ пщIондэ Зумакуловыр КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и тхьэмадэщ. Абы и къарукIэ республикэм щызэтеухуа хъуащ хэхакIуэ комиссэм и лэжьыгъэри. Ди деж ныкъусаныгъэншэу щрагъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым и хэхыныгъэри, Къэрал Думэм и депутатхэр хэхынри, КъБР-м и Парламентым и къалэнри, щIыпIэ самоуправленэхэм а Iуэхухэр щегъэкIуэкIынри. Борис хэтащ Урысейм и ЦИК-м хыхьэу щIыналъэхэм щыIэ ХэхакIуэ комиссэхэм я советым икIи дунейпсо кIэлъаплъакIуэ къалэныр игъэзащIэу щыIащ Украинэм, Азербайджаным, Куржым, Армением, Узбекистаным, Таджикистаным, Къыргъызым.
2007 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м КъБР-м и Президентым къыхилъхьэри, Зумакуловыр КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу ягъэуващ. А къулыкъум пэрытщ нобэр къыздэсым.
ЩIыналъэ омбудсменым езым зэхилъхьэжащ сабий зеиншэхэм, ныкъуэдыкъуэхэм, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъуа шынагъуэшхуэхэм хэтахэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм, дзэм хэтхэм, лъэхъуэщым исхэм я хуитыныгъэхэр хъума зэрыхъун Iуэхухэр. Апхуэдэхэм защIэгъэкъуэным, цIыхум лей къытемыгъэхьэным, хабзэр зыми къызэпемыгъэудыным ерыщу зэрыхущIэкъум пщIэшхуэ къыхуихьащ абы.
Борис и лэжьыгъэри и гъащIэри и щыхьэтщ къызэгъэпэщакIуэ нэсым IэнатIэри щIэныгъэри зэрыздихьыфым. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ монографиеу 8, жылагъуэ-политикэ зэхэтыкIэм теухуа тхылъ зыбжанэ, щIэныгъэ лэжьыгъэу 150-рэ, тхыдэм, социальнэ хуитыныгъэм, щIэныгъэм хуэгъэпса методикэ куэд иIэщ. НэгъуэщIхэри и гъусэу абы къыдигъэкIащ Мэлбахъуэ Темборэ теухуа «Щэхуу псалъэрт – псоми зэхахырт» тхылъыр.
Зумакуловыр нобэ УФ-м Социальнэ егъэджэныгъэмкIэ и академием и академикщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Петровскэ академием и член-корреспондентщ.
Iулыдж, щIэныгъэшхуэ зэриIэр къалъытэри, илъэс куэд ипэ ар хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и диссертационнэ советым.
Зумакуловым иригъэкIуэкI къэрал, жылагъуэ, щIэныгъэ лэжьыгъэм къыпэкIуащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденищыр, «Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэ» орденищыр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» Къэрал саугъэтыр, СССР-м, Урысейм, Афганистаным къыхуагъэфэща медал бжыгъэншэхэр. Апхуэдэуи ар КъБР-м, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, Налшык къалэм щIыхь зиIэ и цIыхущ.
ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ Хэхыныгъэ IэнатIэмрэ заужьыным хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIам папщIэ, Борис «ВЛКСМ-м и ЩIыхь дамыгъэмрэ» «УФ-м и ЦИК-м и ЩIыхь дамыгъэмрэ» къыхуагъэфэщауэ щытащ.
Къэрал лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, дипломат, хэкупсэ лIы нэсым къыщалъхуа адэжь щIыналъэр и псэм пищIу фIыуэ елъагъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ зэкъуэшыныгъэмрэ сыт щыгъуи егъэбыдэ, сыт хуэдэ Iуэху къэхъуми, и псалъэ Iущ хелъхьэ. ГъащIэ гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу къикIуащ абы, икIи и щхьэм, и хэкум хуэпэжу къэнащ.
Нобэ Борис хужаIэ хъуэхъу дахэ къомым дыщIыдгъуну дыхуейщ узыншагъэ быдэ иIэу иджыри илъэс куэд къигъэщIэну».