Дэтхэнэми и фIыгъуэ нэхъыщхьэ

ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ ­къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Аращ ар дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэу къыщIалъытэр. 

1999 гъэм ЮНЕСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIауэ къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэр икIи  2000 гъэм къыщегъэжьауэ къэрал куэдым щагъэлъапIэ ар, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори иригъэгупсысыжу, я анэбзэм зрагъэужьын, ар яхъумэн папщIэ, дуней псом щызекIуэ хабзэхэр я тегъэщIапIэу, я къалэн ягъэзэщIэным дэтхэнэ зыри къыхуриджэу. 
Мазаем и 21-р къыщIыхахами щхьэусыгъуэ иIэщ - 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щызэтраукIауэ щытащ. Ар дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи гуащIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ нэхъ дэкъуза лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэу ягъэуващ а махуэр.
Дунейм щызекIуэ бзэхэм ятеухуа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр щызэхуэхьэса «Ethnologue» («Этнолог») каталогым зэритымкIэ, 2023 гъэм ирихьэлIэу зэратхамкIэ, ЩIы хъурейм къыщагъэсэбэп бзэ 7151-м. Ахэр хохьэ бзэ унагъуи 142-м. А бзэхэм ящыщу 40-р нэхъ зызыужьауэ щытщ, абыхэм иропсалъэ дунейм тетхэм я Iыхьэ щанитIыр. А псори хъарзынэт, ауэ узыгъэгузавэ бжыгъэхэри къахь. ООН-м иригъэкIуэкIа къэхутэ­ныгъэхэм ятепщIыхьмэ, 2100 гъэм ирихьэлIэу лъэпкъ цIыкIухэм я анэдэлъхубзэхэм ящыщ куэд щыIэжынукъым. 
ЮНЕСКО-м къыдигъэкI «Дунейм тет бзэхэм я атлас» журналым къыщыхьа дэфтэрхэм итщ мы зэманым зекIуэ бзэхэм ящыщу 2500-м нэсыр (абыхэм яхэтщ цIыху 30 фIэкIа зэрымыпсалъэхэри) къэкIуэну илъэси 10 бжыгъэхэм къриубыдэу дунейм текIуэдыкIыжыну. ЩытыкIэ шынагъуэм иту къалъытэ зей лъэпкъхэм я нэхъыжьхэм фIэкIа, къащIэхъуэ щIалэгъуалэм ирикъуу къамыгъэсэбэп бзэхэр: ижорхэм, кърым-тэтэрхэм, нанайхэм я анэдэлъхубзэхэр. КIуэдыжынкIэ хъунущ лъэпкъым и сабийхэм анэдэлъхубзэу къамылъытэ цыджаныбзэр, мариибзэр, удмуртыбзэр. Унагъуэм фIэкIа, жылагъуэми къэрал IэнатIэхэми къыщагъэсэбыпыркъым ­башкирыбзэр, чувашыбзэр, нэгъуэщIхэри. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэхэм яхэхуащ абхъаз-адыгэ бзэ гупым щыщ адыгеибзэр. Ар узыгъэгулэз Iуэхугъуэщ.
«Зи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ. Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ», - жиIащ адыгэ еджагъэшхуэ Елбэд Хьэсэн. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ цIыху балигъми къыгурыIуэн хуейщ анэдэлъхубзэм лъэпкъ тхыдэм щиубыд увыпIэр псом нэхърэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. 
Хабзэ зэрыхъуащи, мы махуэхэм ди республикэм щокIуэкI Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэхэр, курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм щаублащ мазэ лэжьыгъэхэр. Ахэр яхуэгъэпсащ ди щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэным, зыIурылъ лъэпкъым емылъытауэ, бзэ псори мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэгъэлэжьэным. Абыхэм къыщагъэлъагъуэ анэдэлъхубзэр лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыф, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыф къарууэ зэрыщытыр.

КЪАРДЭН Линэ.
Поделиться:

Читать также: