ЦIыхубзым зиумысыжащ

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м зыкъыхуигъэзащ Шэджэм районым щыпсэу, илъэс 39-рэ зи ныбжь цIыхухъум.           

Абы зэрыжиIамкIэ, гараж иухуэну мурад ищIати,  абыкIэ къыдэIэпыкъуну жызыIа, фIыуэ имыцIыху цIыхубзым сом 75 000-рэ иритащ. Иужьрейм ахъшэр Iэрыхьэри, телефонри къытрихыжакъым, смс-хэми жэуап къаритыжакъым. 

Хабзэхъумэхэм  шэч зыхуащIыр яубзыхуащ. Ар нэхъапэми мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа, илъэс 67-рэ хъу налшыкдэсырщ.

ЦIыхубзым илэжьамкIэ зиумысыжащ. Абы теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:

Читать также: