Я лIыгъэм дрогушхуэ

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Мы махуэшхуэр Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэнахэм, къэралым и Iуэхур дэгъэкIыным и щхьэщыжакIуэу мы зэманым къэувахэм папщIэ диIэ гушхуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэщ.
Нобэ ди щхьэр яхудогъэщхъ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм нацизмэр зэхэзыкъута ди адэхэм, адэшхуэхэм я лIыгъэм, ди ветеран лъапIэхэм дигуми ди псэми къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхудощI. 
Дзэ Iуэху хэхам и щIыпIэ нэхъ гугъу дыдэхэм щыIэу Урысейм и шынагъуэншагъэмрэ и щхьэхуитыныгъэмрэ лIы­хъужьыгъэ къагъэлъагъуэу иджыпсту зыхъумэхэми хъуэхъу псалъэ гуапэхэр яхужыдоIэ. Дэ дрогушхуэ а щIалэхэм, абыхэм я лIыгъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ, я хахуагъэм дро­-пагэ. 
Мы гъэм ди къэралым игъэлъэпIэнущ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъур. Ветеранхэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэту икIи лIакъуэхэр быдэу зэрызэпыщIам и нэщэнэу, 2025 гъэр Урысейм Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу щагъэуващ. Шэч къытесхьэркъым, ди тхыдэ къулейр, лэжьыгъэмрэ зауэ Iуэхумрэ дыщиIэ хахуагъэр ди тегъэщIапIэу, мыхъумыщIагъэ псоми жэуап зэреттыфынум, Хэкум и зыужьыныгъэм папщIэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр зэрызэфIэдгъэкIыфынум. 
Псоми ехъулIэныгъэ, узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.

Поделиться:

Читать также: