Сакъыныгъэр нэхъыщхьэщ2025 гъэм мазаем и 17-м сыхьэт 12-рэ дакъикъэ 20-м Красноармейскэ къуажэм пэгъунэгъу «Майскэ-Урожайнэ - РСО-Аланием и гъунапкъэ» гъуэгум щызэжьэхэуащ Тэрч районым щыщ, илъэс 41-рэ зи ныбжьыр зи рулым дэс «ВАЗ-2I06», Прохладнэ районым щыпсэу, илъэс 39-рэ хъум зэригъакIуэ «ГАЗ-3507» машинэхэр. Гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм «шестеркэр» зезыгъакIуэмрэ а машинэм иса, илъэс 40 зи ныбжь цIыхубзымрэ фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр щагъуэтауэ медицинэ IуэхущIапIэм яшащ. Шэнтжьейм ипхауэ а машинэм иса, илъэситI хъу сабийм зыри къыщыщIакъым, транспортым ныкъусаныгъэшхуэ игъуэтами. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и Къэрал автоинспекцэм рулым дэсхэр къыхуреджэ псынщIагъым и пщалъэм тетыну, набдзэгубдзаплъэу щытыну икIи пассажир ныбжьыщIэхэр къыщрашэкIкIэ ахэр зыIыгъ сабий Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпыну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




